Спорт хъыбархэр![]() Джиу-джитсу Гуп зэпеуэм щыещанэщ Саратов областым и Кубокыр джиу-джитсу спорт лIэужьыгъуэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Энгельс къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м КаратемкIэ и федерацэм и спортсмену щIалих. Зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ ирагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Малкандуев Имран. Ар зыхэтар килограмм 45-рэ зи хьэлъагъхэм, илъэс 12-м щIимыгъуахэм я зэпеуэрщ. Джиу-джитсу лIэужьыгъуэмкIэ зэпеуэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Малкандуев Эльдаррэ (кг 28-рэ) Хьэжырокъуэ Мухьэмэдрэ (кг 40). ЩIалитIыр щызэуар зи ныбжьыр илъэси 8 - 10-м щIимыгъуахэм я дежщ. Ещанэ увыпIэхэр къахьащ Маргъущ Амырхъанрэ (кг 28-рэ, илъэс 8 - 9 зи ныбжьхэм яхэту) Гъубжокъуэ Жамболэтрэ (кг 44-рэ, илъэс 12 - 13 зи ныбжьхэм). Маргъущ Алихъан еплIанэ увыпIэр къыщихьащ килограмм 44-рэ зи хьэлъагъхэр, илъэс 12 - 13-м щIимыгъуахэр зыхэта гупым. Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, КъБР-м и командэм ещанэ увыпIэр къыхуагъэфэщащ. ЩIалэхэм я тренерыр Майрамкулов Казбекщ.
Алыдж-урым бэнэкIэ Нэхъ лъэщхэр зэхагъэкI Къэбэрдей-Балъкъэрым алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ республикэм и щIыналъэхэм я бэнакIуэ 67-рэ, я ныбжькIэ илъэс 23-м щIимыгъуауэ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Тэркъан Казбек (кг 55-рэ), Iэтэ Марат (кг 60), Тумэ Сэлим (кг 63-рэ), Щомахуэ Ислъам (кг 67-рэ), БищIо Астемыр (кг 72-рэ), Панюшкин Беслъэн (кг 77-рэ), Щомахуэ Алим (кг 82-рэ), Щомахуэ Альбиян (кг 87-рэ), КъуэщIысокъуэ Нурдин (кг 97-рэ), Гъубж Аскэр (кг 130-рэ) сымэ. Зэхьэзэхуэм япэ увыпIищыр къыщызыхьахэр хэтынущ Кавказ Ищхъэрэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр щыубыдыным хуэунэтIауэ мы гъэм екIуэкIыну зэпеуэм. Кикбоксинг Медалу 38-рэ Черкесск къалэм и «Юбилейный» спорт комплексым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм кикбоксингымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм я спортсмен 450-м щIигъу. Ди республикэм и командэм щыщу абы хэтащ цIыху 67-рэ икIи медаль 38-рэ къахьащ. Илъэс 19 - 40 зи ныбжьхэм я деж япэ увыпIэхэр щаубыдащ Пэрыт Казимиррэ (кг 60) Къэзан Рахьимрэ (кг 91-рэ). Илъэс 17 - 18 зи ныбжьхэм я зэпеуэм япэ щыхъуащ КIарэ Къантемыр (кг 81-рэ), Абдусаламов Саид (кг 86-рэ), Шыкъ Албэч (кг 9I+), Ламырдон Дианэ (кг 70+) сымэ. Илъэс 15 - 16 зи ныбжьхэм я деж бжьыпэр щаубыдащ СэвкIуий Саидэ (кг 42-рэ), Къандэхъу Расул (кг 63,5-рэ), Джангуразов Щамил (кг 67-рэ) сымэ. Илъэс 13 - 14 зи ныбжьхэм я деж щытекIуащ Атмурзаевэ Аделинэ (кг 60). Ди командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Куэшмэн Рустам, БецIыкIу Хьэзрэт, Саралидзе Айдин, ДыщэкI Аслъэнбэч, Сасыкъ Анзор, БецIыкIу Ибрэхьим, Къудейхэ Алимрэ Залымрэ. Иджы екIуэкIа зэпеуэм щыIа ди щIалэхэм ящыщу 4-р хэтынущ мы гъэм щэкIуэгъуэм и 26 - 30-хэм Каспийск къалэм щызэхашэну УФ-м кикбоксингымкIэ и чемпионатым. Мыдрейуэ, иджыри ди спортсмен 19-м Iэмал ягъуэтащ УФ-м кикбоксингымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм накъыгъэм и 11 - 15-хэм Къэзан къалэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну. Абыхэм япэ къихуэу мы гъэм мазаем и 24 - 28-хэм Налшык къалэм къызэрыхах зэхьэзэхуэ щекIуэкIынущ. Абы къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ КИФЩI-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэм. Дзюдо МедалиплI къытхуахь РСФСР-м дзюдомкIэ щIыхь зиIэ и тренер Зайцев Юрий и фэеплъ зэхьэзэхуэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 23-м я бэнакIуэу, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 210-рэ, я ныбжькIэ илъэс 23-м щIимыгъуауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу зэпеуэм щыIащ ди щIалий икIи абыхэм ящыщу Къущхьэ Темырлан (кг 73-рэ хъухэр зыхэт гупым щыщщ) дыщэ медаль къихьащ. Апхуэдэ щIыкIэкIи УФ-м спортымкIэ и мастер цIэ лъапIэр абы къыхуагъэфэщащ. Зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэхэр къыщахьащ Бер Русланрэ (кг 73-рэ) ТекIужь Астемыррэ (кг 81-рэ). Зи хьэлъагъыр килограмми 100-м щIигъухэм я деж щыбанэ Беслъэней Дамир ещанэ хъуащ. Ди щIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Иванов Дмитрий, Апхудэ Андзор, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ. Мыдрейуэ, УФ-м дзюдомкIэ пашэныгъэр щыубыдыным хуэунэтIауэ мы гъэм мэлыжьыхьым и 10 - 14-хэм Волгоград къалэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтынущ иджы екIуэкIа зэIущIэм япэ увыпIищыр къыщызыхьахэр.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 17:00 →
ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ
17.03.2025 - 15:40 →
МинитIым щIигъу зэхуэсат
17.03.2025 - 15:00 →
Суздаль медалищ къраш
03.03.2025 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
12.02.2025 - 17:00 →
Тхурщ къахэжаныкIыфар
|