Лъэпкъ дамыгъэхэм зэрыгъуэтыжынымкIэАдыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ лъэпкъ дамыгъэхэр, шы дамыгъэ къудейуэ щымыту, цIыхум и цIэм нэхърэ нэхъапэ ирагъэщу щытащ. Адыгэ лъэпкъ дамыгъэхэр зэхуихьэсыжащ, иджыжащ тхыдэ щIэныгъэлI Ехъутэныдж Хьэсэн.
- Адыгэхэм я дамыгъэхэм мыхьэнэшхуэ ирату, илъэс мин бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжми зэрахьэу щытауэ къыхощыж ди тхыдэм. Ар я хьэпшыпхэм, Iэщэфащэхэм, мывэхэм тедзауэ къагъуэтыжащ. А дамыгъэхэм къежьапIэ яхуэхъуамкIэ щIэныгъэлIхэр нобэр къыздэсым зэгурыIуэркъым. Иныкъуэхэм жаIэ, дамыгъэр пасэрей адыгэм и тхыбзэу щытауэ, хэти хуегъэфащэ ахэр хьэпшыпхэр, фащэр ирагъэщIэращIэу зрахьауэ. Ди лъэпкъыр мажусий диным щита зэманым а дамыгъэхэр Тхьэ пэлъытэу къалъытэу, ахэр дыуэ папщIэу щызэрахьаи къэхъуащ. Ауэрэ къакIуэурэ курыт лIэщIыгъуэхэм (цIыхухэр пщы-уэркъ, къызэрыгуэкI лIакъуэу зэщхьэщыкIын щыщIидза лъэхъэнэм) мыхьэнэшхуэ иIэ хъуащ, цIыхур къызыхэкIа лъэпкъыр абыкIэ игъэнахуэуи къыхуэнащ. АдэкIэ зиужьурэ адыгэм Iэщышхуэ, шы гуартэ зрихуэ хъуащ. Мис абдежи дамыгъэм мыхьэнэшхуэ щигъуэтащ, сыту жыпIэмэ, лъэпкъ къэсыхукIэ шы лъэпкъыгъуэ гуэр игъэхъуу щытати, и лъэпкъ дамыгъэр шым традзэу къаублащ. Псалъэм папщIэ, Щолэхъухэ яш, Къундетхэ яш жаIэу. Абы дамыгъэм нэхъри мыхьэнэ иритащ. Ухуозэ нобэр къыздэсым я адэжьхэм я дамыгъэр унагъуэм илъу зезыхьэ куэд. Псалъэм папщIэ, сэ си лъэпкъ дамыгъэр си маршынэм тетщи, къуажэ гуэрым сыдыхьа нэужь, пасэрей зэманым шым тет дамыгъэмкIэ шур къызэрацIыхуу щытам хуэдэу, сэри сыкъацIыхур. Языныкъуэхэм я куэбжэхэм, сынхэм традзэ, тыкуэнхэм, IуэхущIапIэхэм я дамыгъэу къащтэ. Дамыгъэм нобэ зэунэкъуэщхэр зрегъэгъуэтыж. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэми я лъэпкъыцIэр, я дамыгъэхэр нэхъ къагъэсэбэп хъуащ интернеткIэ щызэхуэтхэхэм дежи, - жеIэ Ехъутэныджым.
Поделиться:
Читать также:
04.03.2026 - 18:34 →
Зэманыр щыткIийми, цIыхугъэр яхуэхъумэрт
02.01.2026 - 12:45 →
Мэкъупс - Ныджэкъуэ - Псыущхъуэ
23.09.2025 - 10:00 →
Зауэ хъыбархэр лIыхъужьхэм трахырт
03.09.2025 - 14:00 →
Нартсанэ - Къэбэрдей шытх
24.08.2025 - 12:10 →
Уэшхым хьэрычэт ирыращIэрт
| ||




