Сыт хуэдэ Iуэхуми тхыдэ зэриIэм ещхьу, шейудзми (душица) езым и къежьапIэ иIэжщ. Абы и щIыналъэу ябжыр Китайрщ.
Къапщтэмэ, ижь-ижьыж зэманым абы ар зэрыщацIыхуу щытар удз хущхъуэ лIэужьыгъуэущ. Арами, VI лIэщIыгъуэм Китайм щыпсэухэм къахутащ шейудзыр бгъавэу уефэ зэрыхъур икIи ар ягъэкIыу щIадзащ. ГъэкIыкIэм хэлъ щэхухэр куэдрэ хэIущIыIу ящIакъым, арщхьэкIэ IX лIэщIыгъуэм япэ дыдэу абы и жылэхэр Японием яшауэ щытащ. Европэм ар щыIэрыхьар 1584 гъэрщ - япэщIыкIэ Португалием, итIанэ Голландием. Урысейм куэд щIакъым шейудзыр къызэрашэрэ (илъэс 300 и пэкIэщ) икIи ар занщIэу ягу ирихьауэ пхужыIэнукъым. Ди къэралым ар япэу къизыхьар Урысейм и лIыкIуэу Монголым щыIа Стариковщ. Хъаным къригъэхь тыгъэм мащIэу тешыныхьат ар (пащтыхь Михаил Фёдорович удз гъэгъуар хуигъэфэщагъэнтэкъым), уеблэмэ нэгъуэщI саугъэткIэ зрихъуэкIыну елъэIуат, арщхьэкIэ хутекIатэкъым. Шейудзыр ди деж занщIэу цIэрыIуэ щымыхъуами, хуэмурэ абы фIагъ хэлъхэм гу лъатащ: жейр птрегъэу, гукъыдэжыр къеIэт. Апхуэдэу Урысейми къыщацIыхуащ шейудзыр. Ар ди къэралым къашэнымкIэ япэ зэгурыIуэныгъэр 1679 гъэм Китайм иращIылIауэ щытащ.
Шейудзыр зи къэхутэныгъэ Китайм щыпсэу лъэпкъхэр абы зэреджэр зэтехуэркъым, «чича», «тюча» жызыIэхэр щыIэщ. Ауэ дауэ къамыпсэлъми, а фIэщыгъэхэм зы лъабжьэщ яIэр - «ча». Пасэрей китаибзэмкIэ ар зэбдзэкIмэ, «тхьэмпэщIэ» къикIыу аращ. Инджылызым шейм зэрыщеджэр «ти»-щ, Франджым, Италием, Германием - «тэ»-щ. Азиат къэралхэм, нэхъыбэу Монголием, къагъэсэбэпыр «цай» псалъэрщ, Къалмыкъым - «ця»-щ, хьэрып лъэпкъхэм - «шай» жаIэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, хьэрыпхэм шейр къыщащэхуу щыта Синьцзяне къалэми къыщагъэсэбэпыр «шай» псалъэр зэрыарар.
Адыгэхэм пасэ зэман лъандэрэ джэдгын ягъэкIыу щытащ. Тхьэмпэ жьгъей цIыкIу зытет къэкIыгъэм мэ гуакIуэ къызэрыпихым щхьэкIэ, шейм хадзэ, къищынэмыщIауэ, цIыхум и узыншагъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэри къалъытэ. КъэкIыгъэр мэкъуауэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэм сыт щыгъуи кърачыжырти, жьауапIэм щагъэгъурт. Псом хуэмыдэу тхьэмбыл къуэпсхэм и хущхъуэгъуэщ ар. Джэдгын яхьэжаращи - шхыным халъхьэ, ирагъэIэфIу.
ЗэратхымкIэ, губгъуэ дыгъапIэхэм езыр-езыру къыщыкI джэдгынымрэ хадэм я IэкIэ щагъэкIыу щытамрэ зэхуэдэкъым. Унэм къыщагъэкIар зэмылIэужьыгъуэу къагъэсэбэпырт. Псалъэм папщIэ, тэмакъыр щыузкIэ джэдгын хьэжа ираудэрти, узыр хэкIыжырт. КъищынэмыщIауэ, жьэкIуэцI къихуари абыкIэ ягъэхъужырт: гъуэлъыжыгъуэм ирихьэлIэу джэдгын хьэжа жьэдакIутэрти, ибжьэр хэкIыху, зэхуагъэшэчырт, етIуанэ пщэдджыжьым уIэгъэ цIыкIухэр кIыжауэ къэтэджырт.
ЩIэныгъэлI Хьэкъун Барэсбий «Адыгэ къэкIыгъэхэм я псалъалъэм» щызэхегъэкI губгъуэджэдгыныр - «чабрецу», унагъуэ джэдгыныр «чаберу». Бэзэрхэм губгъуэ джэдгыныр гъэгъуауэ шей удз папщIэу щащэ, хьэжауэ къыщащэхукIэ, цIыхухэр щIоупщIэ унагъуэ джэдгын, хьэмэрэ? - жаIэу.
Джэдгын псалъэм езым къикIым уегупсысмэ, «джэдхэм я хущхъуэ» жиIэу аращ. Ар «гын» псалъэм «хущхъуэ» мыхьэнэр иIэу къыщыдгъэсэбэпу щытам фIащагъэнт. Сыщымыуэмэ, иджыпстуи шэрджэсымкIэ а псалъэр жаIэ я хабзэщ. Абы къикIращи, ижь-ижьыж лъандэрэ джэдгыныр зэрысэбыр адыгэхэм ящIэу къогъуэгурыкIуэ, уеблэмэ япэщIыкIэ ар джэджьейхэр къыщагъэхъукIэ я Iусым хакIутэу щытагъэнущ, узыфэ гуэрхэм щахъумэу. ИужькIэ «Джэдгын зи жагъуэм и пащIэгу къокIыкI» псалъэжьыр къэунэхуащ. Абыи къегъэлъагъуэ зи гугъу тщIы къэкIыгъэм и мыхьэнэр. Джэдгыным и хущхъуэгъуэр къэгъэнауэ, шейм, шхыным (нэхъыбэу джэд лыбжьэм) ар хэплъхьэу къэбгъэсэбэпыну фIыщI, балигъми нэхъыщIэми ар зыфIэмыфI яхэту къыщIэкIынкъым.