Лонгворт Джеймс хы ФIыцIэ Iуфэм

Лондон къыщыдэкI «Таймс» газетым и корресподент Лонгворт Джеймс 1837 гъэм Шэрджэсым къакIуэри зы илъэсым щIигъукIэ яхэсащ, и гукъэкIыжхэр зэрыт тхылъри («Год среди черкесов») зыбжанэрэ къыдэкIащ. Щыгъуазэ фыдощI абы щыщ пычыгъуэхэм. 
… Шэрджэсым сыкIуэн ипэ, Синоп зыбжанэрэ зыщысIэжьэн хуей хъуащ, кхъухьым сыпэплъэурэ. Сыщыдэсым нэIуасэ сыхуэхъуащ Хьэжы зи цIэ тырку сатуущIэ; хьэпшып ишэурэ, Шэрджэсым кIуэрейт ар, абы хэгъэрей щикуэдт, я Iуэху зытетми щыгъуазэт. НэIуасэ дызэхуэхъуа нэужь, тырку сатуущIэр къызэупщIащ: «Нэгъуей Исмел пцIыхурэ?» - жиIэри. ЗэрызмыцIыхур щыжесIэм, абы и хъыбар сригъэдэIуащ. 
СатуущIэм къызэрызжиIамкIэ, Нэгъуей Исмел Занокъуэ Сафарбий и бзэгузехьэт, езы Занокъуэр, Шэрджэсым я лIыкIуэ цIэр зытригъэIукIауэ, Истамбыл дэст. Урыс министрым къащытрикъузэм, ар Истамбыл дагъэкIри тэтэр къалэ цIыкIу гуэрым, Базарджик, дагъэтIысхьат. 
Нэгъуей Исмел Занокъуэ Сафарбий и тхылъ зэриIыгъыр къищIащ сатуущIэм, къысщибзыщIакъым шэрджэсхэм къахуигъэхь тхылъым итри: Занокъуэм зэритхымкIэ мистер Уркхарти, Белли, сэри дытIасхъэщIэхт, шэрджэсхэм я тIасхъэ щIэтхыу урысхэр щыгъуазэ тщIынырт дызыхэтыр. Мистер Уркхарти Истамбыл дэсащ, инджылыз лIыкIуэм деж щылэжьащ, Шэрджэсым щыIащ, Лондон яшэжами, зэрыхузэфIэкIкIэ ядоIэпыкъу шэрджэсхэм; Белл Шэрджэсым кIуауэ щыIэт, Iэщэ, бдзапцIэ яхуишауэ. Занокъуэр зыхэтыр пцIы къыткIэлъызэрихьэурэ дызэригъэулъиинт, ар къехъулIамэ, «шэрджэс лIыкIуэ» цIэр фIэмыкIуэдынкIэ гугъэрт. 
Уигу фIы щыщIэнт, апхуэдэ хъыбар зэхэпхамэ! ИтIани сыщIегъуэж хъунутэкъым: шэрджэсхэм я Iуэху зытетыр си нэкIэ зэзгъэлъэгъун щхьэкIэт сыкъыщIежьар, сяпэ кIуа си лъэпкъэгъу Белли сыхуэзэн хуейт. 
Хысыджхэр нэхъ увыIэжа нэужь, псым дытехьащ. Хы Iуфэм гъунэгъу зыхуэдмыщIыщэурэ дыздэкIуэм, Шэрджэсым дынэблэгъауэ, пшэ хужьыбзэхэм къахэплъ Iуащхьэмахуэ ди нэгу къыщIэуващ…
1837 гъэм и накъыгъэм сыхьэтипщIым деж хы дэупIэ гуэр дыдыхьэри хъурзэр еддзыхащ. Кхъухьым дикIынути, хы Iуфэм щытлъэгъуар цIыху зыщыплIщ. Iэнкун дыхъуауэ зытIэжьэху, мэзым зы шу къыхэкIащ; псым къыхыхьэри, къыдбгъэдэкIуэтащ ар, Iэ къытхуищIри псым хэкIыжащ. Мэзым къыхэкIыурэ, хы Iуфэр цIыху куэдыкIейм яуфэбгъуащ асыхьэтым - хэт шущ, хэт лъэсщ: шэч хэлътэкъым ахэр дэ къызэрытпежьам. 
Кхъухьым дыкъикIа нэужь, хы Iуфэм Iут хьэщIэщым дашащ. Сэ жьантIэм сыдагъэтIысхьащ; зырыз-тIурытIурэ къыщIохьэ бысымхэр; «Узэпэщмэ!» - жаIэри фIэхъус къызах, абы къыфIагъэкIыркъым. Псори зэщIэузэдащ: дохъутейм илъ фочхэр я плIэм фIэдзащ, я сэшхуэхэмрэ я къамэхэмрэ я бгым ищIащ. ЦIыху екIу защIэщ шэрджэсхэр, бжьыфIэхэщ, Iэчлъэчхэщ – дауи, зэуэлIщ ахэр, мафIэлыгъэр Iэджэрэ ягъэунэхуауэ. 
Сыхьэт ныкъуэ хуэдэ къэтауэ, хьэщIэщым къихьэжащ тырку сатуущIэр. Абы къызжиIащ гъуэгу дытехьэн зэрыхуейр; уанэшищ къыIуашащ хьэщIэщ бжэIупэм. Шым сыщышэсым, гу лъыстащ адыгэ уанэр зыми зэремыщхьым, сышэса нэужьщ абы пэхъун зэрыщымыIэр си фIэщ щыхъупар. Тырку уанэр жыжьэуи щIыхьэнукъым шэрджэсхэм я уанэм – уи Iэпкълъэпкъым зегъэпсэху, шым махуэ псом укъемыпсыхакIэ уешыркъым. 
ЗекIуэмрэ зауэмрэ хуэщIащ шэрджэс уанэр: абы здисым зрегъэзэкIри зоуэкI шэрджэс шур, зыкъригъэзэкIыжмэ, сэшхуэр егъабзэ… Махуищ гъуэгу дытета нэужь, цIыху цIэрыIуэ гуэрым и хьэщIэщым драшащ, абы къыщыдаха хьэщIагъэр зэи сщыгъупщэжынукъым. ХьэщIэм пащI щыIэкъым шэрджэсым, сэри апхуэдэущ къызэрысхущытар. Адэ-мыдэкIэ къыкIыурэ, куэд къыслъыгъуэзащ а хьэщIэщым сисыху. Псоми зи гугъу ящIыр зыт: урысхэр Пшат деж къыщитIысыкIынущ. Абы щхьэкIэ гузавэу фэ ятеткъым шэрджэсхэм – зэрыIэдэбщ, ихъу-илъ яхэслъагъуэркъым. Зауэ я щыпэлъагъукъым, есэжащ, я нэхъ гуащIэм хэхутэкIи, къэдзыхэ я хабзэкъым. 
Пшат деж къыщитIысыкIынкIэ хъуну дзэм нэхърэ шэрджэсхэр сэ нэхъ згъэпIейтеяуэ къысщыхъуащ. Сыхэт сэ, сыт сакъыщIыхыхьар, сыт си мурадыр – зэрызэхэсхыжымкIэ, арат шэрджэсхэр нэхъ зытепсэлъыхьыр. Инджылыз пащтыхьым срилIыкIуэ, дауэ къысхущыт ар, кхъухькIэ къахуэсшар псоми яхуэзгуэшыну хьэмэ ныбжьэгъу къысхуэхъура сызэтэнур – шэрджэсхэр зытепсэлъыхьыр апхуэдэ гуэрт. Си тхыгъэм папщIэ фIыщIэ зыхуащIынур хэт: тырку пащтыхь Махьмуд ЕтIуанэра хьэмэ инджылыз король Вильям ЕплIанэра – яхузэхэгъэкIыртэкъым шэрджэс гупцIанэхэм… 
ЕтIуанэ махуэм и пщэдджыжьым си хьэщIэщым къихьахэм яхэтащ Шупагуэ Ислъам–Джэрий. Уэркъ цIэрыIуэхэм ящыщу аращ япэ сызрихьэлIар. И щхьэм пщIэ зэрыхуищIыжри фIэлIыкI зэриIэри и фэмкIэ къиIуатэрт абы. Ислъам-Джэрий лIыкут, шевалье (уэркъ жыхуиIэщ) Мариньи гу литауэ зэрыщытащи (Шэрджэсым I8I8 гъэм къэкIуэгъащ а француз дипломатыр), и шынэхъыжьым, Нэгъуей, хуэдэу лъэрызехьэ хъунтэкъым ар, зэрыIущымрэ зэрыцIыху гъэсамкIэ абы ефIэкIми. 
Мариньи хэгъэрей зыхуэхъуауэ щыта лIым сызэрырихьэлIар си гуапэ хъуащ. Ар езым и гуапэ мыхъуауэ фэ есплъащ япэщIыкIэ – абы и щхьэусыгъуэр нэхъ иужькIэщ къыщызгурыIуар. КъызэрыщIэкIамкIэ, абы игу къеуар езым деж сызэремыблъэгъарт – Ислъам-Джэрий пщIэшхуэ щиIэт Пшат, япэ сыздеблэгъэн хуеяри абы дежт. Арат мыбы, Пшат деж, щыхабзэр: хьэщIэ лъапIэ къахыхьэмэ, япэ здихьэр Шупагуэхэ я унагъуэрт. Тырку сатуущIэм сыщигъэуауэ къыщIэкIащ: абы Шупагуэхэ урысхэм я тIасхъэщIэхыут зэрилъытэр. Абыхэм япэIэщIэ сищIын щхьэкIэт а унагъуэм сыщIримышар – аращ езым къызжиIар. Шупагуэхэ урысхэм тIасхъэщIэх яхуэхъуауэ я фIэщ хъуртэкъым, уеблэмэ а лъэпкъым теплъэ мыхъу лъхукъуэлIхэм. ЦIыху цIэрыIуэ къытхыхьэмэ, езым хуэфащэм дежщ здеблэгъэн хуейр, тырку сатуущIэр дэни еблагъэ хъунущ – арат лъхукъуэлIхэр а Iуэхум зэреплъыр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Инджылызым нэс къикIа хьэщIэр Шупагуэ Мэхьмэт деж зэремыблэгъар а лъэпкъым я жагъуэ хъуащ, дзыхь езмыгъэзауэ ялъытэри. Дзыхь езмыгъэзауэ ялъытэкIэ, емыкIу яIэтэкъым Шупагуэхэ. Абы и щхьэусыгъуэр нэхъ жыжьэ къыщожьэ. 
I8I8 гъэм щыщIэдзауэ, шевалье Мариньи зыпащIэри, урысхэм я мурадащ шэрджэсхэм сату дащIын, ахэр сатукIэ къыдахьэхын. СатукIэ яублами, урысхэр зэщэр нэгъуэщ гуэрт. Ар къыгурыIуакъым Индар (Индар - оглу) и къуэ Мэхьмэт: урыс сатум хыхьащ, урыс дзэпщхэр къызэрыхуэбзафIэм игъэжакъуэри. Урыс пащтыхьым хуэзащ Шупагуэ Мэхьмэт, ар тыгъэ лъапIэхэмкIэ къыхуэупсащ. Индар и къуэ Мэхьмэт урысхэм дзыхь иригъэзащ, лъхукъуэлIхэм ахэр жыжьэуи зрагъэкIуэлIакъым, ар дэнэ къэна, хы Iуфэм кърашэлIа я хьэпи-шыпи ягъэсащ. Индар и къуэр урысхэм къащхьэщыжащ – арат лъхукъуэлIхэм ягу темыхуэххэнур: Шупагуэхэ хьэрэм ящIащ. Я лъэпкъым пэувыжаи къахэкIащ Шупагуэхэ. Мылъкушхуэ зэрыбгъэдэлъым, зэрыцIэрыIуэ дыдэм и фIыгъэкIэ, Индар и къуэ Мэхьмэт хэутэн зригъэщIакъым. КъуиплI иIэти, плIыри зыщIэбэныр зыт: Пшат деж щаIа пщIэр къызэрыдахыжынт. Зэшхэр зауэлI хахуэт, зрамыкурэ зытемыгушхуэнрэ щыIэтэкъым. Тынштэкъым апхуэдэ лъэпкъ лъэрызехьэм упэувыныр, ар къагурыIуэрт жагъуэгъу къахуэхъуа лъхукъуэлIхэми. ЗэшиплIым я нэхъыжьым, Нэгъуей, лъэкI къигъанэркъым я лъэпкъым и пщIэр къыдихыжынкIэ, Шупагуэхэ урысхэм зэрамытIасхъэщIэхыр зэуапIэм къыщигъэлъэгъуащ: Суджыкъу деж щекIуэкIа иужьрей зауэм къебгъэрыкIуахэм я пашэр хиукIыхьащ… 
Ислъам-Джэрий иджыри къэс къызэрысхуемыблэгъам и щхьэусыгъуэр къызжиIэжащ: зекIуэ ежьати, хущIыхьакъым. «Ди адэри къеблэгъэнут, - жиIащ абы. – Гукъыдэмыжщи, дунейм къытехьэркъым армыхъу». Абы иужькIэ хэгъэрей дызэхуэхъуащ Ислъам-Джарийрэ сэрэ, Шэрджэсым сисыху, дэнэ сыкIуэми, гъусэ къызэрысхуэхъунур, и нэIэ зэрыстримыгъэкIынур къызжиIащ… 

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪАНКЪУЛ Зазийщ.
Поделиться: