ПРОДУНОВЭ Еленэ: Си къалэн нэхъыщхьэу къэслъытэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэр Олимп джэгухэм щыIунырщ![]() Спортивнэ гимнастикэм ди республикэм япэ лъэбакъуэхэр щичу арауэ жыпIэ хъунущ. Абы къыхэкIыу, иджыблагъэ зэхэсха хъыбарым сытригъэгушхуащ нобэрей интервьюр фи пащхьэ нислъхьэну. Щхьэусыгъуэ хуэхъуари Владимир къалэм спорт гимнастикэмкIэ щекIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщызыхьа ди хъыджэбз цIыкIу Блий Элинэ и тренерыр дуней псом щыцIэрыIуэ спортсменкэ Продуновэ Еленэу зэрыщытыр къызэрысщIарщ. Сэ икъукIэ сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ апхуэдэ цIыху хьэлэмэтыр, дуней псом зи цIэр фIыкIэ щызыгъэIуар ди республикэм зэрыщылажьэр. Ар сщIакъым икIи уеблэмэ си жагъуи хъужат. Сыту жыпIэмэ, республикэм спортым и лъэныкъуэкIэ къыщекIуэкIхэм сакIэлъыплъырт икIи а IэнатIэм и Iуэху зыIутхэм мыIейуэ сыщыгъуазэу зыкъысщыхъужырт. Си щыуагъэр згъэзэкIуэжыну яужь сихьэри, мы тхыгъэр згъэхьэзыращ.
Продуновэ Еленэ Урысей Федерацэм спорт гимнастикэмкIэ щIыхь зиIэ и мастерщ, дунейпсо, европей чемпионатхэм щытекIуащ, Австралием и Сидней къалэм щекIуэкIа олимпиадэм медалитI къыщихьащ: дыжьынрэ домбеякърэ. Удэлъейрэ тIэунейрэ ныкъуэрэ зыбгъэкIэрахъуэу, «сальто» пщIыуэ укъэувыжыныр икъукIэ гугъущ, ар зыхузэфIэкIауэ дунейм тетыр Еленэ и закъуэщ. Нобэр къыздэсми ар зыми зригъэхъулIэфакъым. Еленэ илъэсипщIым нэблэгъауэ Налшык щолажьэ, зэкIэ ехъулIэныгъэшхуэхэр щымыIэми, абыхэм пэгъунэгъу дызэрыхъум и щыхьэтщ иджыблагъэ Блий Элинэ къихьа япэ увыпIэри ди республикэм щыщ ныбжьыщIэхэр нэгъуэщI щIыпIэхэми фIыкIэ къызэрыщыхэщари.
- Еленэ, сабий дапщэм уадэлажьэрэ иджыпсту? - Щэ бжыгъэм щIигъу къокIуалIэ, абы и нэхъыбэри щIалэ цIыкIуу. Хабзэ хъуауэ, Кавказыр бэнакIуэхэм я щIыналъэу къалъытэ, ауэ спорт гимнастикэри цIыхухъухэми ехьэлIауэ щытщ, сыту жыпIэмэ, спорт лIэужьыгъуэ куэдым ар я лъабжьэщ. Абы сабийм и Iэпкълъэпкъым зрегъэужь, нэхъ лантIэ ещI. Гимнастикэм иужькIэ сыт хуэдэ спортми ухыхьэ хъунущ. - Къэбэрдей-Балъкъэрым спорт гимнастикэмкIэ езым и командэ къыхэха иIэжу щыт, ехъулIэныгъэфIхэр къыхуэгъэлъэгъуэн хуэдэу? - Хьэуэ, командэ къыхэха хужыпIэну апхуэдэ гуп диIэкъым зэкIэ, ауэ куэдкIэ узыщыгугъ хъун ныбжьыщIэхэр яхэтщ си гъэсэнхэм. Псалъэм папщIэ, Урысейм и чемпионатым хэхуащ Къудей Дисанэ. Адрейхэри хуэмурэ къыдокIуэтей. - Тэмэму улэжьэфын щхьэкIэ узыхуеинухэмкIэ ирикъуу укъыщызэгъэпэща республикэм? Мыбы укъэкIуэн ипэкIэ спорт гимнастикэм ди деж гулъытэшхуэ щигъуэту щытакъым. - Дэтхэнэ зы тренерми, сыт хуэдэ спорт лIэужьыгъуэ ар ирехъуи, псомкIи сыарэзыщ къыбжиIэнукъым. Япэрауэ, псори зэлъытар къыпхуаутIыпщ ахъшэм и куэдагъырщ. Командэр уи гъусэу зэхьэзэхуэхэм умыкIуэмэ, нэгъуэщI щIыпIэхэм зыкъыщумыгъэлъагъуэмэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, пхузэфIэкIынури къэпщIэфынури мащIэщ, ехъулIэныгъэхэм я гугъу умыщIыххи. Сабийхэм я зэфIэкIхэм хагъэхъуэн папщIэ, ахэр нэхъыбэрэ зэхьэзэхуэхэм хэгъэтын, нэгъуэщI щIыпIэхэм шэн хуейщ. Ауэ, ахэр зэрыцIыкIум къыхэкIыу, а Iуэхухэр зэфIэбгъэхьэныр тыншкъым. Къапщтэмэ, я ныбжьыр илъэсибгъу иримыкъуауэ ди щIыналъэм сабийхэр ипшыным гугъуехь куэд пыщIащ. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым: гимнастикэр цIыкIу дыдэхэрщ зейр. Сабийр къыдэкIуэтея нэужь гугъущ ар «къэбгъэшыну». Псалъэм папщIэ, илъэсипщIым ирихьэлIэу ехъулIэныгъэ гуэрхэр абы имыIэу щытмэ, иужькIэ апхуэдэ лъагапIэхэр абы къищтэжыгъуей хъунущ. Ди лэжьыгъэ къызэгъэпэщыкIэм и гугъу пщIымэ, спорт Iэмэпсымэхэр къэгъэщIэрэщIэжын хуейщ, абы яужь дитщ иджыпсту. Урысей Федерацэм Спорт гимнастикэмкIэ и федерацэм пыщIэныгъэхэр худиIэщ. Догугъэ спорт IэмэпсымэхэмкIэ ар къыддэIэпыкъуну. Фегупсысыт: сабийхэм зыщагъасэ пэшым илъ алэрыбгъур сом мелуанищ и уасэщ, «бревно», «брусья» жыхуэтIэхэр, сом мин 200-250-рэ я уасэщ. Спортым ехъулIэныгъэхэр ущиIэн папщIэ, иджырей IэмэпсымэхэмкIэ, обрудованэхэмкIэ зыбгъэсэн хуейщ, ауэ сабий зэчиифIэ дыдэр абыхэм щхьэкIи къанэркъым, и мурадыр зригъэхъулIэн папщIэ. Псалъэм къыдэкIуэу, сэри си ныбжьэгъухэми хэплъыхьышхуэ тщIакъым ди зэманым. Ди нэхъыбэм зыщыдгъэсар спорт зал къызэрыгуэкI цIыкIухэрщ, спорт Iэмэпсымэу щIэти щымыIэу… - Сабийр дапхуэдэу зэчиифIэу, бэшэчу щымытми, абы къыдалъхуауэ, къызыхэкIа лъэпкъым хэлъ хьэлхэми мыхьэнэшхуэ яIэу къысщохъу. Уэ дауэ узэреплъыр: Кавказым щыщ сабийхэр я IэпкълъэпкъхэмкIэ спорт гимнастикэм хуэкIуэрэ? - IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкIым хуэдэу бжесIэнщи, Кавказым щалъхуа сабийхэр нэхъыфIу хуокIуэ спорт гимнастикэм, псалъэм папщIэ, Дон Iус Ростови, Америкэми сызыщыдэлэжьа сабийхэм елъытауэ. Фи хъыджэбз цIыкIухэм я Iэпкълъэпкъхэр быдэщ, жанщ, абы къыдэкIуэу, лантIэщ. Ауэ иджыри зэ жызоIэри: сабий зэчиифIэм и Iэзагъэр дэнэ щIыпIи къыщигъэлъэгъуэфынущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, псалъэм папщIэ, сабий 20 къэс 15-м я Iэпкълъэпкъ зэхэлъыкIэр спорт гимнастикэм хуокIуэ, атIэ Урысейм а бжыгъэ дыдэм сабии 2 - 3 къыпхухэхыну аращ. Пэжщ, Iэпкълъэпкъым куэд елъытащ, ауэ дауэ сабийр спортым дебгъэхьэха, ар и щхьэм иплъхьа зэрыхъунур: фIыуэ илъагъуу, текIуэныгъэхэм хуэпабгъэу къэбгъэхъун щхьэкIэ, и псантхуэми уемыуэу, спортми игу щумыгъэкIыу. Мис аращ псом нэхърэ нэхъыбэу зытелэжьэн хуейр. Сабийхэр псынщIэу къохъу, уалъэщIэмыхьэу, зэрыжаIэу, ауэ адэ-анэхэр, тренерхэр, езы цIыкIухэр зэгъусэу, акъылъэгъу зэдэхъурэ зэдэлажьэу щытмэ, ехъулIэныгъэфIхэр абы къыпэкIуэнущ. - Гимнастикэм хуагъэсэну къашэ сабийхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъыбэ зэрыщыхъуар куэдкIэ и фIыгъэу къыщIэкIынщ ди деж ущылэжьэну укъызэрыкIуам. Дауи, спортсменкэ цIэрыIуэм и деж зыщыбгъэсэным куэд елъытащ, уэ апхуэдэу къыпщыхъуркъэ? - Гугъущ абы утепсэлъыхьыну. А упщIэм и жэуапыр нэхъыфIу зыщIэр адэ-анэхэмрэ сабийхэмрэщ. Хъыджэбз цIыкIухэм сыт щыгъуи яжызоIэ, си деж къэкIуэну ахэр зэрыхэзмыгъэзыхьыр, ауэ садэIэпыкъуну, згъэсэну, нэхъыбэм тезгъэгушхуэну сыхьэзырщ икIи абыкIэ къызогъэгугъэ. ЩIэсхъумэну сыхуейкъым: сэри си хьэлыр къызэрыгуэкI гуэру щыткъым, зэрыжаIэу, «IуэнтIащ», апхуэдэу щымытами спортым куэд щысхузэфIэкIыну къыщIэкIынтэкъым. Абы гугъуехь куэдым сыкъыхишащ, псом хуэмыдэу, зэхьэзэхуэхэм фэбжь хэсха нэужь. Сэ фIыщIэ яхузощI спорт гимнастикэмкIэ зыщыдгъэсэн пэшыр Налшык къалэм щытхуэзыухуахэм: КъБР-м и Iэтащхьэу щыта Къанокъуэ Арсен, КъБР-м спортымкIэ и министру лэжьа АфIэунэ Аслъэн, Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим сымэ. Ахэр мыхъуамэ, мыпхуэдэ пэш диIэнутэкъым, гимнастикэми КъБР-м щигъуэта гулъытэм хуэдэ щIэх дгъуэтынутэкъым. - МыбыкIи сыноупщIыну сыхуейт. Продуновэ Еленэ дуней псом щыцIэрыIуэ спортсменкэщ, чемпионщ, Олимп джэгухэм я медалхэр къихьащ, ауэ щылажьэр Налшыкщ… Ар уи Iулыджыр зыгъэлъахъшэ гуэру щыт? Дауэ мыхъуми, къэрал куэдым ущылэжьэну IэмалыфIхэр уиIащ. УхущIегъуэжакъэ ди республикэр къызэрыхэпхам? - Налшык сыкъызэрыкIуа хъуам и хъыбарыр къызэрыгуэкI дыдэщ. Мамхэгъ Хьэчимрэ сэрэ куэд щIауэ дызэныбжьэгъущ. Абы сыхимыгъэзыхьауэ, тримыгъэчыныхьауэ щытамэ, фIэщщIыгъуейт мы къалэм сыкъэкIуэныр, уеблэмэ, илъэситху дэкIа нэужь спортым сыкъыхыхьэжыныр. Сыт хуэдэ IэнатIэм цIыхур пэрымытами, ар зыхэтхэм ядэгуэшэн хуейщ и щIэныгъэхэмкIи, и зэфIэкIхэмкIи. Ди жагъуэ зэрыхъущи, япэм цIэрыIуэу щыта спортсменхэм ящыщу мащIэщ тренер лэжьыгъэр иужькIэ къыхэзыхыжар. Ари гурыIуэгъуэщ. Уи гъащIэр спортым епхауэ щыщытым деж, къыбдэлажьэ цIыхум къыптригъэкIуадэ къарур, гукIи псэкIи и фэм дэкIыр зыхуэдизыр уолъагъури, иужькIэ абы и пIэм уиувэжыфыркъым, къыппэщылъыр зищIысыр уощIэри. Псом хуэмыдэу бэшэчу, шыIэныгъэ пхэлъу щытын хуейщ тренеру улэжьэн щхьэкIэ, адрей псори къызогъанэри. Налшык укъызэрыкIуам ухущIегъуэжрэ, жыпIащи, хьэуэ, сыщIегъуэжыркъым. АтIэми, иджыпсту США-ми, Бразилиеми, нэгъуэщI къэралхэми срагъэблагъэ сыщылэжьэну, ауэ си гъащIэ гъуэгум апхуэдэу зыкъызэридзэкIри, Налшык сыкъэкIуэну си кIэн къикIащи, абы срогуфIэ. Сыт щыгъуи гъэщIэгъуэнщ щIэ гуэрхэм япэу щIэбдзэныр, уи мурадхэмрэ зыхуэбгъэувыжа къалэнхэмрэ къызэрохъулIэр уэ езым плъагъужыныр. ИщхьэIуэкIи зэрыжысIащи, гимнастикэр дэтхэнэ спорт лIэужьыгъуэми и лъабжьэщ, къыщIэдзапIэщ. Олимпиадэм и япэ спорт лIэужьыгъуэуи ар ауэ сытми щыткъым. Пэжщ, гукъыдэж симыIэу спортзалым сыкъыщыкIуэ къысхуохуэ, ауэ пэшым сызэрыщIыхьэу, сабий цIыкIухэм сазэрыIурыплъэу, я нэ цIыкIухэм сазэрыщIэплъэу, псори сщагъэгъупщэж. Мис ахэращ сыхущIезымыгъэгъуэжыр Налшык сыкъызэрыкIуам… - Ущыспортсменым щыгъуэ гимнастикэм щыбгъэзэщIа техникэхэм уи цIэр фIащауэ нобэр къыздэсым зэрахьэ, уэ бгъасэ цIыкIухэм ар дауэ къазэрыщыхъур? - Сэ абыхэм сыт щыгъуи яжызоIэ: зэхьэзэхуэхэм дыкIуа нэужь судьяхэр нэгъуэщI нэкIэ къывэплъынущ, Продуновэ Еленэ и гъэсэну фызэрыщытым щхьэкIэ. Уеблэмэ цIыкIухэм солъэIу: дахэу зыкъэвгъэлъагъуэ, щыуагъэ фIэщIэкIыу щытмэ, япэу ягъэкъуэншэнур сэращ – тэмэму ядэлэжьэфыркъым, жаIэу. Дауи, ахэри хуейщ си техникэм зрагъэсэну, ар ягъэзэщIэну, ауэ 1999 гъэ лъандэрэ ар зыми хузэфIэкIакъым (илъэс 25-рэ дэкIащ! – Хь.О.) СыгуфIэнут, си гъэсэнхэм ящыщ гуэрым ар игъэзэщIатэмэ. - Спорт утыкум ухуэзэшыркъэ? - Нобэр къыздэсым сопщIыхь. Ар гухэхъуэщ, ар насыпщ. Зы гимнастми къыбжиIэфынкъым утыкум щихьэм деж абы и гум щигъафIэр зыхуэдэр. Ар адреналинщ, гухэхъуэщ. ПщыхьэпIэм сыхэту зэхьэзэхуэхэр слъагъуми, абы щхьэкIи согуфIэ… - Налшык ныбжьэгъухэр щызэбгъэгъуэта? - Сэ зыкъысфIэщIыжакъым, сыхьэзырщ дэтхэнэ зыми сеуэршэрылIэну, сыбгъэдэсыну. Продуновэ Еленэу сызэрыщытыр, си цIэрыIуагъэр къыщызгъэсэбэпыр си гъэсэнхэм я Iуэху пхызгъэкIын хуей щыхъухэм дежщ. Спортри текIуэтынущ, узэрычемпионри ящыгъупщэжынущ, нэхъыщхьэр цIыхуу укъэнэжынырщ. ПцIы супсыну сыхуейкъым - си цIэр куэдрэ сэбэп къысхуэхъуащ. Си гъащIэм сыт щызэзгъэхъулIауэ щытми, псом япэрауэ, зи фIыгъэр сэращ, си хьэлым, си ерыщагъым, си ныбжьэгъухэм я Iыхьэ гуэрхэри хэлъу. Абыхэм фIыуэ сыкъыщIалъагъур сызэрычемпионыркъым, атIэ си цIыхугъэм щхьэкIэщ. Иджыпсту сызытехьа гъуэгущIэм – тренер лэжьыгъэм - куэд къыщыспэщылъщ. Гимнастикэм сыкъыхыхьэжащ нобэрей сабий цIыкIухэм садэIэпыкъун, спортым щысхузэфIэкIам хуэдэхэр зыIэрагъэхьэфын, си нэгу щIэкIа гуфIэгъуэхэр езыхэми зыхащIэн папщIэ. Къалэну сиIэр зыщ, шэчи абы къытесхьэркъым, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменым и цIэр Олимп джэгухэм къыщыIунырщ.
Поделиться:
Читать также:
18.02.2025 - 17:00 →
Спорт хъыбархэр
12.02.2025 - 17:00 →
Тхурщ къахэжаныкIыфар
10.02.2025 - 13:56 →
ЗэкIэ и закъуэщ
31.01.2025 - 14:00 →
СПОРТ ХЪЫБАРХЭР
15.01.2025 - 20:28 →
Оренбург зыхуагъэхьэзыр
|