ЕкIуу утыку къохьэж

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ боксер КIэрэф Тимур Налшык къалэм щытекIуащ Ираным къикIа Мехраби Саджад. «Профес­сио­наль­нэ боксым и пшыхь» зэхьэ­зэхуэр къызэрагъэпэщат боксерхэм я зэIущIэхэр зэхэзышэ, ахэр нэгузыужьу езыгъэкIуэкI «Iron & Gloves Pro­motions», «PATRIOT Boxing» IуэхущIапIэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительст­вэмрэ КъБР-мрэ ­УФ-мрэ БоксымкIэ я федерацэхэм я дэIэпыкъуныгъэ хьэлъу. 

Ику ит хьэлъагъ зиIэхэм я деж зыкъыщызыгъэлъагъуэ адыгэ щIалэм текIуэныгъэр къихьын папщIэ зэIущIэм хухаха раунди 10-ми зэуэн хуей хъуащ икIи судьяхэм, псори зэдэа­рэзыуэ, ар КIэрэфым къыхуагъэфэщащ. ЗэIущIэм щIимыдзэ щIыкIэ Тимур къыхигъэщат Налшык къалэм зэпеуэр зэрыщрагъэкIуэкIынум и къарум нэхъри зэрыхигъахуэр, и лъэр жан зэрищIыр. 
«Шэч хэлъкъым нобэрей зэхьэ­зэхуэм си дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIам - япэрауэ, ар щокIуэкI сыщалъхуа лъахэм икIи сэ къыздэщIхэм я пащхьэм зыкъыщызгъэлъэгъуэнущ, ар егъэлеяуэ щIэгъэкъуэныгъэшхуэщ. Дыдейхэм дэщIыкIэ ящIэ. Апхуэдэу гурэ псэкIэ уи телъхьэхэм я макъхэр щызэхэпхкIэ текIуэныгъэм нэхъри ­ухуегъэпабгъэ, нэхъыбэми утрегъэгушхуэ. Апхуэдэу щытми, зэрыжаIэу, «щхьэ пщтыру» утыку сихьэнукъым - си лэжьыгъэр гупсысэ хэлъу згъэ­зэщIэнущ», - къыджиIат журналистхэм ди боксёрым. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2019 гъэм и кIэхэм къыщыщIэдзауэ КIэрэ­-       фыр иджы япэу Урысей Федерацэм и щIыналъэм щызауэу аращ. Абы ипэкIэ США-м зэIущIитху ехъулIэныгъэхэр щиIэу щригъэкIуэкIащ. Аргентинэми зэ щызэуащ. Абы щыIэу, 2023 гъэм и мэкъуауэгъуэм, ар къыхигъэщIащ Верон Францискэ Даниель. Мыбдежым унафэр зыIэщIэлъар ­судьяхэращ: текIуэныгъэр абыхэм иратащ ди щIалэм и хьэрхуэрэгъум. Апхуэдэ щIы­кIэ­кIэ, Тимур профессиональнэ боксым зэрыхыхьэрэ япэу къыхагъэщIа ­хъуащ. 
«Дэтхэнэ зы спортсменми хуэдэу, Iуэхуншэу куэдрэ ущысыныр си дежкIи щIагъуэкъым, ауэ нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъыщеплъмэ - а зэманым ­къриубыдэу си узыншагъэр зэтезгъэувэжащ, фэбжьхэр хэкIыжащ икIи псэкIи къарукIи зэхьэзэхуэм сыхуэ­хьэзырщ, боксми сыхуэзэшащ. Си ­гуапэщ къэзгъэзэжыну, зэIущIэм еплъыну къэкIуахэм бокс дахэ езгъэлъагъуну», - жиIащ КIэрэфым. 
Мыдрейуэ ди щIалэм къыпэщIэта Мехраби зэIущIитху иригъэкIуэкIат дызэрыт илъэсым, иджырейр еханэт. Мы гъэм ар зыхуэзахэм яхэтащ боксер лъэщхэу Лопсан Артыш, Зонь Никитэ сымэ. 
ЗэIущIэм щIидзэным ипэ къихуэу спортсменхэр яшэчати, КIэрэф Тимур килограмм 75,7-рэ, иран щIалэр килограмм 78,8-рэ хъууэ ятхащ. 
«Си Iуэхур иджыпсту хъарзынэщ. РаундипщIым фIыуэ сагъэбэуащ, си хьэрхуэрэгъур лъэщт - дапхуэдизрэ хуищIэу сеуами псори ишэчащ. ­Илъэсрэ ныкъуэрэ хъуауэ мыр си япэ зэIущIэу аращ, сыхьэзырщ нэгъуэщI зэхьэзэхуэхэм сыхэтыну. Урысейми хамэ къэралхэми зэIущIэхэм сыхагъэтыну къысхуагъэлъагъуэ», - къыхигъэщащ Тимур зэIущIэ нэужьым. 

КЪАНШЫУЕЙ Алим.
Поделиться: