Спорт хъыбархэрМедаль зырыз Грознэ къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм ММА-мкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ спортсмени 150-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 18 - 20-м къриубыдэу. Зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр икIи ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр абы щызыIэрагъэхьащ. Я хьэлъагъхэм елъытауэ ахэр щызэуа гупым бжьыпэр щиубыдащ Алий Iэдэм, етIуанэ хъуащ Мирзоев Арсен, ещанэ увыпIэр иубыдащ Батыр Къантемыр. КИФЩI-м ММА-мкIэ и чемпионатым щытекIуахэр хэтынущ УФ-м и чемпионату мы гъэм накъыгъэм и 29-м Самарэ къалэм щекIуэкIынум. ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэхэр къэзыхьахэр щIэбэнынущ УФ-м и Кубокыр къэхьыным. А зэхьэзэхуэр щекIуэкIынур фокIадэ мазэрщ. Ди командэм и тренерыр Хьэщыкъуей Артурщ. Я лъэщагъыр къагъэлъагъуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм кикбоксингымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм я спортсмен 625-рэ, я ныбжькIэ илъэси 10-м къыщыщIэдзауэ 40-м нэсыху хъууэ. МахуиплIкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм спортсменхэр щызэпеуащ «лоу-кик», «лайт-контакт», «поинтфайтинг» лIэужьыгъуэхэмкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэм псори зэхэту медалу 58-рэ абы къыщахьащ икIи гупхэм я зэпеуэм етIуанэ увыпIэр щаубыдащ. Зэхьэзэхуэм щытекIуа ди спортсмен 12-р хэтынущ УФ-м и чемпонату Дагъыстэным и Каспийск къалэм щызэхашэнумрэ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Къэзан къалэм щызэхэтыну зэпеуэмрэ. Тхьэгъэлэджыр ещанэщ Олимп джэгухэм я чемпион Дмитриев Роман и фэеплъу Мэзкуу къалэм мас-рестлингымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 18-м я спортсмени 100-м щIигъу, къитащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм. Зэхьэзэхуэм килограмм 75-рэ зи хьэлъагъхэм я деж и зэфIэкIыр щызыгъэлъэгъуа Тхьэгъэлэдж Сэлим зэпеуэм и домбеякъ медалыр къихьащ. Нартан щыщ щIалэм зэIущIищ иригъэкIуэкIати, тIум щытекIуащ, зыр иригъэхьри, ещанэ увыпIэм къыщыувыIащ. Тхьэгъэлэджым и тренерыр Гъубж БетIалщ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 10:16 →
Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
| ||




