Спортыр терроризмэм и бийщ

«Къэбэрдей-Балъкъэрым терроризмэмрэ экстремизмэмрэ щымыгъэIэн» КъБР-м и къэрал программэм хыхьэу, «Спортыр терроризмэм и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым универсальнэ зэзауэмкIэ республикэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ ди щIыналъэм и районхэм я спортсмени 146-рэ.

Илъэс 12 - 13 зи ныбжьхэм я деж я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Къасбот Марат (кг 30), Бейтыгъуэн Алан (кг 40), Щэрдан Самир (кг 45-рэ), Щоджэн Сэлим (кг 50), ГуIэжьей Аслъэн (кг 55-рэ), Нало Саид (кг 60), Жангуразов Абдулыхь (кг 60+) сымэ.

Илъэс 14 - 15 зи ныбжьхэм я деж япэ щыхъуащ Фрий Темырлан (кг 45-рэ), Сасыкъ Идар (кг 50), Жыгун Темырхъан (кг 55-рэ), КIэбышэ Елдар (кг 65-рэ), Мэлыхъуэ Алан (кг 70), Iэрэмысэ Ахьмэд (кг 70+) сымэ.

Илъэс 16 - I7 зи ныбжьхэм я деж дыщэ медалхэр къыщахьащ ЛIымахуэ Арсен (кг 50), Безыр Азэмэт (кг 55-рэ), Къуэдзокъуэ Марат (кг 60), Мэлыхъуэ Ислъам (кг 65-рэ), Гъубжокъуэ Идар (кг 70), Сасыкъ Ислъам (кг 70+) сымэ.

Зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм, КъБР-м Универсальнэ зэзауэмкIэ, республикэм Iэпщэрыбанэ спортымкIэ я федерацэхэм.

ХЬЭМЭДЭ Хьэдадэ.
Поделиться:

Читать также: