Шыгъажэ лъэхъэнэр зэхуащIыж

Къэбэрдей-Балъкъэрым шыгъа­жэ спортым пщIэ хэха зэрыщыхуащIым щымыгъуазэ бгъуэ­тыну къыщIэкIынкъым. Ар къэп­лъытэмэ, сыт щыгъуи хуэдэу, абы хухаха зи чэзу лъэхъэнэм хуэфэщэн пщIэрэ щIыхьрэ иIэу зэ­хуащIыжащ, дызытехьэну илъэсым и накъыгъэ мазэм и япэ гуфэгъуэ махуэшхуэм пщIондэ. 

КIэух зэпеуэр Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэхэм елэжь IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ я махуэм егъэщIылIауэ щытащ. Мыбы къэзэ­ры­щы­зэдэжа псори хьэрып шы лъэпкъхэрщ. КъыхэжаныкIахэм псоми зэхэту сом мелуанищрэ мин щиблрэ хъу саугъэтхэр иратащ. ГуфIэгъуэ зэ­хьэ­зэхуэ махуэр къызэIуихыу, шыгъажэм дихьэххэм захуигъэзащ КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэ­щIым и къуэдзэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Говоров Сергей. Ар дэщIакIуэхэм ехъуэхъуа иужь, къыкIэлъыкIуэну зэпеуэ лъэхъэнэщIэр нэхъыфIыжу къызэгъэпэща зэрыхъунум шэч къызэ­рытримыхьэр къыхигъэщащ. Абы фIыщIэ ин хуи­щIащ шыгъажэ лъэхъэнэр екIуу егъэкIуэкIыным зи лэжьыгъэрэ мылъкурэ хэзылъхьа псоми. 
«Бжьыхьэ» зыфIаща зэпеуэм хуагъэува саугъэтым щIэбэну къыщызэдэжахэм пашэныгъэ къы­щызыхьар «америкэщылъхукIэ» зэджэ Лестат (Теприт-Лириа), еплIанэу мыпхуэдэ зэпеуэ хэтауэ етIуанэу саугъэт къэзыхьа шы пцIэгъуэплъщ. Зейр Хьэгъуш Артурщ. Ар къэзыгъэжа шууей, япэ категорие зиIэ Баттуев Алим зэрыжиIамкIэ, езымрэ и гъэсакIуэ Iэзэ Манн Яковрэ быдэу я фIэщ хъурт ахэр саугъэтыншэу къызэрымынэнур. 
Апхуэдэ гъуэгуанэ зэпачу зэпеуа, илъэситI зи ныбжь шыбз гупым я деж пашэныгъэ къыщызы­хьар Фаст-Бйорд (Ле Бернардин-Мадона) пцIэ­гъуэплъ-фIыцIафэрщ. Ар зейр Къущхьэ Салимэщ. Мыпхуэдэ къызэдэжэу ар плIым хэтати, мыр и ещанэ ехъулIэныгъэщ. Шымрэ абы теса шууей Пэнжьокъуэ Рустамрэ зэпеуэм хуэзыгъэхьэзырар гъэсакIуэ Iэзэ Бахъуэ Мухьэмэдщ.
КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и фэ­еплъ, сом мелуан хъу саугъэтым щIэбэну къызэ­дэжа гупым къыщыхэжаныкIар зи зэфIэкIкIэ Налшык шыгъэжапIэм куэдым фIыуэ къыщацIыхуа икIи цIэрыIуэ щыхъуа, ДыщэкI Хьэжмурат и Ультиматум (Мономах-Ультра Си), илъэситху зи ныбжь шырщ. Ар зыхэта шыгъажэхэм мыр я епщыкIуиянэщи, плIэм текIуэныгъэ, пщIэм етIуанэ, щэм ещанэ увыпIэхэр щиубыдащ. Абы къихьа саугъэту хъуам я уасэр зэхэплъхьэмэ, сом мелуаниплIрэ мин щиплIрэ мэхъу. Шыр зейр Ало Эдуардщ. Шууейуэ тесар Каппушев Мырзэбэчщ.
ИлъэситI зи ныбжь хьэрыпышхэр зыхэта, метр минрэ щих хъу гъуэгуанэр къызэпычыным къы­щытежар Кондрашев Юрий и Пафос (Санхрайз Терск - Примета) хакIуэрщ. Мы шыр зэдэжэгъуэу щым хэтати, щэми япэ увыпIэр къыщихьащ. Абырэ къэзыгъэжа шууей Iэзэ, дунейпсо утыкум ехъу­лIэныгъэхэмкIэ къацIыхуа Гусейнов Гусейнрэ я ­гъэсакIуэр Кондрашов Юрийщ.
ИлъэсиплI хъу, нэхъыжь шы лъэпкъыгъуэфIхэм я гупым я зэпеуэ метр минитIрэ щиплI зи кIыхьагъым нэхъ жэру зыкъыщигъэлъэгъуащ куэдым фIыуэ ялъэгъуауэ къекIуэкI Лорд Мовеус, «Малкэ» шы заводым ейм. Тесар Пэнжокъуэ Рустамщ, я гъэсакIуэр Варга Алексейщ. 
Метр минрэ щийм къыщызэдэжахэр илъэсищ зи ныбжь хьэрыпышхэрщ. Хабзэ хъуауэ мыбы щы­пашэт Мухьэрэм шыр, ауэ ар мыбы зэрыхэмытам и фIыщIэу къыщIэкIынщ Саваб (Монгол-Правед­ность) пцIэгъуэплъу Цуров СулътIан и шыр зэры­щытекIуар. Къэзыгъэжа шууейр Каппушев Мыр­зэбэчщ.
Мы гъэм, Налшык шыгъэжапIэм щызэхэта зэ­пеуэхэм я кIэух дыдэ зэдэжэм илъэсищ зи ныбжь шыхэр метр минрэ щийм къыщызэдэжати, Ред ­Раунд (Оскар Перфоменс-Мовемент), Полушкинэ Ольгэ игъасэ и пцIэгъуэплъыр щытекIуащ. Ар къигъэжащ Щоджэн Iэдэм. 

Сурэтыр  Уэлджыр Артур  трихащ.

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: