«Бабыгу» цIэм лъэныкъуитIымкIи дыщрохьэлIэБабыгу шытх КъухьэпIэ Кавказым щежэх псы нэхъ ин дыдэхэм хабжэ Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ. А тIум хэлъэдэж псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым Бабыгу шытхкIэ йоджэ. Абы и тхыцIащхьэр ТхьэщIы (Тхач) бгым и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэщ. Мыбдеж Къущхьэхъум щыщIедзэ Бабыгу шытхым ижькIэрэ щыпхаша лъагъуэм ухуешэ зи зэхуакур щхьэдэхыпIэ папщIэу ижь-ижьыж лъандэрэ къагъэсэбэп Ажэжьбэкъу бгыжь дыкъуакъуэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, Iуащхьэ «зэтIолъхуэныкъуэр» щIыпIаплъэхэм куэд щIауэ къызэрагъэунэхуари нэгузыужьыпIэ телъыджэу ар абыхэм къызэралъытэри. Бабыгу шытх екIуэкIым къуапитI иIэщ. КъуэкIыпIэмкIэ щыIэ и щыгум, «Бабыгу ЦIыкIу» («Малый Бабук») цIэр зезыхьэм, метр 1551-рэ, къухьэпIэмкIэ зызыIэта и нэпкъхэм метр 2000-м нэблагъэ я лъагагъщ. Ажэжьбэкъу бгыжь дыкъуакъуэм, Кавказ мэзкъуэдым мы лъэныкъуэмкIэ и «хъумакIуэу» къэлъагъуэм, зэрыщыту къатщтэмэ, километри 5 хуэдиз и бгъуагъщ. И лъэныкъуитIыр блын задитIщи, къэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм метр 300 хуэдизкIэ щхьэщыIэтыкIащ. Я зэхуакур дыхьэпIэ-дэкIыпIэщи, и бгъуагъыр метр 500-м нызэрохьэс. Къущхьэхъу хъупIэхэм мыбдежым зэрыщыщIадзэр къыуагъащIэ IуащхьэжьитIым я джабэщIри Iэхэлъахэри удз Iув куэдыкIейм зэрызэщIасеям. Ажэжьбэкъу къурш дыкъуакъуэм къухьэпIэмкIэ щыIэ и бгыщхьэр Кавказ биосферэ мэзкъуэдым и гъунапкъэщ. Тхыдэм дыпхыплъыжмэ… XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Къэбэрдейр бэлыхь хэхуат. Урыс пащтыхь къэралыгъуэжьым и унафэ щIэувэну хуэмей пщыхэмрэ уэркъхэмрэ, къегъэщIылIа я цIыхухэр я гъусэу, Псыжь зэпрыкIри, адрыщIкIэ къыщылъ щIыналъэм зрагъэзэгъэн хуей хъуащ. А щIыкIэм тету, Бабыгу (Бабыгуей) къэбэрдей лIакъуэцIэр зезыхьэ пщым и къуажэ зыбжани Лабэрэ Щхьэгуащэрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм къыщыхутащ. ЩIыпIэцIэхэр зыджхэм я нэхъыбапIэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, шытхым и иджырей фIэщыгъэр а унэцIэм къытехъукIащ (Виноградов Владимир, «Топонимия средней Кубани»). Ковешников Вячеслав «Очерки по топонимике Кубани» и тхылъым зэритымкIи, фIэщыгъэр «Бабыкъуэ» цIыхухъуцIэм къытехъукIащ. Бабыкъу къуажэ Хы ФIыцIэр зи кIуапIэ Шахэ псышхуэм и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ Беикъуэпсрэ Бушийрэ къыщыхэлъадэкIэ, а щым я зэхуаку къыщыунэху хуей зэхуэщимэ-зэпэплIимэм итщ ар. КIахэ адыгэхэм а щIыпIэм щхьэкIэ ноби «Бабыкъу къуажэ» жаIэ. Урыс-Кавказ зауэм и кIэхэм Шахэ и псыхъуащхьэр и хэщIапIэт къущхьэрыс (бгырыс) убыххэм я дзэпщ нэхъ пажэхэм хабжэу къекIуэкIа, Бэрзэдж лIакъуэм щыщ, хьэжы Бабыкъу Алым-Джэрий. ЗэпэщIэувэныгъэ кIыхьым икIи хьэлъэм и иужьрей илъэсхэм пащтыхьыдзэхэм мы щIыпIэм щыпхраша «Убых кордон линие» зыфIащари мыбдежрат щиухыр. 1864 гъэм мэлыжьыхьым и 14-м Бабыкъу къуажэм и Iэгъуэблагъэм щызэрихьэлIэгъащ зы пIалъэм къриубыдэу убыххэм я щIыналъэм къизэрыгуауэ щыта пащтыхьыдзэхэм ящыщу 3-р: Дыгъэмыс лъэныкъуэмкIэ къикIыу мы щIыпIэм къихьа дзэ пакIэу генерал-майор Гейман зи Iэтащхьэр, къущхьэщIыб лъэныкъуэмкIэ (Псыжь здэщыIэмкIэ) щежэх Пщыхьэ и къуэладжэм къыдэкIыу, уэсукхъуэхэм я къыгуэугъуэм ирихьэлIэу къуршхэм къащхьэпрыкIа, генерал-майор Граббе Николай зи пашэ гупымрэ Дахэ псыхъуэр Урысейм къыхуэзызэуа дзэмрэ («Даховский отряд»). КъызэдебгъэрыкIуа урысыдзэхэм езы Бабыкъу хьэжыр япежьэн хуей хъуащ, и жылэхэр бийм зэтримыгъэгъэсхьэн папщIэ. А Iуэхугъуэр езы убыххэм къазэрыхуэщхьэпэжа щIагъуэ щымыIэми, зи гугъу тщIы къуажэм къыдэна псэупIэхэр езы урысхэм иужьым къагъэсэбэпыжащ: дзэ гуэдзэм къадэкIуа лъэсырыкIуэ батальон псо «щIагъэзэгъащ». ЗэрыпхъуакIуэхэм я нэгу къыщIэува къуажэр и «шыфэлIыфэкIэ» телъыджэт: зыгъэпщкIуа жыг хадэхэм унэхэр адэкIэ-мыдэкIэ къыщыхэплъагъукIырт, я зэхуаку уэрам хэгъэунэхукIа гуэрхэри дэмыту. Абыхэм къахэщхьэхукIырт, гу лъумытэнкIэ Iэмал зимыIэу, езы Бабыкъу хьэжым къатитIу зэтет и псэупIэ дэгъуэр - зи унащхьэр пхъэбгъу зыкъизыххэмкIэ зэщIэIулIар («Кавказ» журнал, 1868 гъэ, Невский Павел: «Закубанский край в 1864 г.», 97-нэ напэкIуэцI). Бабыкъу къуажэ деж ноби ущрохьэлIэ гъуаплъэрэ гъущIрэ къыщыщIаIущIыкIыу щыта, гъуэжлау теплъэ зиIэ лъэщапIэжьхэм. Iэгъуэблагъэм щыплъагъунущ мы щIыпIэм щыпсэуахэм зи гугъу тщIа лIэужьыгъуэхэр щагъэткIу-щагъэвыжу къадекIуэкIа щIытI абрагъуэхэри. Абыхэм иджыри къыздэсым къыщIагъуатэ гъуаплъэ, гъущI пкъыгъуэхэм я пыдзахуэ зэхуэмыдэхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, мыбы хуэдэ пасэрей къыщIэхыпIэхэмрэ лъэщапIэжьхэмрэ адыгэ-абазэ-убых лъэпкъ зэрыбыныр ижь-ижьыжкIэрэ зэрыса адрей бгылъэ щIыналъэхэми дазэрыщрихьэлIэр. ЩIыпIэцIэхэр джыным куэд щIауэ яужь ита, Адыгэ Республикэм щыпсэуа Мерэтыкъуэ Къасым къызэрихутамкIэ, Бабыкъу къуажэр здэщыт щIыпIэм хуэгъэзауэ адыгэхэм нэхъапэм «Инал и кIей» фIэщыгъэри къагъэсэбэпу щытащ. Мерэтыкъуэм зэрыхуигъэфащэмкIэ, а псалъэхэр етпх хъунущ Инал пщышхуэм, лъэхъэнэ жыжьэу блэкIам адыгэ лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэфауэ щытам, и цIэм. ФIэщыгъэр языныкъуэхэм «Бабыкъуэ» унагъуэцIэм къытехъукIауэ къалъытэ, мыдрейхэм ар «Бабыкъу» цIыхухъуцIэм къытепщIыкIауэ жаIэ. 1866 гъэм Шахэ и псыхъуащхьэхэр къиплъыхьат щIыналъэр зыIэщIэзыгъэхьа урыс пащтыхь администрацэм къызэригъэпэща комиссэм. А зэманым абы игъэхьэзыра дэфтэрым къызэрыщыгъэлъэгъуэжамкIэ, «Бабук-аул» (Бабыкъу къуажэ) зыфIаща щIыпIэ пхыдзар Беикъуэрэ Бушийрэ Шахэ щыхэлъэдэжым деж къыщыунэху хытIыгу ныкъуэщ. Ар щимэ щIыкIэу псищым я зэхуакум «дэубыдащ», щIы къатитIуи зэтетщ. Зи гугъу тщIа комиссэр щыхьэт зэрытехъуэмкIи, ищхьэ сэтейм и кум хуэзэу псей абрагъуэхэр зэгуэр итыгъащ, дэтхэнэми и щхьэкIэр метр 50-м нэблагъэкIэ щIым щхьэщыIэтыкIауэ. Жыг гуэрэныр ТхьэщIагъ мэзу къалъытэрт икIи абдежым адыги, абази, убыхи щызэхуэсырт, махуэшхуэ тхьэлъэIухэр щызэдаIэту. Бабыкъу къуажэр куэд дэмыкIыу ябгынэн хуей хъуащ абы къыдагъэтIысхьауэ щыта урысхэми нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэми, щIыпIэр къазэремызэгъам къыхэкIыу. Мыбдежыр ижькIэрэ и къежьапIэщ Щхьэгуащэ щхьэдэхыпIэм ноби ухуэзышэ шу-лъэс лъагъуэм, ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ ХъымыщкIей гуэрэным ухуэзышэм. Къуажэр здэщыта щIыпIэм деж мы зэманым Кавказ мэзкъуэдым и КъухьэпIэ къудамэм и гъунапкъэхъумэхэм я хэщIапIэ итщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2024 - 10:00 →
И къэунэхукIэм и бжьи и ныбжьи ухэзыгъаплъэщ
07.11.2024 - 11:26 →
Кавказ лъэпкъхэр къызытехъукIар
28.10.2024 - 17:08 →
Лонгворт Джеймс хы ФIыцIэ Iуфэм
09.10.2024 - 14:16 →
Эриду и къежьапIэр
23.09.2024 - 13:07 →
Румкъалэ быдапIэм и хъыбар
|