СПОРТ ХЪЫБАРХЭР![]() ЗэкIурейм и фэеплъу Бахъсэн къалэ бэнэкIэ хуитымкIэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ щызэхэтащ. Ар фэеплъ хуащIащ мы спорт лIэужьыгъуэмкIэ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ, СССР-м спортымкIэ и мастер ЗэкIурей Николай. Спортым, нэхъыбэу бэнэкIэ хуитым, дихьэх нэхъыжьхэр фIыуэ щыгъуазэщ Николай зэфIэкI ин зиIэ бэнакIуэ къудей мыхъуу, гъэсакIуэу Бахъсэн дэт спорт школым ехъулIэныгъэшхуэхэр иIэу илъэс 65-м нэблагъэкIэ зэрыщылэжьар. Абы игъэхьэзырахэм къахэкIащ, ди къэралым имызакъуэу, Европэмрэ дунейпсо зэхьэзэхуэхэмрэ япэ, етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр къыщахьу абы къыпэкIуа медалхэр къыыщызыхьахэр. Мы зэхьэзэхуэм спортсмен ныбжьыщIэу 230-м щIигъу хэтащ. КъыхэжаныкIахэм кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ. Зэхьэзэхуэр фIэгъэщIэгъуэну къекIуэлIа дэщIакIуэхэри зэшакъым. КIэщIу жыпIэмэ, къызэгъэпэщакIуэхэм яIа мурадхэр къехъулIауэ къэплъытэ хъунущ. Кавказ Ищхъэрэм щыщ Iэпщэрыбанэхэр зэпеуащ «Налшык» спорткомплексым мы лIэужьыгъуэмкIэ цIыхуищэм щIигъу, командэ 14 зыхэта зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Лъэпкъ гвардием и Кавказ Ищхъэрэ дзэ округым хэт зауэлIхэм IэпщэрыбанэмкIэ я зэфIэкIыр мыбы щагъэлъэгъуащ. Зэхьэзэхуэр зэхаублэн ипэ къихуэу, абы кърихьэлIа псоми захуигъазэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ судья нэхъыщхьэ, округым физическэ гъэсэныгъэмрэ спортымкIэ и унафэщI Бунин Сергейрэ Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и Управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Хэжь Аслъэнрэ. Ди гуапэ зэрыхъуащи, ди щIалэхэм япэ увыпIэр къахьащ. ЕтIуанэр Дагъыстэн, ещанэр Шэшэн республикэхэм я командэхэм яубыдащ. КъыхэжаныкIэхэм медалхэмрэ кубокхэмрэ езытар Урысей гвардием и щIыналъэ Управленэм и унафэщI Васильев Сергейщ. Зэхьэзэхуэр зэхуащIыжу къэпсэлъа унафэщIхэм къызэрыхагъэщащи, зэпеуэр ныкъусаныгъэншэу, екIурэ-ещхьу къызэгъэпэща хъуащ икIи ар зи фIыщIэхэм пщIэ хуащIащ. Кулюшинэ Янэ КъБР-м щыпашэщ Шабзауэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ ди республикэм и чемпионат пэш кIуэцIым щызэхэтащ. Мыбы бжьыпэр щиубыду, Орёл къалэм щызэхэт Урысейпсо зэпеуэм кIуар Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым спортымрэ физкультурэмкIэ и факультетым щеджэ Кулюшинэ Янэщ. Ар етIуанэ курсым щIэсщ. И ныбжькIэ щIалэми, ар хунэсащ ди республикэм имызакъуэу Урысейпсо зэпеуэныгъэхэм зыбжанэрэ увыпIэ лъагэхэр къыщихьащ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуар Кулюшинэр езэш имыщIэу, жыджэру и Iэзагъым зэрыхигъэхъуэным зэрыхущIэкъурщ, и зэманым и нэхъыбапIэр абы зэрытригъэкIуадэрщ. Абы фIыуэ къыгуроIуэ ехъулIэныгъэшхуэ уиIэным пыщIа гугъуехьыр зыхуэдэр, ауэ абы и псэр хуэпабгъэу, къикIуэт имыIэу и мурадышхуэхэр зригъэхъулIэным хущIокъури, ди гуапэщ и цIэр Европэ, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм щыIуну.
Поделиться:
Читать также:
18.02.2025 - 17:00 →
Спорт хъыбархэр
12.02.2025 - 17:00 →
Тхурщ къахэжаныкIыфар
10.02.2025 - 13:56 →
ЗэкIэ и закъуэщ
15.01.2025 - 20:28 →
Оренбург зыхуагъэхьэзыр
15.01.2025 - 17:16 →
ШахматымкIэ нэхъ лъэщхэр
|