Зэхьэзэхуэ инхэм зыхуагъэхьэзыр![]() Мэзкуу областым щыIэ «Парамоново» спорт базэм иджыблагъэ наIуэ къыщыхъуащ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и командэ къыхэхам хэту а спорт лIэужьыгъуэмкIэ дуней псом пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Албанием и къалащхьэ Тиранэ щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм кIуэнухэр. Абы зыкъыщызыгъэлъэгъуэнухэр зи ныбжьыр илъэс 24-м щIимыгъуахэрщ. Ди гуапэ зэрыхъущи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэ щIалищым апхуэдэ щIыхьхэр ягъуэтащ. Ахэр Ульбашев Iэдэм (кг 55-рэ), БищIо Астемыр (кг 63-рэ), Гъуэныбэ Iэуес (кг 87-рэ) сымэщ. Абыхэм я тренерхэр ГъуаплъащIэ ТIэхьир, БищIо Валерэ, Къардэн Анзор, Белгъэрокъуэ Эдуард, Щокъал Олег сымэщ. ЩIалэгъуалэм я зэпеуэхэр щекIуэкIынур мы гъэм жэпуэгъуэм и 21 – 23-хэрщ икIи ахэр зэрызэфIэкIыу утыкум къихьэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым щалъхуа, ди республикэм и спорт еджапIэм и гъэсэн Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ. Ар хэтынущ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ балигъхэм я дунейпсо чемпионатым, ауэ мыдбежым абы ихъумэнур Бразилием и щIыхьырщ. Ди щIалэр щыбанэр килограмм 82-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ, и тренерыр Къардэн Анзорщ. Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэхэр зэрызэфIэкIыу утыкур иратынущ бэнэкIэ хуитымкIэ балигъхэм я дунейпсо чемпионатым хэтынухэм. Мыбдежым килограмм 70 зи хьэлъагъхэм я деж (мы хьэлъагъымкIэ Олимп джэгухэм зэпеуэ щрагъэкIуэкIыркъым) щыбэнэнущ спортсмен цIэрыIуэу щыта Уэрыш Анзор и гъэсэн Шэрий Иналбэч. Дехъуэхъунщ ди щIалэхэм я пхъэ къикIыну, щалъхуа лъахэм и пщIэр я текIуэныгъэ дахэхэмкIэ яIэтыну.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





