Гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур илъэс 60 ирокъу![]() Нобэ и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур фIэкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI зы футболисти къихъуакъым командэ зэмылIэужьыгъуэхэм яхэту къэралитIым я чемпион хъуауэ. Адыгэм и щIыхьыр дунейм и щIыпIэ куэдым абы щиIэтащ. Совет Союзым и чемпионатым Хьэпэ Заур зэIущIэ 36-рэ щригъэкIуэкIащ. Урысей Федерацэм и лигэ нэхъыщхьэм зыкъыщигъэлъэгъуащ джэгугъуэ 204-м икIи абыхэм ящыщу 65-м и гъуэм топ къыдагъэкIыфакъым. Иужь илъэсийм ар зэпымыууэ Мэзкуу и «Локомотив»-м и гъуащхьэтетхэм я тренерщ, тренер нэхъыщхьэ къулыкъур щрихьэкIаи щыIэу. Дохъуэхъу иджыри куэдрэ и цIэр фIыкIэ къраIуэу утыку итыну и щхьэгъусэ Терезэ узыншэу къыкъуэту я бынхэу Лаурэрэ Артуррэ я насып ялъэгъуну. Дэ икъукIэ дрогушхуэ Хьэпэ Заур и сабиигъуэм щыщ Iыхьэ гуэрхэр ди редакцэм зэрыщигъэкIуам. Абы и анэ ТIэш (Хьэпэ) Анинкэ (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI!) адыгэ газетым и корректору илъэс куэдкIэ лэжьащ икIи къызыхуигъэнэн щыщымыIэм и деж и къуэ цIыкIур «здигъэIэпыкъуну» къыщыздишэ щыIэт. Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ футбол школ хэхам и гъэсэн Хьэпэ Заур япэ дыдэу Налшык и «Спартак»-м щыджэгун щыщIидзам и ныбжьыр иджыри илъэс пщыкIуий хъуатэкъым: 1981 гъэм Ставрополь «Динамо»-м щыIущIэну кIуауэ ди командэм и гъуащхьэтет Кокорин Николай сымаджэ хъуащ икIи икIэщIыпIэкIэ ар хъуэжын хуейти, Хьэпэ Заур гъуэм дагъэуващ. Джэгум щIидзэри дакъикъибл дэкIауэ арат Заур топ къыщыхудагъэкIам. ЩIадзапIэр узэмыхъуэпсэнт. АрщхьэкIэ гъуащхьэтет щIалэщIэм къыдэджэгу нэхъыжьыIуэхэу Бэч Русланрэ Наурыз Басиррэ къыбгъэдыхьэри, къыжраIащ къэхуаишхуэ зэрыщымыIэр икIи, адэкIэ нэхъ тегушхуауэ гъуэм дэтмэ, псори тэмэм зэрыхъунур. Апхуэдэуи къыщIэкIащ – джэгур зэрытемыгъэкIуауэ, 2:2-уэ, иухащ, Заури тренерхэм я щытхъу къилэжьащ. Дзэм ираджэхукIэ Хьэпэр Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэтету щытащ. И чэзур къыщысым армэм дашри Дон Iус Ростов и СКА-м хагъэхьащ. ИужькIэ къигъэзэжри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумащ. Зи зэфIэкIыр лъагэ адыгэ щIэлэщIэр 1986 гъэм Мэзкуу и «Спартак»-м ирагъэблэгъащ. Абы хэту къыкIэлъыкIуэ илъэсым зыIэригъэхьащ япэ саугъэт лъапIэр – СССР-м ФутболымкIэ и федерацэм и кубокыр. КъыкIэлъыкIуэу Ярославль и «Шинник»-м хэтащ. Футболист икIи тренер цIэрыIуэ Кипиани Давид иригъэблагъэри 1988 - 1990 гъэхэм Тбилиси и «Динамо»-м и гъуэм дэтащ икIи Куржым и чемпионатым и дыщэ медалхэр къихьащ. Абы щыгъуэм «Динамо»-м и цIэр «Иберия»-кIэ яхъуэжат. Хьэпэ Заур и вагъуэр нуру щыблар Владикавказ и «Спартак-Алания»-м щыджэгуа 1991 - 1999 гъэхэращ. Ди гъунэгъухэм яхэту и ныбжьыр илъэс 31-рэ щрикъу махуэ 1995 гъэм жэпуэгъуэм и 21-м ар Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ. КъыкIэлъыкIуа 1992, 1996 гъэхэм дыжьын медалхэр зыIэригъэхьащ. Ар щыщ хъуащ къэралым и гъуащхьэтет нэхъыфIхэм икIи Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам 1994 гъэм хагъэхьащ. Къэралым и футболист нэхъыфI 33-м 1993 - 1995 гъэхэм зэкIэлъхьэужьу хабжащ. 2000 гъэхэм и пэщIэдзэм Хьэпэ Заур Мэзкуу Iэпхъуащ. Ар ирагъэблэгъащ абы и «Локомотив»-м щыджэгуну икIи илъэс зыбжанэкIэ зыхэта командэ цIэрыIуэм аргуэру тIэунейрэ къэралым и чемпион щыхъуащ, Урысей Федерацэм и кубокыр къихьащ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам щригъэкIуэкIа зэIущIи 4 къищынэмыщIауэ Хьэпэр Чемпионхэм я лигэм, УЕФА-м и Кубокым щIэбэнащ. Абыхэм Европэм и командэ лъэщхэм ехъулIэныгъэкIэ щапэщIэтащ. Топ джэгуныр иуха иужькIэ «Локомотив»-м и тренер хъуащ, Пермь и «Амкар»-м, Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м, «Спартак-Налшыкым» я гъуащхьэтетхэр игъэсащ. Ноби и IэнатIэм пэрытщ, ехъулIэныгъэхэр щиIэу.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 17:00 →
ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ
17.03.2025 - 15:40 →
МинитIым щIигъу зэхуэсат
17.03.2025 - 15:00 →
Суздаль медалищ къраш
03.03.2025 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
18.02.2025 - 17:00 →
Спорт хъыбархэр
|