Глобусыр къызэрагупсысрэ куэд щIащ

ЩыIэщ хьэпшып, куэд дыдэ щIауэ къэдгъэсэбэпу, ауэ ар къэзыгупсысамрэ къызэрежьамрэ хэтщIыкIышхуэ щымыIэу. Къэтщтэнщ глобусыр. Хэт и цIэ абы епхар, сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэм ехьэлIа и къежьэкIар?! «Глобус» псалъэр латиныбзэм къытекIащ, «шар» жиIэу къокI. ЩIыр къызэрапщытэ Iэмал нэхъ нэщIыса дыдэщ. Абы меридианхэр, къэралхэр, щIыпIэхэм я зэхуаку дэлъ жыжьагъхэр - псори белджылыуэ къыщыгъэлъэгъуащ. Глобусыр куэдым къагъэсэбэп пэш кIуэцI ирагъэдахэуи, тыгъэуи ят. ЩыIэщ цIыху IэкIэ ящIа глобус дахэм доллар мелуани 5-м нэс щIитыну зигу пыкI. ЩIым е нэгъуэщI планетэхэм ямызакъуэу, уафэм и теплъэр зиIэ глобусхэри ящI. АбыкIэ тыншу къыпхуогъуэт вагъуэхэм я зэпэщылъыкIэр.

Япэу глобусым и моделыр ди эрэм ипэкIэ 150 гъэм пасэрей алыдж философ Малльский Кратет къигупсысауэ хуагъэфащэ. «Одиссея» поэмэм куэдрэ едаIуэрти, абы хэта лIыхъужьыр зрикIуа лъагъуэхэр глобусым тридзэрт. Ар уи фIэщ пщIы хъунущ: илъэсищэ зыбжанэкIэ абы и пэ къихуэу, Пифагор жиIауэ щытащ ЩIыр зэрыхъурейр. ИужькIэ, Аристотель абы щыхьэт техъуэжащ, астрономием къэхутэныгъэхэр щригъэкIуэкIри.

1492 - 1494 гъэхэм я гугъу пщIымэ, ар Колумб и экспедицэр Америкэм зэрыщыIам и закъуэкъым ахэр тхыдэм къызэрыхэнар. А зэманым къежьащ глобус нэхъ пасэрей дыдэхэм ящыщ «Земное яблоко» зыфIащар. Уеблэмэ ди зэманми къэсащ ар. А глобусыр и IэрыкIщ нэмыцэ щIэныгъэлI Бехайм Мартин. ЯпэщIыкIэ ар миллиметри 507-рэ хъу ятIэ шарт. Иужьым щэкIкIэ къашхыхьыжри, полюситI, экватор, меридиан, хуабейкуэщIхэр (тропикхэр), Европэр, Азиер, Африкэр тращIыхьащ. КIэщIу жыпIэмэ, ЩIым теухуауэ ящIэу хъуар къыщагъэлъэгъуащ. «Земное яблоко» глобусыр щахъумэ Нюрнберг дэт Лъэпкъ музейм.

XIX лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу глобусыр школхэм къыщагъэсэбэп хъуащ. Нэхъапэм ар – пхъэ шарым тегъэпщIа тхылъымпIэ картэт. Иджырей глобусхэр нэхъыбэу къызыхащIыкIыр термопластикщ. Абы картэр тегъэпщIащ.

Дунейм щыцIэрыIуэ глобусхэр щыIэщ. 1987 гъэм ящIа «Глобус Мира» зи фIэщыгъэр метри 10 хъу, тонн 30 зи хьэлъагъ пхъэ сферэщ. Глобус кIуэцIым цIыху 600 йохуэ. Иджыпсту ар Италием щыIэщ. Дунейм щынэхъ ин дыдэ глобусым – «Эрта» - тонни 2,5 и хьэлъагъщ, метр 12,5-рэ и инагъщ. Ар Гиннесс РекордхэмкIэ и тхылъым иратхащ. Глобусыр США-м щыIэщ. Жырым къыхэщIыкIащ метр 43-рэ зи лъагагъ, метр 37-рэ зи кIыхьагъ, тонн 70 зи хьэлъагъ «Унисфера» глобусыр. Ар Нью-Йорк, «Флашинг-Медоус-Корона» паркым щыIэщ. Бостон щыIэщ къатищу зэтрагъэува абдж зэмыфэгъум къыхэщIыкIа «Маппариум» глобусыр. Абы и кIуэцIым лъэмыж ищIыхьащ.

ХЬЭГЪЭБАНЭ Залинэ.
Поделиться: