Къамбий Аслъэн и щIыхькIэ![]() Урысей Федерацэм дунейпсо классымкIэ спортым и мастер Къамбий Аслъэн и фэеплъу иджыблагъэ Налшык къалэм щызэхэтащ щIалэгъуалэм, я ныбжькIэ илъэс 23-м щIимыгъуахэм, дзюдомкIэ я урысейпсо зэпеуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 18-м я бэнакIуэ лъэщу 150-м нэблагъэ. Удэзыхьэхыу икIи гукъинэжу щытащ зэIущIэхэр икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и дзюдоистхэм ехъулIэныгъэфIхэр къагъэлъэгъуащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Къущхьэ Темырланрэ (кг 73-рэ) Мырзэбэч Ильясрэ (кг 100). Домбеякъ медалхэр къахьащ Уэзы Iэдэм (кг 66-рэ), Уянов Магомед (кг 81-рэ), Балъкъыз Залым (кг 100+) сымэ. Ди командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Иванов Дмитрий, Апхудэ Анзор, Джэданэ Залым, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ сымэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Къамбий Аслъэн дзюдомкIи самбэмкIи зыкъигъэлъэгъуащ: дзюдомкIэ щэнейрэ, самбэмкIэ зэ къэралым и чемпион хъуащ, етIуанэ, ещанэ увыпIэхэри мызэ-мытIэу къихьащ. Европэм самбэмкIэ и дыжьын медали иIэщ. Японием и къалащхьэ Токио 2010 гъэм дзюдомкIэ щекIуэкIа чемпионатым УФ-м и щIыхьыр ихъумэу хэтащ. И тренеру щытар Емкъуж Мухьэмэдщ. 2022 гъэм гъатхэпэм и 8-м Къамбий Аслъэн зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





