Нэрымылъагъу абрагъуэхэрАстрофизикэ ЩIэныгъэм къыщыунэху къэхутэныгъэ телыджэхэм тетхыхь Science Alert сайтым (Австралие) хъыбар зэрызэбгригъэхамкIэ, Шыхулъагъуэ (Млечный путь) галактикэм и кум хуэзэу япон астрономхэм къыщагъуэтащ алъандэрэ зыщымыгъуазэу щыта пкъыгъуэ абрагъуэ. Астрофизикхэм гу лъатащ хьэршым гъуэз зэмылIэужьыгъуэу щызэхэувэ пшэ гуэрэнхэм ящыщу, Шыхулъагъуэ галактикэм и кум хуэзэу къыщылъагъуэхэм къызэрекIуэкIыпхъэу зэрызыщамыгъазэм. Еджагъэшхуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар и нэщэнэщ, блэкI псори, здэкIуар къахуэмыщIэу, «думпу» зэщIэзылъафэ, хьэлъагъ ин дыдэ зиIэ нэрымылъагъу «мащэ кIыфIхэм» («чёрная дыра») ящыщ зым, астрофизикхэр алъандэрэ зыщымыгъуазэу щытам, абдеж зэрызыщигъэпщкIуам.
Поделиться:
Читать также:
16.05.2024 - 13:19 →
Пхъэмыфыкъуэ лъапэ деж
02.05.2024 - 12:41 →
Сертификатхэр иратащ
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
|