Тэрч щIыналъэм щызэхуос

«Тэрч Олимп» спорт комплексым щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ. Ар ирагъэхьэлIат Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм.

ЗэIущIэр зэрекIуэкIам кIэлъыплъащ КъБР-м  и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ, Олимп джэгухэм я чемпион Къардэн Мурат, КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур, ­Европэм плIэнейрэ чемпион щыхъуа Салказанов Таймураз, 2024 гъэм ирагъэкIуэкIа Олимп джэгухэм домбеякъ медаль къыщызыхьа, мы гъэм европей чемпионатым щытекIуа Валиев Чермен сымэ, нэгъуэщIхэри. 
ХьэщIэхэмрэ спортсменхэмрэ псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Тэрч щIыналъэ администрацэм и унафэщI Хъущт Аслъэнбий икIи къыхигъэщащ ­сабий спортым зегъэужьыным мыхьэнэшхуэ зэрыратыр икIи абы ехьэлIауэ лэжьыгъэ пыухы­кIахэр зэрырагъэкIуэкIыр.
ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу зэхэта зэпеуэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, япэ увыпIэр къихьащ Налшык къалэм и «Гладиатор Аватар» командэм, етIуа­нэщ Къэрэшей-Шэрджэсым и Нэгъуей щIыналъэм къикIа бэнакIуэхэр, ещанэ хъуащ Бахъсэн къалэм и лIыкIуэхэр.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм иратащ медалхэр, щIыхь тхылъхэр, ахъшэ саугъэтхэр. 
 

КЪАНШЫУЕЙ Алим.
Поделиться:

Читать также: