ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ![]() Мы гъэм къэралым и дэнэ щIыпIи къыщызэрагъэпэщ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум хуэгъэпса зэпеуэ, зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм ящыщ зыуэ щытащ «Динамо» спорт зэгухьэныгъэм боксымкIэ и урысейпсо зэхьэзэхуэу Налшык къалэм щекIуэкIар. Абы хэтащ Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу 18-м я спортсмени 170-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 15 - 16 хъухэу. МахуитхукIэ екIуэкIа зэпеуэхэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и боксер ныбжьыщIэу 32-рэ икIи ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр щызыIэрагъэхьащ. Псори зэхэту медали 8 абыхэм къахьащ, 6-р дыщэу. Я хьэлъагъ елъытауэ щызэуа гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Ахъуэбэч Iиляс (кг 46-рэ), Быф Дамир (кг 48-рэ), Пщынокъуэ Ислъам (кг 50), Динаев Билал (кг 54-рэ), Батыр Ренат (кг 57-рэ), Байзуллаев Жамболэт (кг 63-рэ) сымэ. Дыжьын медалхэр къахьащ Къашыргъэ Имранрэ (кг 50), Аршиев Аслъэнрэ (кг 57-рэ). Зэхьэзэхуэм щытекIуахэр хэтынущ Урысей Федерацэм боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм мэлыжьыхьым и 2 - 12-хэм Владимир областым и Суздаль къалэм щызэхашэну зэпеуэм. КъБР-м и командэр зэIущIэм хуагъэхьэзыращ Чочаев Расул, Къумыкъу Мухьэмэд, Куэшмэн Аслъэн, Елгъэр Елдар, КIэрэф Аслъэн, Хаджиев Марат, Гелястанов Марат, Хаджиев Малик сымэ.
Поделиться:
Читать также:
05.03.2026 - 15:26 →
Бахъсэндэсхэм спортым ехъулIэныгъэфIхэр щаIэщ
03.03.2026 - 15:00 →
Щхьэлыкъуэ и хьэщIэ лъапIэхэр
24.02.2026 - 12:59 →
ТIури домбеякъыу
24.02.2026 - 12:56 →
Спорт хъыбархэр
18.02.2026 - 13:33 →
Спорт хъыбархэр
| ||





