Румкъалэ быдапIэм и хъыбарНартсанэ (Кисловодск) километр 15 хуэдизкIэ пэжыжьэу, къухьэпIэмкIэ къыщытщ тхыдэжьым и фэеплъ, Рум Iуащхьэ жыхуаIэр. Япэ дищынщи, нэхъ пасэу абы зэреджэу щытар Румкъалэщ. 1823 гъэм «Новейшие известия о Кавказе» жыхуиIэ тхылъу Броневский Семен итхам итщ абы и хъыбар: «Кисловодск и къухьэпIэмкIэ уи нэм къыфIэнэу щытщ Бургусан жыхуаIэ Iуащхьэр. Абы узэрыдэкIуейр IэкIэ къыхабзыкIа дэкIуеипIэхэмкIэщ. И щыгум тезщ пасэрей псэуалъэхэр, кхъащхьэхэр, жьэгу кумбхэмрэ кхъуэщын къутахуэхэмрэ. ЗэраIуэтэжымкIэ, а Iуащхьэр пасэрей лъэпкъыжь гуэрым быдапIэ яхуэхъуауэ щытащ». ИлъэсипщI хуэдиз дэкIри, зыплъыхьакIуэ цIэрыIуэ Дюбуа де Монпере итхыжащ: «Щхьэхуэу щыт Iуащхьэ-быдапIэм дэкIуеипIитI-щым удрешей. Мывэ къырым къыхэбзыкIа а дэкIуеипIэхэр цIыхуIэм зэрищIам шэч хэлъкъым. Зэ IуплъэгъуэкIи къыпхуэгъуэтынукъым дэкIуеипIэхэр, сыту жыпIэмэ, ахэр абрэмывэкIэ ебгъэжэкIыжа бжэ гъэпщкIуакIэ гъэбыдащ. Хьэкъщ мы щIыпIэр зыгуэрхэм я быдапIэу зэрыщытар». НобэкIэ а быдапIэр Рум Iуащхьэущ зэрытцIыхур, пасэрей Румкъалэм къытехъукIыжауэ. Мы фIэщыгъэр къызытехъукIам теухуауэ хъыбаритI щыIэщ. Пэжыр дэтхэнэрами, нэгъуэщI зыгуэрым къыхэкIами зыми ищIэркъым. Япэ хъыбарымкIэ, пасэрей византийхэм, алыджхэм, венецианхэмрэ генуэзхэмрэ Кавказым куэду щыщыIам, абыхэм зэреджэу щытар урымщ. Ахэр зэхэсу Рум Iуащхьэм тесауэ, ар я быдапIэу щытауэ Румкъалэ фIащауэ жаIэ. ЕтIуанэ хъыбарымкIэ, Рум Iуащхьэм и лъапэм деж щысащ лъэпкъыжь гуэр, лэжьакIуэрэ хьэщIагъэр я фащэу. Зэгуэр абыхэм бий къатеуат. Жылэр зэрыубыдри, къатеуахэм япэщIэуващ, я лъэ къихь къамыгъанэуи езэуащ, ауэ я къарухэр зэхуэмыдэу, бийр нэхъыбэу, нэхъ зэщIэузэдауэ къыщыщIэкIым, Iуащхьэм дэкIуейри, и щыгум зыщагъэбыдащ. «Фыкъытпэмыув! Фи къару къихь къэвмыгъанэу фызэуами, дынэхъыбэщ, лей зэдвмыгъэхыу, зыкъэфти, лъэпкъыр фыкъызэтенэнщ. Пщэдджыжь хъуху фыгупсысэ», - къажриIащ абы зэрыпхъуакIуэхэм я дзэпщым. «Ди псэр пытыху дызэуэнущ!», - жаIэрт языныкъуэхэм. «ЩIыпIэр дывгъэбгыни, лъэпкъыр къедвгъэгъэл!», - трагъэчыныхьырт адрейхэм. Абдежым жылэм къахэкIащ зы щIалэщIэ, щхьэрыхъуэн хужь и щхьэм фIэлъу. «ЩIыр инщ. Дызыщыпсэуни дгъуэтыжынт, ауэ дыщалъхуа хэкум хуэдэ зыри тхуэхъунукъым. ДызыпIа, дызыгъэшха щIыналъэр тфIэкIуэдмэ, зыми дриIысыжкъым!», - жиIащ абы. ЩIалэм жиIам псори арэзы техъуати, пщэдджыжьым зэхэуэм пащэжащ, абыхэм фIырыфIкIэ ятынутэкъым я хэкур. Ауэ жылэдэсхэм я бжыгъэр хэщI зэпытт, я лъэр щIэхуным зымащIэ тIэкIут иIэжыр. Абдежым щхьэрыхъуэн хужь зыщыгъа щIалэщIэр шуупэм къиувэри, и хэкуэгъухэм захуигъэзащ: «Си къуэшхэ! Бгырыс гъащIэм и уасэр ди джатэхэм ятынщ. Фынеуэ!». ЩIалэм и щхьэрыхъуэныр зыщхьэричщ, и шыр мыщтэн папщIэ и нэр хущипхыкIри, биидзэм и IувыпIэм яхигъэлъэдащ, щхьэрыхъуэным къыщIэхуа щхьэц кIыхьышхуэр и щIыбым псыкъелъэу трипхъэу. Ар хъыджэбзт! Пщащэ цIыкIум апхуэдэ лIыгъэ къызэрылъыкъуэкIам иригушхуа лъэпкъыр зэрызехьэу щIэпхъуэри, биидзэм яхэлъэдащ, я джатэхэр зэи хуэмыдэжу ягъабзэу. Бийр щтащ, икIуэтащ, зэрехьэжьэри, зэи къагъэзэжакъым мыбыкIэ. ЗэрыжаIэжымкIэ, а пщащэм и цIэр Румт. А зауэм хэкIуэда хъыджэбз хахуэм и цIэр Iуащхьэм фIащыжауэ аращ. Iуащхьэр щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я фэеплъщ. КъызэрахутамкIи, ди лъэхъэнэм и 100-200 гъэхэм абы жылэ тесагъэххэщ. Iуащхьэр къатитIу зэхэлъу щытагъэнущ: илъабжьэм (гектари 116-117) жылэр щыпсэуащ, ищхьэр быдапIэу щытауэ хуагъэфащэ, биидзэ къащытеуэкIэ дэкIуейрэ, зыщагъэбыдэу. КъищынэмыщIауэ, Iуащхьэм и щыгум кумбышхуэхэр къиудауэ иIэщ, гуэдзрэ псырэ щахъумэу щытауэ. Рум Iуащхьэр яубыдыну бийр къыщIещакIуэми щхьэусыгъуэшхуэ иIащ – ар сондэджэр Данэ лъагъуэм тетти, экономикэ и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ щIыпIэт. НобэкIэ Рум Iуащхьэ и лъапэм Римгоркэ къэрэшей жылэр щысщ.
Поделиться:
Читать также:
09.09.2024 - 16:03 →
Хыр зи IупэфIэгъухэм дащыщт
03.09.2024 - 13:30 →
Къарэмырзэ Алий и къуажэ
20.08.2024 - 14:00 →
Уэсмэн пащтыхьыгъуэр къызэрыунэхуар
20.08.2024 - 11:00 →
ЖэмкIэ вэуэ щыщыта зэмант…
13.08.2024 - 16:00 →
Къэгъазэ ямыщ1эу зэуащ
|