Макъышхуэ «зэщIэгъуагъуэ»

Астрофизикэ 

Хьэршыр зыдж щIэныгъэлIхэм щIэи гъуни зимыIэ уахэм къыщахутащ гравитациер къэзыгъэхъу «хысыджхэм» ящыщу, езы еджагъэшхуэхэми зэрыжаIауэ, «макъышхуэ» къэзыгъэхъухэр.
«Гравитацие» (латин псалъэщ, gravis-хьэлъэ) жыхуаIэр пкъахуэ псынщIэхэр нэхъ домбейхэм зэрызыщIашэ къарур арауэ куэдым хуагъэфащэ. Уеблэмэ физикэм зэрыхурагъаджэ тхылъхэми дыщрохьэлIэ: «ЩIым и гравитацэм адрей пкъыгъуэхэр (цIыхухэри, хьэпшыпхэри, къинэмыщIхэри), и кум ирилъафэ щIыкIэу, зыщIешэ» жыхуиIэ псалъэхэм. 
ГъэщIэгъуэнщ, ауэ а еплъыкIэр нэхъ куу ищIрэ хужыпIэну, квантыр зи джэлэс физикэр зыджхэм зэрагъэувымкIэ, гравитацэр щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэрыщыIэм тегъэщIапIэ нэхъ хуэхъур хысыдж щIыкIэу уахэм щызелъатэ пкъахухэм (гравитонхэм) ар къызэрагъэщIырщ. Апхуэдэхэм гравитоныр нэхъ ирагъэщхь электро-малъхъэдис губгъуэм къыщыхъу зэпекъур «къэзыгъэубэлэц» зэщIэузэда маскъалхэу хьэлъагъэ лъэпкъ зимыIэ «бозон», «фотон» пкъыгъуэжьейхэмрэ электро и лъэныкъуэкIэ зэщIэузэда пкъахуэжьейхэу «кварк», «электрон», «мюон», «тау-лептон» зыфIащахэмрэ. АрщхьэкIэ, пкъы зиIэ псоми къапкърыкIауэ я зэхуаку, щIэпхъуэ-къагъэзэжми, щызелъатэу дэтынкIэ хъуну зыхуагъэфащэ «гравитон» пкъыгъуэжьейхэр щыIэми-щымыIэми щIэныгъэм иджыри къыздэсым хузэхэгъэкIакъым.
АтIэми, «гравитацие» зыфIаща къару къызэрымыкIуэр къызэрыхъур нэхъ гурыIуэгъуэ къытщызыщIу нобэр къыздэсым еджагъэшхуэхэм я нэхъыбэм къалъытэр щIэныгъэм и унэтIыныгъэ телъыджэу Эйнштейн Альберт зэхилъхьа «Относительностым и теорие» зыфIащарщ. Абы зэригъэувымкIэ, гравитацием и IункIыбзэIухым щылъыхъуапхъэр «зыщIешэ» псалъэм и Iэхэлъахэркъым, атIэ «щIегъапхъуэ-ирешэкI» жыхуаIэм и гъунэрщ. 
Эйнштейн и акъыл зэрыхуэкIуауэ, кIэи пэи зыдамылъагъу дыкъэзыухъуреихь къэухьым е, нэгъуэщIу жытIэмэ, вагъуэ зэхуаку щIэншэм (пространствэм) пкъырэ пцIэрэ зиIэ гуэр къызэрыщыхутэу, абдежым, и Iэшэлъашэр лъэныкъуэ псомкIи иригъэIушэкIрэ зэпишу, зэхъуэкIыныгъэхэр къыщегъэхъу, зэманыр зэрыщекIуэкIми зыщрегъэхъуэж. НэгъуэщIу дыкъыщеплъмэ, пкъырэ пцIэрэ зиIэм къыщыхутэ щIэншэр зэблешри, зэманыр зэрыщекIуэкIми зрегъэхъуэж, нэхъ псынщIэ е нэхъ жьажьэ щищIу.
ТIэкIу япэ дилъадэу къыхэдгъэщынщи, астрофизикхэм зэтемыхуэу алъандэрэ къабжа а еплъыкIитIри, зэман гуэр дэкIмэ, зэтехуэу зэхагъэхьэжыпэнри зыхуэIуа щыIэкъым, Iэнкун къэзыщIа я иужьрей къэхутэныгъэхэм къарикIуам ятетщIыхьмэ. Ауэ, ар итIанэщ…

Хысыдж-толъкъуну зыкъаIэтмэ

Эйнштейн и дежкIэ къедгъэзэкIыжмэ, щIэншэри зэманри зэдарэ-зэгуэгъущ, зы жыпхъэм зэдимытрэ чэсей пIэтепхъуэм хуэдэу, яшэщI-ирашэкIи зэхуалъэфэси хъууэ. АтIэми (апхуэдизу лантIэу а тIур щыщыткIэ), абыхэм, иджырей щIэныгъэлIхэми зэрагъэувауэ, зызэрадзэ-зыкъызэрадзэкIми, «хысыдж-толъкъунхэми» зыкъыщаIэтыфынущ. ПIэтепхъуэм, щаутхыныпщIкIэ, макъ зэрыригъэщIым ещхьу, пкъырэ пцIэрэ зиIэ гуэрым зыхэт къэухьым, псынщIагъэшхуэ щызэрихьэу щигъэубэлэцкIэ, къыщекIуэкI зэманри и пIэ щрегъэкI, а псом я лъэужьуи хысыдж-толъкъунхэу дэнэ лъэныкъуэкIи щызэбгрыкIхэр къыщегъэхъу. 
КъэхутэныгъэщIэм иужь ита астрономхэм нэхъапэм зэрыжаIамкIэ, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа «макъышхуэр» къэунэхункIэ хуей щыхъунур мащэ кIыфI абрагъуэ тIурытIыр хьэршым щыхуемыпIэщIэкIыщэу щызэхыхьэжым дежщ. 
Языныкъуэхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, кIэи-пэи зимыIэ уахэм зэман пыухыкIам къриубыдэу къыпхыпсыкIыу къахута хысыджхэр - IэмалыфIщ вагъуэ лэкъумхэм (галактикэхэм) я курыкупсэм зыщызыгъэпщкIу мащэ кIыфIхэм я Iэгъуэблагъэм къыщекIуэкIхэр зэхэгъэкIынымкIи.
Астрономхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, мащэ кIыфIхэр къашэч и лъэныкъуэкIэ дэ дызэгъэщIылIа Дыгъэм нэхърэ хуэдэ мелуан, уеблэмэ мелард бжыгъэкIэ нэхъ хьэлъэщ, къызэралъытэмкIи ахэращ галактикэхэм хыхьэ вагъуэхэм зыщызэщIакъуэнымкIэ щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу къэуври (я курыхым зэрызыщагъэпщкIум къыхэкIыу). АрщхьэкIэ дэнэкIэ щыIэ мащэ кIыфIри зэрынэрымылъагъуу къонэ, къызыхаутIыпщыкI нэхур къазэрыIэщIэмыкIыфым къыхэкIыу. 
«А псоми ятетщIыхьмэ, икъусыкъужкIэ дызыгъэгушхуэ хъыбар хьэлэмэту къыщIэкIащ гравитацием и зыкъэгъэлъэгъуэкIэм теухуауэ иджыблагъэ къытIэрыхьар, - жеIэ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкIахэм яхэта, США-м и Теннеси штатым щыIэ Нэшвилл къалэм Вандербильт и цIэр зезыхьэу дэт еджапIэ нэхъыщхьэм щылажьэ, физикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Тейлор Стивен. - Ди лъэIукIэ, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я астрофизикхэм, зым къехъулIам адрейр щымыгъуазэу, ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къазэрырикIуамкIэ, абы ипэкIэ зэи къыдэмыхъулIауэ дызыгъэгуфIа Iуэхугъуэ бэлыхьу къытхущIэкIащ гравитацэм и хысыдж гуэрэн Iуву хьэршым, и щIыпIэ нэхъ пхыдза дыдэхэри хэту, къыхэпсыпсыкIхэр зыхуэдэр зэдгъэщIэным хуэгъэзауэ иджыблагъэ къахутахэр». 

БлэкIа илъэси 10-м кърикIуащ

АтIэми, гравитацэм и къэкIуэкIэу апхуэдэ «зэщIэскъыскъэкIэ» щIэи гъуни зыдамылъагъу уахэм щыIэнкIэ зэрыщыхъунум щIэныгъэлIхэр 1910 гъэхэми зэдегупсысат. АрщхьэкIэ, ахэр, гравитацэм и хысыджхэр, алъандэрэ къэубыдыгъуей дыдэу зэрыщытам, Iэмэпсымэу къыхуагъэсэбэпахэри зэрыхуэмыIэкIуэлъэкIуам къыхэкIыу, зи гугъу тщIыхэм хуэдэ зэрыщыIэм япэ дыдэу гу щылъатар, дызэплъэкIыжынщи, илъэси 10 къудей ипэкIэщ. 

Iэмалу къыхуагъуэтари къызэрымыкIуэщ. «Ар сыт?» - жыфIэрэ, фыщIэупщIэмэ, зи зэхэлъыкIэм нейтрон пкъахуэжьейхэр щебэкI пульсархэр (чыным хуэдэу хуабжьагъэ ин дыдэ зезыхьэу зызыхъуэж джэлэсым екIэрэхъуэкI, зи лъэщагъэкIэ «малъхъэдис губгъуэ» абрагъуэ къэзыгъэщI вагъуэхэр) къызэрагъэсэбэпарщ. Нэхъ IупщIу къыхэдгъэщмэ, абыхэм къапкърыуцIыщхъукI радио-хысыджхэм, зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми, зэрызахъуэжым ищхьэкIэ зи гугъу тщIа, нано-герц Iэмалхэм тещIыхьа лъэщапIэм и фIыгъэкIэ зэшэлIа хъуа щIэныгъэлIхэр, илъэс бжыгъэм къриубыдэу, ди планетэм адэкIэ-мыдэкIэ щыщыIэ радиотелескоп куэдыкIейхэмкIэ зэрыкIэлъыплъарщ.
Пульсархэм радио-хысыджхэу къызыхаутIыпщыкIхэр апхуэдизу зэкIэлъыгъэкIуарэ зэтеухуа дыдэу щызэкIэлъыхьащи, зэманыр зэрыщекIуэкIыр кърибгъэлъагъуэфыну абыхэм (пульсархэм) нэхърэ нэхъ «сыхьэт» узэхуарэ зэтекIыгъуейрэ щIэи гъуни зимыIэ уахэм къыщомыгъуэтыфыным хуэдизщ. Пульсархэм къызыхаутIыпщыкI радио-хысыджхэм а хьэл-щэныр зэраIэм щыгъуазэ астрофизикхэр, щIыхьэху щIыкIэу зэгурыIуэри, илъэс 15-м и кIуэцIкIэ, увыIэгъуэ ямыIэрэ темызашэу, кIэлъыплъащ Шыхулъагъуэ (Млечный путь) вагъуэ лэкъумыр (галактикэр) зи хэщIапIэ пульсар 67-м къапкърыпсыкI радио-хысыджхэу секундэм и мелард Iыхьэм къриубыдэу мащIэ дыдэу фIэкIа зызымыхъуэжхэм я къэкIуэкIэм.
А щIыкIэм тетущ зи гугъу тщIа лъэщапIэм дзей щIыкIэу зэришэлIа щIэныгъэлIхэм зэрызэхуахьэсыфар (щыхьэт зэдытехъуэфын хуэдизу) ЩIэншэмрэ абы сыт и щIыскIи гуэпха зэманымрэ гравитацэм и хысыджхэу частота нэхъ лъахъшэ дыдэ зезыхьэхэр куэдыкIейуэ хьэршым зэрыщыIэм теухуауэ «миллисекунд» пульсархэм «къыжраIа» тIэкIур… 

Макъыр къыздикIыр

Гравитацэм и апхуэдэ къэкIуэкIэу гу зылъатахэм щхьэусыгъуэ хуэхъуу езы щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм мызэкIэ къагъэлъэгъуар галактикэ къэс я кум зыщызыгъэпщкIуу хуагъэфащэ мащэ кIыфIхэрщ. Нэхъ IупщIу дытепсэлъыхьмэ, зыхыхьэ вагъуэ лэкъумхэр щызэлъэIэскIэ, езыхэри, гува-щIэхами, зэжьэхэуэн хуей зэрыхъурщ. АрщхьэкIэ, зи гугъу тщIы лэжьыгъэм пэрыта щIэныгъэлIхэм, зэрызэщхьэщыкI щымыIэми, абы теухуауэ нэгъуэщI Iуэху еплъыкIэхэри яIэщ. 
Апхуэдэхэм къызэралъытэмкIэ, гравитацэм и хысыджхэу мы лъэхъэнэм щыхьэт зытехъуахэр, зызэхуахьэсыжауэ, къапкърыпсыкIынкIэ хъунущ, «дунейр къызэригъэщIрэ» зэрыжаIэу, хьэршым къыщекIуэкIа нэгъуэщI зэжьэхэуэныгъэ абрагъуэхэм къарикIуахэми. Псалъэм папщIэ, «КъызэщIэлындэкIэ Ин» (Большой взрыв) зыфIащу астрономхэм я Iупэ темыкI «щхьэлажьэ» къызэрымыкIуэм къытхуихьахэри хэту…
Гу лъытапхъэщ, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэри куэдым уезыгъэгупсыс телъыджэлажьэу зэрыщытым. Сыту жыпIэмэ, абы къикIыр аращи, Дыкъэзыухъуреихь къэухь абрагъуэр (Вселеннэр) къызэригъэщIрэ дэкIауэ къабжа илъэс мелард 13,8-м къриубыдэу абы галактикэу щызэжьэхэуамрэ щызэхыхьэжамрэ я бжыгъэм гъуни-щIэи иIэкъым. Ауэ щыхъукIи, абыхэми адрейхэми лъэхъэнэ кIыхьым къриубыдэу апхуэдиз «Iэуэлъауэ» къыщагъэхъеякIэ, дэтхэнэми и чэзум къыпкърыпсыкIыу лъэныкъуэ псомкIи щызэбграгъэкIа хысыджхэр дызэрыт зэманми къызэрытлъэIэсыфынур шэч къызытумыхьэнщ, къыщыхъуа щIыпIэхэр, ди нобэми-ныжэбэми, зэрытпэжыжьащэм къыхэкIыу. 
 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: