Къэгъазэ ямыщ1эу зэуащ1919 гъэм Буденовск, Маныч щIыпIэхэм щекIуэкIа зэхэуэхэм нэхъ дзэ къудамэ лъэщу къыхэщыжыр Къэбэрдей дивизиеращ, абы хэтт зауэлI 1200-м нызэрыхьэс. Абы къищынэмыщIауэ, 2-нэ Къэбэрдей полкми хэтт зауэлI 618-рэ. Накъыгъэ мазэм Екатеринодар – Армавир – Мейкъуапэ лъэныкъуэхэмкIэ къыщызэрагъэпэщыж зауэм хэщIыныгъэшхуэ щызыхьа Адыгэ дивизиер, ар нэхъ лъэщ ящI артиллерие дивизионымкIэ, «запасной кавалерийский полк» зыфIащари къыгуадзэ. Къылыш-Джэрий СулътIан и унафэм щIэту, бжьыхьэм хуэкIуэу (нэхъ IупщIу жыпIэмэ, жэпуэгъуэм и 5-м) дивизием хэтт зауэлI 1976-рэ. Гъэмахуэм Къэбэрдей дивизием хэтым и бжыгъэр (5-нэ полкыр хэмыту) зауэлI 1500-м нэст, пулемёт 13-рэ топ псынщIэу 4-рэ ящIыгъужу. ШыщхьэуIу мазэм мы дивизиеращ Анзор Мудар и унафэ щIэту, Врангель и Кавказыдзэм хэту Уэриин (Царицын) лъэныкъуэмкIэ щызэуар. ФокIадэ мазэм и 3-м унафэ къыдокI Къэбэрдей шуудзэ дивизиещIэ къызэрагъэпэщыну, а мазэ дыдэм и 27-м ар хагъэхьэ генерал-лейтенант Топорков С. и унафэм щIэт 4-нэ шуудзэ корпусым. А зэман дыдэм къызэрагъэпэщауэ къыхощыж 6-нэ Къэбэрдей шуудзэ полкыр. Абы хэтт зауэлI 360-рэ. Къэбэрдей дивизием хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ Царицын, Камышинэ деж щекIуэкIа зауэхэм. ШыщхьэуIум и 27-м абдеж щыкIуэдат генерал-майор Даутокъуэ-Серебряковыр. Жэпуэгъуэ мазэм къыщапщытэжам, дивизием хэтыжыр зауэлI 360-рэт, адрейхэм я щхьэр халъхьат. Апхуэдэу щIэхъуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр 2-нэ Псыжь корпусыр а лъэныкъуэм Iуашу, Донбасс деж къару щызыгъуэта Буденный и армэм зэрыпэщIадзаращ. Къэбэрдей дивизиер зыхэта Кавказ армэр къыпэщIэнащ Плъыжьыдзэм и 10-нэ дзэм. АрщхьэкIэ, адыгэхэм яхузэфIэкIынур ямыщIэу, ауэ сытми щхьэзакъуэу къыIуанатэкъым абдеж, къэбэрдей дивизиер хуимыкIуэту пэщIэтащ 10-нэ дзэм, Царицын къалэри иригъэубыдакъым. АрщхьэкIэ, ищхьэкIэ зэрыщыжытIауэ, хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. А зэман дыдэм Донбасс деж къару щызыгъуэта большевикхэм я 1-нэ шуудзэ армэм щхьэзакъуэу пэщIадзащ зауэм ичэтхъа, нэгъэсауэ ирамыгъэкъужа, зэрамыгъэпэщыжа шэрджэс дивизиер. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дапхуэдэу гуащIэу мызэуами, сыт и IуэхукIи зэгъэпэща 1-нэ армэм къыхигъэщIащ дивизиер. Тхыдэм къыхэнэжащ дивизиер псэемыблэжу, къэгъазэ ямыцIыхуу зэрызэуар. Абы апхуэдизкIэ хэщIыныгъэ игъуэтати, Куржым ирагъэкIуэтыжу щыхэплъэжым, дзэ къудамэ къызыхахын дивизием хагъуэтэжакъым. 1920 гъэм и накъыгъэ мазэм и 6-м къыдэкIа 3139-нэ унафэм ипкъ иткIэ, дивизиер зэбграгъэкIыжауэ щытащ. Абы и унафэщIу щыта Къылыш-Джэрий СулътIаныр кIуэжауэ щытащ Кърымым, абдежи иужь итащ адыгэдзэр къызэригъэпэщыжыну, ауэ бжыгъэкIэ хуригъэкъужакъым. ГлавкомыщIэу ягъэува Врангелым ар къигъэкIуэжауэ щытащ Кавказым, гуп гуэрхэри къызэригъэпэщри зэуащ, ауэ Плъыжьыдзэм къыщызэбграхум, Хэкум икIын хуей хъуащ. Шэрджэс дивизиер зэрызэбграгъэкIыжа унафэм и гъусэу къыдагъэкIащ хэщIыныгъэшхуэ зыгъуэтауэ зэрамыгъэпэщыжыфа Къэбэрдей шуудзэ дивизиемрэ 1-нэ, 2-нэ, 3-нэ, 4-нэ, 5-нэ Къэбэрдей полкхэмрэ зэрызэбграгъэкIыжа унафэр. Кърымым икIуэтыжа дзэ хужь къудамэхэм яхэтауэ къыхощыж адыгэ шууеидзэ къудамэхэри. Кърымыдзэм и 3-нэ шуудзэ дивизием и пашэ генерал Агуей В. унафэщIым хуитха докладым щыжыIащ адыгэ, бгырыс дзэ гупхэр Кърымым щызэбгрыдзауэ зэрыщыIэр. Абыхэм къахощыж Феодосие офицер батальоным хэтауэ, подполковник Коноплёв и унафэ щIэта шэрджэс сотнэр. 1920 гъэм генерал Левишин и телеграммэм Кърымым щызэуа бригадэм хэтахэр къыщрибжэкIкIэ, «къэбэрдейхэр», «шэрджэсхэр» жиIэу къыхегъэщ. Адыгэ зауэлIхэм я хахуагъыр, лIыгъэр куэдым фIыуэ ящIэрт икIи абыхэм дзыхь къыхуащIырт. Абы и щапхъэ куэд тхыдэм щыбогъуэтыж. Апхуэдэу, дзэ Хужьым и нэхъыфIыр зи нэIэ щIэта генерал Марковым и хъумакIуэу къызэригъэпэщар «черкесский конвой» зыфIища адыгэ зауэлI гупращ. ГъэщIэгъуэнракъэ, офицерыдзэмрэ къэзакъыдзэмрэ я нэхъыфIым и унафэщIым дзыхь зригъэзар адыгэхэращ. Ар дыдэм къызэригъэпэщауэ щытащ Шэрджэс шуудзэ полк щхьэхуэ, зыми дзыхь хуимыщI щIыпIэ гуащIэхэм игъакIуэу щытари ахэращ. Зауэр – зауэщ, лъы щагъажэ щIыпIэхэм цIыхугъэ, зэхэтыкIэ узыншэ хабзэхэр и нэхъыбэм IэщIыб ящI. Ауэ добровольческэ армэм зэрахузэфIэкIкIэ щаIыгът лъэпкъ зэхущытыкIэ хабзэфIхэр. Псалъэм папщIэ, адыгэ къуажэхэм щыдыхьэкIэ, унагъуэ жьэгухэр ямыхъунщIэным, щызекIуэ хабзэхэм пщIэ зэрыхуащIыным хуабжьу кIэлъыплъу къыхощыж Корниловри, нэгъуэщI дзэ Хужь унафэщIхэри. Езы дзэ дыдэми апхуэдэ зэхэтыкIэ узыншэт къыщекIуэкIыр: муслъымэн махуэщIхэм чыристанхэм плъырыныр къалъысырт, чыристан махуэщIхэм муслъымэнхэм а къалэныр яхьырт. Офицер зэхыхьэ-шхэгъуэхэм деж чыристанхэр нэхъыбэмэ, псоми пыIэ зыщхьэрахырт, муслъымэнхэр нэхъыбэмэ – псоми пыIэ ящхьэрыгъыу зэхэст. Апхуэдиз зауэ гуащIэм хэта хужьыдзэм зэгуэрми лъэпкъ зэщыхъуэ Iуэхугъуэхэр къыщыхъуауэ тхыдэм къыхэщыжкъым. Тхыгъэ къэтIтIэщIыжахэр щыхьэт тохъуэ, «русская смута» зыфIаща Граждан зауэм адрей лъэпкъхэр гуэша зэрыхъуам хуэдэ дыдэу адыгэхэм зэрызамыгуэшар. Пэжщ, къэхъугъэ зырыз гуэрхэри щыIагъэнщ, ауэ совет тхыдэм къызэрыхэщыжым хуэдэ дыдэу, зэрылъэпкъыу зыкъаIэту революцэ плъыжьым пежьакъым, загуэшу зэзэуэжакъым. Советым и къарур лъэщу игъэува нэужьщ, лъэпкъым и дахэгъуэр зыIыгъа уэркъ-лIакъуэлIэшхэр щыщхьэщаукIыкIауэ щытар. Дзэ Хужьым иригъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэм япэу къуэувэу, и кIэм нэс бгъурыту зэуари, зи щхьэ Граждан зауэм щызыгъэтIылъари ар дыдэхэращ – адыгэ уэркъ-лIакъуэлIэшхэращ.
Поделиться:
Читать также:
09.09.2024 - 16:03 →
Хыр зи IупэфIэгъухэм дащыщт
03.09.2024 - 13:30 →
Къарэмырзэ Алий и къуажэ
20.08.2024 - 14:00 →
Уэсмэн пащтыхьыгъуэр къызэрыунэхуар
20.08.2024 - 11:00 →
ЖэмкIэ вэуэ щыщыта зэмант…
11.08.2024 - 10:00 →
Тырныауз къалэ
|