Адыгэ Республикэм илъэс етIуанэ хъуауэ щызэхашэ «Адыгэ хабзэ» зи фIэщыгъэ этнолагерыр. Абы щызэхуозэ щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа щIалэгъуалэр. Мы гъэм абы щыIащ КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь крайм я лIыкIуэхэр, езы Мейкъуапэ щыщхэр, Тыркум къикIа ди лъэпкъэгъухэр.
Лагерым и къалэн нэхъыщхьэр щIалэгъуалэр дэнэ щыIэми адыгэ хабзэм тету, адыгэбзэр яIурылъу зэрыгъэубыдынырщ, зэгъэныбжьэгъунырщ. Гу лъытапхъэщ нэгъабэ а лагерым кIуахэр зэрымыгъэкIуэдауэ нобэми зэрызэрыщIэр. Абы къегъэлъагъуэ лагерым и къызэгъэпэщакIуэхэм гугъу зыщIрагъэхьыр хуэм-хуэмурэ къазэрехъулIэр.
ЦIыхуи 100-м нэблагъэ тхьэмахуэкIэ здэщыIар Мейкъуапэ и хьэщIэщ нэхъыфI дыдэхэм хабжэ. Адыгэ Республикэм щагъэкIуа зэман IэфIым и фэеплъу щIалэгъуалэм тыгъэ хуащIащ вагъуэ 12 зытет джанэхэмрэ саугъэт зэхуэмыдэхэмрэ.
Илъэс къэс нэхъыфIыж хъууэ зызыужь лагерым, дауи, мылъкушхуэ токIуадэ. Мы гъэм абы ахъшэкIэ зыщIагъэкъуащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и президент Къанокъуэ Арсен, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, КIэрашэ Тембот и цIэр зезыхьэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым.
- Адыгэбзэр хъумэнырщ гупсысэ нэхъыщхьэу диIар мы лагерыр къыщызэIутхым. Сыту жыпIэмэ, щIэныгъэмрэ техникэмрэ я тетыгъуэ нобэрей гъащIэм бзэм и пщIэр мащIэу ехуэхыу гу лъыдотэ. Дызэрыщыгъуазэщи, бзэр пIурымылъыжмэ, уи хабзэр зумыхьэжмэ, лъэпкъ ухъужыркъым. Ди гуапэ зэрыхъунщи, хэкум исхэм я мызакъуэу, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри къыхэтшэфащ Iуэхум. ИкIи адыгэбзэ дахэкIэ зэпсалъэу ирахьэкIа тхьэмахуэр сэбэп хъуауэ къызолъытэ. Апхуэдэ зэхуэсхэм щIалэгъуалэм я хэкупсэр къызэщIагъэушэу гу лъыстащ. КIахэ диалектыр зыIурылъхэри къэбэрдейм ирипсалъэхэри дахэу зэгуроIуэ, я тхьэкIумэр йосэжри, анэдэлъхубзэр ягъэшэрыуэ. Ауэ щыхъукIэ, къыдохъулIэ къалэн нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжар. Мы Iуэхум къегъэлъагъуэ цIыхум и анэдэлъхубзэр нэхъыбэрэ зыхихмэ, езыри абы зэрырипсэлъэнур, - жеIэ щIэныгъэ институтым и унафэщI ЛIэужь Iэдэм.
Нэгъабэ щыIа лагерымрэ мыгъэреймрэ я лэжьэкIэр зэрегъапщэ щIалэгъуалэм гъэсакIуэу яхэта, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Бидэнокъуэ Марзет:
- ИпэжыпIэкIэ, нэгъабэ гугъу дехьащ лагерыр зэрыдгъэлэжьэнур къыдгурымыIуэу. Арами, къекIуэлIахэри арэзыуэ, дэри куэд дыдэ къыдгурыIуэжауэ дызэхэкIыжауэ щытащ. Мыгъэрейр нэхъыфIу, нэхъ дэгъуэу едгъэкIуэкIыным, цIыху нэхъыбэ къызэретшэлIэным яужь дитащ. Илъэс кIуам абы кърихьэлIар ди гъунэгъу республикэхэм я лIыкIуэхэрат. Мы гъэм Тыркум щыщ ди лъэпкъэгъухэри къызэредгъэблэгъам къыхэкIыу этнолагерыр дунейпсо Iуэхугъуэ хъуащ. КъищынэмыщIауэ, мы гъэм щIалэгъуалэр тшащ Мейкъуапэ дэт Лъэпкъ музейм, Лъэпкъ театрым, едгъэцIыхуащ адыгэ дыщэкI Еутых Ася и дыщэ угъуеигъэхэр. Лагерым къедгъэблагъэурэ ныбжьыщIэхэм яхуэдгъэзащ ди адыгэ щIэныгъэлIхэри. Псалъэм папщIэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Бырсыр Батырбий, щIыпIэцIэхэм фIыуэ хэзыщIыкI Емыкъуэ Нуржан, артистхэр, уэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр, нэгъуэщIхэри. КъызэрысфIэщIымкIэ, мы гъэм нэхъ гъэщIэгъуэну екIуэкIащ Iуэхур, езы сабийхэми нэхъ зыхащIащ адыгэпсэр.
УФ-ми АР-ми спортымкIэ щIыхь зиIэ я гъэсакIуэ, лагерым мы гъэм щылэжьа Хъуэт Юныс зэрыжиIэмкIэ, адыгэ хабзэмрэ бзэмрэ заужьыжынымкIэ мы лагерыр хуабжьу сэбэпщ, цIыху нэхъыбэ къыхашэхукIи нэхъыфIщ.
- Лагерым къедгъэблагъэр зи ныбжьыр илъэс 18 - 28-хэм ит щIалэгъуалэрщ. ЩIалэхэр фызкъэмышэу, пщащэхэр дэмыкIуауэ щытын хуейщ. Сыту жыпIэмэ, дыщогугъ хэгъэгу зэхуэмыдэхэм къикIа ныбжьыщIэхэр зэрыцIыхумэ, зэрышэмэ, абы ди зэкъуэтыныгъэр игъэбыдэну. КъищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Тыркум къикIыу Адыгэ Республикэм еджапIэ къакIуэхэри ди гуапэщ, ахэр мыбдеж къыщынэмэ нэхъыфIыжщ. Сытхэр адэкIэ фи мурад жыпIэмэ, етIанэгъэ зэхэтшэну лагерым кърихьэлIэну щIалэгъуалэр бзэмкIэ, хабзэмкIэ, уэрэд жыIэнымкIэ, щIэныгъэмкIэ, спортымкIэ зэпедгъэуэну ди гугъэщ. ЩIэныгъэлI къедгъэблагъэри, дгъэпсалъэри хъарзынэщ. Ауэ, си щхьэкIэ сыхуейщ зэхьэзэхуэхэри хэтыну, - жеIэ абы.
- Мейкъуапэ къыщызэрагъэпэща лагерым япэу сыкъакIуэу аращ. Мыбы щызэхуэзэжащ нэгъабэ щыIауэ къытезыгъэзэжахэр. Япэу къакIуэхэри гъунэжт. Абыхэм ядэслъэгъуамкIи сывдэгуэшэну си гуапэщ. Псори зы бзэкIэ псалъэу, зы гупсысэкIэ яIэу зэрыщытыр гукъинэ сщыхъуащ. ИкIи абыхэм зэхуэдэ мураду яхэлъщ адыгэ лъэпкъым зегъэужьыныр, бзэр хъумэныр, хабзэм тету псэуныр, нэмысыр пщIэр зищIысыр къыдэкIуэтей щIэблэм ябгъэдэлъхьэныр. КъызэгъэпэщакIуэхэмрэ хьэщIэщым и унафэщIым, и лэжьакIуэхэм я гугъу пщIымэ, къыттегужьеикIауэ къытщхьэщытащ, хэплъыхьауэ махуэм щэ дагъэшхащ, «сыт фыхуэныкъуэ, сыт фыхуэдэ» жаIэу ди ужь итащ. Щхьэгъубжэм укъыдэплъмэ - нэм илъагъур къуршымрэ псы ежэххэмрэт, щIыуэпс дахэрт. Уи гум зыщигъэпсэху, псэр зыдэтынш щIыпIэт. ЩIэныгъэлIхэр зытепсэлъыхь псори тфIэгъэщIэгъуэну, ди щIэщыгъуэу екIуэкIащ а тхьэмахуэр. Сэ нэхъапэм адыгэ джэгу зэи сыщыIатэкъыми, пщыхьэщхьэ къэс лагерым щызэхаша джэгум хуабжьу сыщыгуфIыкIащ, къэфэкIэ зымыщIэхэм ирагъэщIащ, нэхъ екIуу, дахэу къафэхэм саугъэт зэмылIэужьыгъуэхэр тыгъэ хуащIащ. Псалъэм папщIэ, сэ къызатащ адыгэ бгырыпх дэгъуэ. Си гугъэщ ар сщIэлъу хьэгъуэлIыгъуэ, лъэпкъ зэхуэс, къинэмыщI Iуэхугъуэхэм дяпэкIэ сыкIуэну. Ар зесхьэнущ мы лагерым и фэеплъу! - жеIэ КъБР-м икIыу лагерым щыхьэщIа Къанкъул Ланэ.