Хыр зи IупэфIэгъухэм дащыщтАдыгэ-убых-абазэ лъэпкъ зэрыбыныр тхыдэм къыпхыкIащ ижь-ижьыж лъандэрэ хы Iуфэр лъахэ яхуэхъуауэ. Адыгэхэр къэтщтэнщи, хыр зекIуапIэ яхуэмыхъункIэ Iэмал яIакъым – абы щыхьэт тохъуэ лIэщIыгъуэхэр къызэзынэкIа тхыгъэжьхэри. ДыкъызытехъукIахэр, кхъуафэкIэ техьэурэ, хым адрыщIкIэ щыпсэу лъэпкъыжьхэм я деж нэсырт. Урысейм и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ ди нэхъыжьыфI Къэрмокъуэ Хьэмид лъэпкъым и тхыдэр, IуэрыIуатэр фIыуэ зэрилъагъум и щыхьэту, «ЛIэщIыгъуэхэм я гъуазэ» (адрейхэм я гугъу дымыщIми) фIэщыгъэм щIэту лэжьыгъэ купщIафIэхэр икIи гъэщIэгъуэнхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Абыхэм дахэплъэжущ, дэри мы тхыгъэ цIыкIур къызэредгъэжьар. Адыгэхэм, нарт хъыбархэми къызэрыхэщщи, «хы тIуащIэм дыхьэурэ», гъуэгуанэ кIыхь зэпачыфырт, хыдзэлIхэр хым трашэрти, «кхъухь фIыцIэжьхэм» къызэпраш зэуакIуэхэм япэувырт, сату ящIын хуей хъуами, хым кхъуафэкIэ зэпрыкIырт. Пасэрей адыгэ лъэпкъхэм хыр зекIуапIэ яхуэхъуауэ зэрыщытар куэдрэ къыхощ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ. Академик Паллас зэритхыжамкIэ, Анапэ деж щыса адыгэпщ гуэрым кхъуафэ зыбжанэ иIащ. Ар дыдэм ирихьэлIащ академик Клапроти. «А пщыр къулейт, - етх абы, - сату ищIырт, и кхъуафэ зыбжанэ хым тетт». Адыгэхэм сату ядэзыщIу щыта гуэрым, Скасси, зэритхыжамкIэ, хы Iуфэм Iуса адыгэпщ Индар Мэхьмэти иIащ кхъуафэ зыбжанэ. Адыгэхэр хым кхъуафэкIэ щызауэу зэрыщытам и хъыбар куэди къэнащ. Абы щыхьэт тохъуэ, псалъэм папщIэ, француз дипломат Мариньи, урыс генерал Бларамберг, француз щIэныгъэлI Монпере, нэмыцэ еджагъэшхуэ Кох сымэ, нэгъуэщIхэри. «Ахэр тенджызым къызэтригъэувыIэркъым: я кхъуафэхэм йотIысхьэри, хы Iуфэм къесылIэ кхъухьхэм тоуэ, щаубыди куэдрэ къохъу», - щыхьэт хъуат Мариньи адыгэхэм щхьэкIэ. Бларамберг зэритхамкIэ, адыгэ кхъуафэхэр хым тохьэри, жыжьэ IуокI. «Хым тет кхъухьхэм ахэр нэхъ щытеуэр жэщущ: заудыгъури бгъэдохьэ, кхъухьым зэрогуэри, модрейхэм зыкъащIэжыху, Iуэхум кIэ ират», - итхыгъат Бларамберг. Ди кхъуафэхэр зыхуэдар Щыгъуазэхэм зэратхыжамкIэ, адыгэ кхъуафэхэм цIыхуищэм щIигъу ихуэрт; ахэр лъэгубгъуэт, псынщIэрыкIуэт, фэ ятебзати, гъущэ зэпытт, я пэм псэущхьэ гуэрым и сурэт тетт, хьэнцэхэр Iэрыхуэт, кхъуафэхэм гублащхьэIыгъ (гъэзалъэ, руль) яIэт, парус (жьыхь) зэпэплIими ящхьэщытт. «Пасэрейхэр адыгэ кхъуафэхэм камарэкIэ еджэу щыташ», - щыхьэ техъуат Мариньи. Абы зэритхымкIэ, «псыр хьэнцэкIэ щыщIатхъум деж макъкIэ дожьу: зым къыхедзэ, адрейхэм абы къришэжьа «арирашэ» псалъэр япхъуатэ, абы хьэнцэр дыщIадз». Адыгэбзэм къыщызэтенащ кхъуафэ (кхъухь) пкъыгъуэхэм зэреджэ псалъэ зыбжанэ: хъурзэ, кIарэ, хьэнцэ (е кхъуэхьэнцэ, кхъухь хьэнцэм къытехъукIауэ), жьыху, къинэмыщIхэри. КхъуафэкIэ хым техьэ зауэлIхэм хыдзэлIкIэ, абыхэм я пашэм кхъухьыпщкIэ еджэу щытащ. Хым пыщIа псалъэ куэди къыщызэтенащ адыгэбзэм: хы тIуащIэ, хыжьэ, хы тIуалэ, тIуапсэ, хыIу, хыуае, хыжькуий, хысыдж, хыкхъуэ, хытхьэрыкъуэ, хылI (хыдзэлI), нэгъуэщIхэри. Пасэрей адыгэхэм я хъыбар зытхыжахэм зэхагъэгъуащэркъым кхъуафэхэмрэ кхъуафэжьейхэмрэ: цIыхуищэм щIигъу зэрыхуэ кхъуафэхэм дзэ иризэрашэу, сату IуэхукIэ жыжьэ урикIуэфу щытащ. Зэманым къелакъым адыгэ кхъуафэхэр – абыхэм щыгъуазэ зэрызыхуэпщIыфынур зылъэгъуахэм къаIуэтэжамкIэщ. Ахэр къэсащ епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм – адыгэ хы Iуфэр урыс дзэлIхэм яубыдыху. Лъэхъэнэ гуащIэм щызэрихьэлIат Адыгэ кхъуафэхэм сурэт ятрищIыкIауэ щытащ художник цIэрыIуэ Айвазовскэм: «Черкесские галеры» («Адыгэ кхъуафэхэр») - аращ абы ищIа сурэтым зэреджэр. Маринист (хым теухуа сурэтхэр зи IэдакъэщIэкIым аращ зэреджэр) телъыджэм тхылъымпIэ напэм къытринащ щыпсэуа лъэхъэнэм и теплъэри. ДэркIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ, псалъэм папщIэ, абы Кавказым и къуршхэм, псыхъуэхэм, губгъуэхэм ятрищIыкIа сурэтхэм. 1868 гъэм художникыр Феодосие къыщежьэри, Кавказым кIуэцIрыкIыгъащ. Ар щыIащ Къэбэрдейми, Осетиеми, Дагъыстэнми, Армениеми, Дарьял псыхъуэмкIэ дэкIри, Тифлис дыхьащ. ТIэкIу нэхъ дызэIэбэкIыжынщи, Кавказ хы Iуфэ линием и дзэзешэ генерал Раевскэм ПсыфIыпи Шахэпи десант щригъэтIысыкIыну зигъэхьэзырырт. «Ди гъусэу накIуи, зауэм сурэт тещIыкI», - жиIэри Раевскэм, Айвазовскэр иригъэблэгъащ. Шапсыгъ, Убых хэгъэгухэм я зэпылъыпIэу щыта Шахэпэ деж I839 гъэм накъыгъэм и 3-м урысыдзэр щитIысыкIащ. Япэ зэхэуэр гуащIэт (къыкIэлъыкIуахэм я гугъу дымыщIми). Ар зэрызэтесабырэу, Айвазовскэр ихьащ хьэдэхэр куэду зэрылъ губгъуэм. «Сэ Iэщэу сIыгъыр тхылъымпIэрэ краскэрэт. Дунейр дахэт: дыгъэр етIысэхати, псы Iуфэр жьауэ хъуакIэт. Жыжьэу щыболъагъу бгы папцIэхэмрэ мэз Iувымрэ; кхъухьхэр, хъурзэр ирадзыхауэ, псы гущIыIум тесщ; кхъуафэжьейхэр нэпкъымрэ кхъухьхэмрэ я зэхуакум итщ… Мэзыр къызэзнэкIри, мэкъупIэм сыхыхьащ; зауэр увыIати, сэлэтхэм, хьэмбыIуу тIысауэ загъэпсэхурт, офицерхэри псалъэмакъыншэу зэхэст. Удз кIырым хэлъ хьэдэхэр уолъагъу. Адыгэ гуп хьэдэшэж къэкIуащ. Портфелым тхылъымпIэ къыдэсхри, къэрэндащкIэ абыхэм сурэт ятесщIыкIыу сыуващ. Ар щилъагъум, адыгэ щIалэ гуэр къызбгъэдыхьэри, сурэтыр щIын сухыху къыспэплъащ, итIанэ ар сIихри, и ныбжьэгъухэм я деж ихьащ. Ягу ирихьауэ пIэрэ ар бгырысхэм - сыщыгъуазэкъым, ауэ фIыуэ сощIэж сурэтыр лъы защIэу къызэрысхуахьыжыгъар. Сэ лъыр кIэрыстхьэщIыкIыжакъым а сурэтым, зэрылъызащIэм хуэдэу куэдрэ зесхьащ, сеплъыху, Iэджэ си нэгу къыщIыхьэжу…»
Поделиться:
Читать также:
23.09.2024 - 13:07 →
Румкъалэ быдапIэм и хъыбар
03.09.2024 - 13:30 →
Къарэмырзэ Алий и къуажэ
20.08.2024 - 14:00 →
Уэсмэн пащтыхьыгъуэр къызэрыунэхуар
20.08.2024 - 11:00 →
ЖэмкIэ вэуэ щыщыта зэмант…
13.08.2024 - 16:00 →
Къэгъазэ ямыщ1эу зэуащ
|