ЗэкIэ и закъуэщСамбэ Урысей Федерацэм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Новосибирск къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ куэдым я бэнакIуэ 650-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу цIыхуибл хэтащ зэхьэзэхуэм, ауэ абыхэм ящыщу къыхэжаныкIар Мамий Атмир и закъуэщ. Килограмм 88-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ спортсмен ныбжьыщIэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ. Къыхэдгъэщынщи, Атмир зыхэта гупыр бэнакIуэ 57-рэ хъурт.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 10:16 →
Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
| ||




