Адыгэ гупсысэр лъабжьэ хуещI и лэжьыгъэхэмАбазэ Алесэ КъБР-м, Тэрч щIыналъэм, къыщалъхуащ, иужькIэ унагъуэр Ставрополь Iэпхъуащ. Иджы Алесэ студентщ - Москва ЭкономикэмкIэ школ нэхъыщхьэм аннимацэмрэ иллюстрацэмрэ щедж. Москва зэрыщеджэ илъэс зыбжанэм къриубыдэу пщащэр хунэсащ проект гъэщIэгъуэнхэр игъэхьэзырын икIи ахэр цIыхухэм къаригъэцIыхун. 2023 гъэм ди республикэм и щIалэгъуалэ ассоциацэм иригъэкIуэкIа «Гордость КБР» щIалэгъуалэ зэпеуэм щытекIуащ «Самородок Эльбруса» Iыхьэм. Хъыджэбзым «Iэдииху», «Нартхэм я мафIэ» мультфильм анимацэхэр ищIащ. «Iэдииху» мультфильмым псалъэ щIэткъым. Макъамэу абы щIигъэуващ «Джэрпэджэж» уэрэджыIакIуэ гупым игъэзащIэ «Елэ-Елэ» уэрэдыр. «Нартхэм я мафIэ» мультфильтмыр адыгэбзэкIэ зэхигъэуващ, и лъабжьэм урысыбзэкIэ кIэщIэтхауэ. Псалъэхэр жызыIэу мультфильмым хэтхэр Алесэ и Iыхьлыхэрщ. Сэтэней и макъыр абы щIигъэуващ Алесэ и анэ Асуанэ.
Поделиться:
Читать также:
28.10.2026 - 16:33 →
Япэ кадет класс къызэIуахащ
27.06.2026 - 09:15 →
Фэращ республикэр зыщыгугъыр
18.05.2026 - 11:27 →
ЛъэныкъуитIыр зэгуроIуэ
14.05.2026 - 12:43 →
Фэеплъым и джэрпэджэж макъхэр
26.03.2026 - 13:36 →
Хэку тхыдэмкIэ зэпоуэ
| ||




