Уэсмэн пащтыхьыгъуэр къызэрыунэхуар

VI лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу, тырку зауэлI лъэпкъхэм къагурыIуащ шым зрадзу зыщыпсэу щIыпIэхэр ябгынэным и чэзур къызэрысар. Нэр здынэплъысым адрыщI щыIэ щIыналъэхэр къэхьэхуным, тырку щIэблэм щIыгум зыщегъэубгъуным и зэман къэсат.

 Абыхэм псэкIэ зыхащIэм хуэдэт нэхъ къэралыгъуэ лъэщ дыдэу цIыхум къигъэщIахэм ящыщ зэраухуэфынур. Азие Курытымрэ КъуэкIыпIэ ЕвропэмкIэ къэIэпхъуэху тырку лъэпкъхэр ирихьэлIащ фIэщхъуныгъэ зэхуэмыдэхэм: буддизм, иудаизм, чристэн дин, ауэ абыхэм къащтар муслъымэныгъэрщ. Ар тыркухэм ягу нэхъ дыхьат, я дуней тетыкIэмрэ я хьэл-щэнымрэ нэхъ къезэгъырт. Лъэпкъ псом гъуазэ яхуэхъуа хъуэпсапIэм хуэлажьэрт дэтхэнэри: упщIэ лейрэ «хьэуэрэ» къыхэмыкIыу, къыхуащIыр я унафэрэ, унафэм папщIэ я псэр яту, я къарур диным щIигъэхуабжьэу къэунэхуащ лъэпкъ. Муслъымэныгъэм игъэщIэращIэрт абыхэм я дунеягъэр, ауэ нэхъыфIыжрэ нэхъ дахэжрэ хьэдрыхэ къыщежьэу, гъащIэм щагъэхъа IуэхуфIхэм пэкIуэж хъугъуэфIыгъуэ абы къащыпэплъэу я фIэщ хъурти, зауэлI губгъуэм иту кIуэдыжыныр щIыхьышхуэу къалъытэрт тыркухэм.

Ислъам диныр ягу-я псэм дыхьэу къэзыщта тырку зауэлIхэр зыгъэпсэур IуэхугъуитIт: къахьэху щIыналъэхэмрэ фIэщхъуныгъэмрэ. Ауэрэ тыркухэм къазэуащ Персиер, Месопотамиер, Щамыр, Анадолэр. ГъэщIэгъуэнракъэ, тыркухэм къахьэху лъэпкъыжьхэм яфIэтелъыджэт я хэкур зыубыда зауэлIхэм я хахуагъэр, зэрызэкъуэтыр, я зэхуэдэ Iуэхум зэрыхуэпэжыр (Льюис Рафаэлэ и «Османская Турция. Быт, Религия, культура» тхылъым зэритымкIэ).

КъуэкIыпIэ чристэн диным и лъэр щIэмыхуамэ, тыркухэм я гъунапкъэхэми зиубгъуну къыщIэкIынтэкъым… Константинополь зи къалащхьэ Урым пащтыхьыгъуэм и ужьыхыгъуэр къызэрысар зыхэзыщIа, зи Iуэху нэхъ дэкIыу утыкум къиджэрэза венецианхэм, генуэзхэм, тыркухэм я IутIыжыр къэсат. ЕплIанэ чристэн зекIуэшхуэр зэфIэкIа, Константинополь яхъунщIэу зэхакъута нэужь гурыIуэгъуэ хъуат Урым католическэ тхьэунэмрэ Алыдж православнэмрэ я зэхуаку щыхупIэ задэ къызэрыдэувар, зэбий зэрыхъуар. Япэр Папэм и телъхьэт, етIуанэр – пащтыхьым. Ар бийм и тIасхъапIэу къалъытэри, муслъымэн КъуэкIыпIэмкIэ къыщыунэхуа тыркудзэм ягурэ я щхьэрэ зэтелъу къызэрехьэжьащ, дунеижьыр яубыдыну, къэралыгъуэщIэ яухуэну я мураду. Ахэр къызэрыхьырт, къызэтезыгъэувыIэни щыIэтэкъым.

Тыркухэр лъэпкъ зыбжанэу зэхэтт. Нэхъ лъэрызехьэ дыдэу яхэтри сельджукхэрат. Абыхэм я щIыналъэм ис чристэн зауэлIхэр зэтраукIэщ, муслъымэн Азиер зэрагъэубыдри, пэрыт лъэпкъыу къызэрехьэжьат. Апхуэдэу, сельджукхэм пащтыхьыгъуэ лъэщ къызэрагъэпэщри, 1037 - 1300 гъэхэм къриубыдэу тепщэгъуэр яIыгъащ. Абыхэм я щIым хиубыдэрт хы Курытымрэ Афганистанымрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэр. ИкIэм-икIэжым, монгол зэрыпхъуакIуэхэр уэру къатеуэ щыхъум, захуэмыIыгъыжу я лъэр щIэхуащ сельджукхэм. Я хабзи, щыIэкIэ-псэукIи, къэралыгъуи уэсэпсу кIуэдыжащ.

Лъэрытету къэнар, монгол зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэтыфыр зи къарум къигъэгугъэ нэгъуэщI тырку лъэпкъхэрт. Абыхэм яхэтт зауэлI хъыжьэхэр, къызэтезыгъэувыIэни, изыгъэкIуэтыни щымыIэу. А зауэлI лIакъуэу къэунэхуахэм зэреджэр гъазийт. Ахэр зэи я пIэ истэкъым, куэдри зы щIыпIэм къыщызэтеувыIэртэкъым, атIэ щIыналъэщIэ къахьэхуа нэужь адэкIэ Iэпхъуэу, нэхъыбэж зэраубыдыным щIэхъуэпсу кIуатэурэ, а зауэлI телъыджэхэм къызэрагъэпэщат хъаныгъуэ щхьэхуэ. Абыхэм ящыщт Эртугрул, Уэсмэн пащтыхьыгъуэр зыухуа Уэсмэн Гъазий и адэр. Эртугрул зэрихьа лIыгъэм теухуа хъыбар мыухыжхэр IуэрыIуатэу нобэм къахьэсащ тыркухэм.

Тырку унагъуэ цIэрыIуэм къыхэкIа Эртугрул дзэзешэр зауэлI 400-м я пашэу нэсри, биидзэм къыIэщIихауэ щытащ урым сельджукхэм я сулътIан Кайкобад Алауддиныр. Абы папщIэ, фIыщIэ къыхуищIу, сулътIаным Эртугрул тыгъэу къритат Византиемрэ ищхъэрэ-къухьэпIэ тыркухэмрэ я зэпылъыпIэм дэлъ щIыналъэр. Эртугрул пщэрылъ къыщащIат сулътIаным и щIыр ихъумэну икIи апхуэдэ Iэмал къылъихьэмэ, хузэфIэкIмэ, тырку щIыналъэм зригъэубгъуну. Эртугрул хузэфIэкI къимыгъэнами, аслъэным хуэдэу зауэ губгъуэм итами, сельджукхэм зыкIи сэбэп уахуэхъужыфынутэкъым, ахэр щыхупIэ дыдэм щхьэщытт. Абыхэм я къарур кIуэщIырт, дыгъэм игъэжэбза мыл кIанэм хуэдэу: Азие ЦIыкIум къебгъэрыкIуа монголыдзэм игъэбауэртэкъым, тын къытралъхьами зригъэIэтыртэкъым.

 Ауэрэ, XIII лIэщIыгъуэм бжьыпэр яубыдащ нэгъуэщI тырку лъэпкъхэм. Абыхэм ящыщт Эртугрул и къуэ нэхъыщIэ Уэсмэн. Абы къыхуэнат и адэм къихьэхуа, Византием къыIэщIиха щIыналъэхэмрэ, къыщIэна тетыгъуэмрэ. 1281 гъэм бжьыпэр зыубыда Уэсмэн зэман кIэщIкIэ сельджукхэм я унафэм къыщIэкIащ икIи 1299 гъэм щхьэхуэ хъуащ. Тхыдэджхэм абдежу жаIэ Уэсмэн къэралыгъуэм и жылэр щыхэкIар. Сельджук пащтыхьыгъуэ щэщэжам къыщIэна щIыналъэ щхьэхуэ цIыкIуу къежьами, Уэсмэн иригъэкIуэкIа зауэ политикэм кърикIуар нэрылъагъущ – абы къызэригъэпэща къэралыгъуэр илъэс 600-кIэ дунейм тетащ, кIуэ пэтми зиубгъуу, зиужьу, къыпэлъэщыни, къыпэувыни щымыIэу.

Уэсмэн Гъазий и къуэ, тетыгъуэр зыIэрыхьа Орхъан Уэсмэн къэралыгъуэм и япэ сулътIану ябж. Абы тырку ахъшэ къыдигъэкIырт, дзэшхуэ къызэригъэпэщат, и зы псалъэкIи зауэлI мин бжыгъэхэр зэман кIэщIкIэ хьэзыру къэувыну апхуэдэт.

Орхъан и адэшхуэ Эртугрул щетIысэха гъунапкъэхэр щIыпIэ шынагъуэт, зэхэуэхэр зэи увыIэртэкъым. Абы тырку зауэлIхэр нэхъ быдэ ищIа хуэдэт. Орхъан и тетыгъуэм ирихьэлIэу византие жылэхэр щэщэжат. Тхыдэджхэм зэрыжаIэмкIэ, абдеж, XIII - XIV лIэщIыгъуэхэм, Балкан хытIыгуныкъуэр убыдын зэрыхуейр къагурыIуащ тыркухэм. Бийр езыр-езыру зэзэуэжырт, унафэщIхэмрэ фIэщхъуныгъэм и телъхьэхэмрэ зэгурыIуэжыртэкъым. Ауэ щыхъум тыркухэм хытIыгуныкъуэр яхьэхури, щIыр мэкъумэшыщIэхэм иратыжащ. Джатэдэпщым къыIэщIаха, зи нэ къэплъэжа цIыху къызэрыгуэкIхэм яфIэфIыпсу тыркухэм я жьауэ щIэуващ.

Къыхэгъэщыпхъэщ Орхъан Гъазий бжьыпэр иIыгъыху Уэсмэн къэралыгъуэм и гъунапкъэхэм зэрызригъэубгъуар, зэрызригъэужьар.

Европэр зэрыкъулейм къищынэмыщIауэ, зэрызэкъуэмытыр тыркухэм къащыгурыIуам нэхъри зытрагъащIэри, Фракиемрэ Балканхэмрэ яубыдащ. XIV лIэщIыгъуэм и кIэм ирихьэлIэу Уэсмэн къэралыгъуэм и унафэм щIэтт Европэм и нэхъыбэр.

Апхуэдэу щыIащ а пащтыхьыгъуэ телъыджэр – зым къыкIэлъыкIуэу адрей зауэр яублэу, лIыгъэр я гъуазэу, диныр я лъагъуэу…

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: