ЖэмкIэ вэуэ щыщыта зэмант…Къаншыуейм (Курп Ищхъэрэ) и Iэгъуэблагъэхэм мывэ фэеплъ мыинитI щыхъумащ. Зым хьэрыпыбзэкIэ къыхэIущIыкIащ 1815 гъэр. Абы къыхэкIыу къуажэр абдежым щытIысар а бжыгъэм ирапх. Япэ дыдэу зэреджэу щытар Алъхъо жылэщ, пщы лъэпкъым къыхэкIа, пщIэшхуэ зыхуащIу щыта Алъхъо Темрыкъуэ и цIэкIэ. Мы зэманым Къаншыуейм и гъунапкъэр Тэрч куейм хыхьэ Новэ Хьэмидей, Тамбовскэ къуажэхэм ящIхэм бгъэдэлъщ, къуэкIыпIэмкIэ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Мэздэгу районым, ипщэ-къухьэпIэмкIэ Инарыкъуей къуажэм гъунэ хуиIэщ. МэкъупIэу, хъупIэу, гъавэ щIапIэхэу щIы хъарзынэхэр иIыгъщ, жылэдэсыр нэхъыбэу зытелажьэри аращ. МыбыкIэ щыIуах гуэдзыр, нартыхур, куэду къагъэкI хъарбызыр. ЦIыху хьэлэмэт куэд гъащIэм хишащ Къаншыуей къуажэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпажэу. Апхуэдэу я цIэ къраIуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щомахуэ Амырхъан, тхакIуэ Къуэжей Сосрыкъуэ, цIыхубэ артистхэу Тубей Мухьэмэдрэ Балъкъэр Калисэрэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Iулыдж Iустырхъан, щIэныгъэ лэжьыгъэу 105-рэ къыдэзыгъэкIа, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Балъкъэр Мыхьэмэт, КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Гъыдэ Валерэ сымэ. Къуажэм тхыдэ къулей иIэщ. Жылэдэсым я гуащIэ ирахьэлIэу щытащ «Гъубжэрэ уадэрэ» колхозым и лэжьыгъэм, къылъэщIыхьэ щымыIэу ягъэкIыу щыта жызум хадэм («Курп» совхоз). Къаншыуейм щызекIуэ хабзэр Джылахъстэней щIыналъэ псом щыщапхъэу сыт щыгъуи къекIуэкIащ. Лъэпкъыжь куэд зыдэс жылэшхуэт ар, я нэмысыр ину, пщIэ зыхуащIу, къеблагъэм хуэжумарту. ЦIыхухэр, зэрыжытIауэ, лэжьакIуэшхуэт, губгъуэр екIуу зэрахьэрт. «Алхъо жылэ» жаIамэ, Джылъахъстэней лъэныкъуэри Къэбэрдеишхуэри мы къуажэм иригушхуэрт. - «Курп» жызум хадэр Къаншыуейр щIэгушхуэн и тхыдэ Iыхьэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ, - жеIэ 1990 гъэхэм а хозяйствэм и тхьэмадэу щыта Щад Анатолэ. - 1968 гъэм къыщыщIэдзауэ «Курп» совхозыр я IэмыщIэ илъащ Къуэжей Долэтджэрий, Ахэмын Юрэ, НэкIацэ Хьэжумар, Токъу Алексей, Хъалил Мышэ, сэ, Абазэ Руслан сымэ. Зы зэманкIэ ар Къэбэрдей-Балъкъэрым «Iуащхьэмахуэ и хадэхэр» и IуэхущIапIэм хиубыдэу щытащ. Тэрч район псом щыщу абы хэтыну зыхузэфIэкIар дыдейм и закъуэт. Ауэ зыужьыныгъэшхуэ жызум хадэм щигъуэтар Ахэмын Юрэ щытета зэманырщ. ЩIы гектар 760-м зыщрагъэубгъуат ди жызумым абы щыгъуэм. Ар «IумаргънэкIукIэ» дызэджэ щIыпIэм хуэзэрт, Инаркъуей къуажэм и гъунапкъэхэм нэсырт. «Курп» жызум хадэр щыдиIам, лэжьапIэншэ зыри зэи хъуакъым. Жызум Iухыжыгъуэм совхозым цIыху 400-м хуэдиз игъэлэжьэфырт. Уеблэмэ къуажэм дэс лэжьакIуэбэр хуримыкъуу, гъунэгъу къуажэхэм, Мэздэгу районым хыхьэ Хурикау жылэм щыщхэр кърашалIэрт, Налшык щеджэ студентхэр къыхуагъакIуэрт. Жызумым и IэфIагъыу щытам и гугъу пщIымэ, абы фошыгъуу хэлъыр процент 25-26-м нэсырт. Жызум Iуахыжыр Дей къуажэм шагъыр къыщыщIагъэкIыу щаухуа заводым яшэрт. ЗэманыфI щыIащ цIыхум ялэжьынрэ ящIэнрэ ягъуэту, зэхуэгуапэу зэкIэлъыкIуэу. Си къуажэгъухэм сохъуэхъу я лъэпкъ хабзэхэр яхъумэжыну, екIуу, дахэу псэуну. Къыхэгъэщыпхъэщ Хэку зауэшхуэм и зэманым нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр Курп лъагапIэхэм къыщагъэувыIауэ зэрыщытар. А Iуэху мытыншым, псэзэпылъхьэпIэм жыджэру хэтащ мы къуажэм щыщхэр - ар лIыхъужьыгъэт. ЗэрыжаIэмкIэ, мы щIыпIэхэм гугъущ мэкъумэш щыпщIэну, уэгъу зэрыхъум къыхэкIыу. Ауэ мы къуажэм хабзэшхуэ дэлъщ, цIыхухэр лэжьыгъэм щышынэркъым. Апхуэдэуи къыхэгъэщын хуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол лигэ нэхъыщхьэм хэту илъэс 20-кIэ джэгуа, республикэ зэхьэзэхуэ куэдым пашэ щыхъуу къэгъуэгурыкIуа «Жаншэрхъ» гупым хэтахэр Къаншыуейм и щIалэгъуалэр зэрыарар. Концерт гукъинэжхэр яту илъэс 40-м щIигъуауэ Къаншыуейм иIэщ балалайкэ еуэ «Курп пшэплъхэр» («Курпские зори») цIыхубэ ансамблри. Гупым теухуауэ псалъэ зытIущ мыбдеж жумыIэныр къезэгъыу къыщIэкIынкъым, ар къуажэм и набдзэу, лъэпкъ щэнхабзэм и хъумакIуэу щытщи. Къэбгъэлъагъуэмэ, ансамблыр 1970 гъэм къуажэдэсхэм езым я жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщат. Гупым и унафэщI Кхъуэхъужь Тимур жеIэ: «Балалайкэ еуэу Щад Хьэсэн, Джатэгъэжь Хьэжбий сымэ, нэгъуэщI нэхъыжьыфIхэри къуажэм дэсти, ахэр зэреуэм кIэлъыплъурэ цIыхуиблым загъасэри, ансамбль псо зэрыгъэхъуат. Ансамблым и япэ гупым хэтащ: Унэж Аркадий, Гъыдэ Руслан, ТеуныкIхэ Виктор, Володя, Iэуес сымэ, Хьэщхъуэжь Тимур. Абы щыгъуэм гупым я унафэщIу щытар Щад Борисщ. Ансамблыр, дэнэ кIуэми, ягъэзащIэ макъамэхэмрэ уэрэдыжьхэмкIэ зэпымыууэ япэ увыпIэхэр къахьу къэгъуэгурыкIуащ. 1977 гъэм лъэпкъ макъамэхэм еуэнымкIэ Налшык щекIуэкIауэ щыта зэпеуэм ансамблым пашэныгъэр къыщихьри, «Курп пшэплъхэм» Румынием, Венгрием, Болгарием зыкъыщигъэлъагъуэу къикIухьауэ щытащ». Мы зэманым ансамблым хэтхэм зихъуэжащ. Ахэр: ФIэщмыхъу Хьэсэн, Щад Артур, Щомахуэ Руслан, Лъеиншэ Артур, Джэдгъавэ Анзор, Уэркъуасэ Хьэсэдин, Унэж Артур, Жылэхьэж Мухьэмэд сымэщ. «ЦIыхубэ» цIэ лъапIэр мы ансамблым къыхуагъэфэщащ 2001 гъэм. Кхъуэхъужь Тимур къызэрыджиIамкIэ, иджыпсту абыхэм ягъасэ ныбжьыщIэ цIыкIухэри. Къаншыуей къуажэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым и унафэкIэ, я гуащIэ хьэлэлкIэ зэман зэхуэмыдэхэм лэжьыгъэ IэнатIэхэм пэрыта ветеран 17-м «Курп Ищхъэрэ къуажэм щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэр яфIищащ. Абыхэм ящыщщ Багъэтыр ХьэзрэIил, Iэпщэ Хьэмэдэ, Къарэжь Раисэ, Багъэтыр Марие, Былымыхь Хьэзрэт, Гъыдэ Iэбэтий, Джатэгъэжь Владимир, Ещрокъуэ Евгение, Къарэжь Владимир, Портэ Лелэ, Серчэ Бэрэсбий, Сэрахъэ Тося, Къуэжей СулътIан, ТеуныкI Хуэмей, Унэж Тосэ, Хьэщхъуэжь Гулижан, ШыдукI Владимир сымэ. Къаншыуей къуажэр жылэшхуэу щытащ, унагъуэ 900-м щIигъу дэсу (мы зэманым унагъуэ 240-рэ дэсу арагъэнщ). Мэл къудейуэ мин 25-рэ иIэу щытащ колхозым, щIышхуэ бгъэдэлът, гъавэ бэв къыщрахьэлIэу. Лэжьыгъэм къыпэкIуэу мэлхэр ягуэшу, гъавэр къашэрэ я пщIантIэм дакIутэу къекIуэкIащ. Бригадэр 9 хуэдиз хъурти, пщыIэ зырыз яIэу губгъуэм ист, уеблэмэ джэдэщхэри абыхэм тету щытащ. ЖэмкIэ вэуэ, нартыхур абыкIэ хьэсэм къыхашыжу… цIыхубэр лэжьащ, гугъу зрагъэхьащ. Иджыпсту, зэманым елъытауэ, нэгъуэщI щыIэкIэ-псэукIэщ жылэм щыплъагъур.
Поделиться:
Читать также:
23.09.2024 - 13:07 →
Румкъалэ быдапIэм и хъыбар
09.09.2024 - 16:03 →
Хыр зи IупэфIэгъухэм дащыщт
03.09.2024 - 13:30 →
Къарэмырзэ Алий и къуажэ
20.08.2024 - 14:00 →
Уэсмэн пащтыхьыгъуэр къызэрыунэхуар
13.08.2024 - 16:00 →
Къэгъазэ ямыщ1эу зэуащ
|