ЗэпэIэщIэр нэхъ зэгъщ

Мыбы ипэкIэ дытетхыхьат дыщыпсэу ЩIыр зэкIэрэхъуэкI Дыгъэр зыхиубыдэ Шыхулъагъуэ (Млечный путь) вагъуэ зэрыбын абрагъуэмрэ абы нэхъ къыпэблагъэ Андромедэ галактикэмрэ, зэгъунэгъуIуэ хъуа иужькIэ, кърикIуэнкIэ хъунур зыхуэдэм.

Астрофизикхэм къызэрабжамкIэ, а тIур секундэм километри 110-р къызэранэкIыу зэхуокIуэ. Ауэ щыхъукIи, а галактикитIыр зэгуэр зэхыхьэжыпэнущ. КъыкIэлъыкIуэнури Iуэху цIыкIуфэкIуу къыщIэкIынукъым. ЩIэныгъэлIхэр зэрегупсысымкIэ, а тIур щызэлъэIэскIэ зэхэткIухьыжу, я зэхуакуми мафIэ жьэражьэхэр къыдэлыпщIыкIыу, зэман дэкIыу зэщIэупщIыIужа иужькIи зэхэпцIыхьыжу щIадзэнущ.

Пэжщ, апхуэдэ къэхъун ипэ, къызэрапщытамкIэ, иджыри илъэс меларди 3-5 хуэдиз дэкIын хуейщ. АрщхьэкIэ, щIэныгъэлIхэр, а Iуэхум и зэхэтыкIэ хъунур я нэгу къызэрыщIагъыхьэ лъандэрэ кърикIуэнуми иджыпсту щыщIэдзауэ йогупсыс.

Канадэм и Онтарио щIыналъэм ит Торонто къалэм дэт университетым щылажьэ астрофизикхэм зэхагъэува компьютер-пщалъэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, вагъуэхэм ящыщу я нэхъ хьэлъэхэр гъунэгъу щызэхуэхъукIэ, зэрызызэщIашэ гравитациер ин дыдэ мэхъури, къегъэщIылIа я къэухьри «гъуэжькуий» мыухыжым икIи бзаджэм хохуэ. Уеблэмэ, а «хьэлэбэлыкъыр» апхуэдизу шэчыгъуейщи, «гузэвэгъуэшхуэм» зэдыхэхуа Iэхэлъахэм я уэрдыхъу (орбитэ) тетыжу алъандэрэ къыщызыкIухьахэр зыпэмыплъа нэджэIуджэ-нашэкъашэм хуешэ. Ар апхуэдизкIэ зэхэIуэнтIыхьащи, зэманыр къызэрыщабжри нэгъуэщIщ.

АтIэми, галактикэхэм я деж дынэмысми, астрономхэр куэд щIауэ йогупсыс уахэ жыжьэм ит вагъуэ бжыгъэншэхэм ящыщ гуэрым ди Дыгъэм и къэухьым гъунэгъу зыкъыщыхуищIкIэ къэхъунур зыхуэдэм.

Дыгъэм къедза и къэухьыр зэпIэзэрыт щытыкIэм изышхэм ящыщщ зэ еплъыгъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зимыIэу къэтлъытэнкIэ хъуну вагъуэ жьэражьэ цIыкIухэу абы къыпэблагъэхэри. Псалъэм папщIэ, нэгъуэщI вагъуэ зэрыбыным къыхэIэпхъукIыу, ди деж зыкъэзыгъазэ дыгъэ цIыкIу «щхьэрыуам» къызэщIигъэбэта, къызэщIигъэхъея Iэхэлъахэм, ищхьэкIи зэрыщыжытIащи, уафэщIхэу ди Дыгъэм гуэпхахэр уахэм алъандэрэ зэрыщызекIуа я гъуэгуанэхэм (орбитэхэм) тришынурэ, ихъуреягъкIэ зэхъуэкIыныгъэ дызыпэмыплъахэр къыщигъэхъунущ.

Канадэм зи гугъу тщIа и щIэныгъэлIхэм вагъуэхэм я зэбгъэдэтыкIэ-зэдекIуэкIыкIэм теухуауэ къыкIэлъыкIуэу ирагъэкIуэкIа я къэпщытэныгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, ЩIы Хъурейр нэхъапэхэми зэмыжьа «гъуэжькуий» зэмылIэужьыгъуэхэм хэхуауэ щытащ. Апхуэдэу, зэман жыжьэ дыдэхэм дапхыплъыжынщи, аддэ зэгуэр Дыгъэм къедза уафэщIхэм ящыщу Марсыр ЩIым къыжьэхихьат, Меркурийр Венерэм гъунэгъу хуэхъуат, Нептунымрэ Уранымрэ, «къыщаущыхь» я орбитэхэм текIри, Дыгъэм зэрызыщIишэ и къарум хуэмыIыгъыжу, хьэрш жыжьэм ихьэжат (иужьым, лъэхъэнэ кIыхь дыдэхэм я кIуэцIкIэ, зэрызызэщIашэ гравитацием и фIыгъэкIэ, аргуэру зэпэблагъэ зэхуэхъужа щхьэкIэ).

АтIэми, радиоастрономхэм я нэхъыбэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, ди Дыгъэм нэгъуэщI вагъуэ жьэражьэ гъунэгъу къыщыхуэхъуфыну зэманыр апхуэдизу жыжьащэщи, дыщIэгузэвэххэн щыIэкъым. Сыту жытIэмэ, вагъуэхэр я пIэ икIыу, зэхуэкIуэн хуей хъуами, я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэр, хьэршыр зэрыщыту къэтщтэнщи, къытхуэмылъытэн хуэдизу инщ. Къэдгъэлъагъуэмэ, я нэхъ мащIэрауэ, километр меларди 160-м нэблагъэ я зэхуаку дэлъщ.

Астрономхэм къызэрабжамкIэ, Дыгъэм и къэухьым зэгуэр, илъэс мин 70 ипэкIэ, пхылъэтыкIауэ щытащ «Шольц и вагъуэ» зыфIаща уафэщI жьэражьэр. Ар «плыжь цIыкIужьей» зыхужаIэ хъунухэм ящыщт, и хьэлъагъри Дыгъэм ейм нэхърэ пщIыкIэ нэхъ мащIэт.

Къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Дыгъэм Шольц и вагъуэм ипэкIи гъунэгъу зыкъыхуищIауэ щытащ «хужь цIыкIужьей» зыфIаща вагъуэхэм хабжэ WD 0310-688 (HIP 14754) нагъыщэр зратари. ЩIэныгъэлIхэм къызэрабжамкIэ, ар къыщыхъуар илъэс мин 300 ипэкIэщ. АтIэми дызэплъэкIыжмэ, блэкIа гъэхэм ящыщу мелуанитIым къриубыдэм уахэм и Iэхэлъахэу дэ дыщыпсэум гъунэгъу зыкъыхуащIауэ щытащ зи хьэлъагъкIэ мыин дыдэ вагъуэу 9-м нэблагъэм.

КъызэрабжамкIэ, къыкIэлъыкIуэ илъэс меларди 2-м къриубыдэу иджыри вагъуитIым, Gliese 710, Hip 85605 нагъыщэхэр зратахэм, ди Дыгъэм къедза уафэщIхэм гъунэгъу зыкъыхуащIыфынущ.

Уахэ жыжьэм щыIэу гу зыщылъата къэщIыгъэ жьэражьэхэм ящыщу дыщыпсэум дежкIэ нэхъ шынагъуэ дыдэу къабжар США-м и Массачусетс штатым хыхьэ Кембридж къалэм дэт АстрофизикэмкIэ институтым и Гарвард-Смитсон центрым щылажьэхэм къахута ещанэ вагъуэу нейтрон зэхэпщIыпщIыкIэм тетырщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, нэхум илъэс мин 20-м къриубыдэу зэрызидз гъуэгуанэм хуэдизкIэ тпэжыжьэ «сверхновая» вагъуэр илъэс мини 2 ипэкIэ ямылейуэ къыщылынд-къыщыуэм зи гугъу тщIа нейтрон вагъуэр хуабжьагъэшхуэ иIэу къызыбгъэдидзащ. Мы лъэхъэнэм ар дэ къытхуокIуэ километр мелуани 2,62-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэр зы сыхьэтым ирилыпщIэкIыу.

Зи гугъу тщIы нейтрон вагъуэм и зэпрыупIэр километр 20 фIэкIа мыхъуми, и хьэлъагъыр дыщыпсэу планетэм ейм хуэдэу мелуан ныкъуэкIэ нэхъыбэщ. ЗэрызыщIишэ и гравитациер зэрыин дыдэм къыхэкIыу, гъунэгъу зыхуэхъу дэтхэнэри бэлыхь зэрыхидзэр нэрылъагъущ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: