Анэшхуэм и къэрабэ

Уэсыр зэрытекIыу щIым къыхэкI къэрабэгъуэжь цIыкIур бжьыхьэр къэсу дунейр щIыIэтыIэ хъуху къогъагъэ. Абы махуэм хуэзэу и фэр тIэу ехъуэж. Пщэдджыжьыр дыгъэпсми, абы и тхьэмпэ цIыкIухэр жьыуэ къызэрыкIыркъым. Дунейр щыуфам зызэкъуихыркъым.

Махуэм зыщиIэтым деж, дыгъэм и плъыфэ удз гъэгъам дуней хуэгуфIэу хуэмурэ зыкъызэкъуех. Пщыхьэщхьэ хъуамэ, зи дамэ гуэхуа кърууэ зызэхуещIыж. Зэман докIри, гъуэжь дахащэу гъэгъар, арауэ умыщIэжыну,бжьэхуцым хуэдэу хужь мэхъури полъэлъыж.

ДыщыцIыкIум, «ди дадэ и щхьэр пцIанэ дощI» жытIэурэ депщэмэ къэрабэ хужьыр пылъэлъырти, абы дридыхьэшхыу щытащ. Гъэгъа гъуэжь цIыкIухэр къитчырт, дищхьэми хъуреягъым хуэдизу дыухуэнырти, пыIэм ещхьу зыщхьэрыттIагъэрт. Апхуэдэу, гъэр иухыху, мэгъагъэ-мэкIуэдыж, аргуэру къощIэрэщIэж а къэкIыгъэ гъэщIэгъуэныр.

ЩIым къыщыкI дэтхэнэ удзми, псоми зэрытщIэщи, хущхъуэгъуэ гуэр хэлъщ. Ди япэ ита нэхъыжьыфIхэр абы щыгъуазэт. Си анэшхуэм дыгъэр зи плъыфэ къэрабэ цIыкIум хущхъуэ къызэрыхихыу щытам щыгъуазэ фыхуэсщIынщ.

Ар къричырти, щIымахуэм шей папщIэу дригъафэрт. Къэрабэ гъуэжь цIыкIуитху къыпичырти, гъущI кумбыгъэм из псы къэкъуалъэм хидзэрт, дакъикъэ тIощI хуэдизкIэ щигъэтырти, пщэдджыжьым гунэщIу мазэ псокIэ ефэрт. ИтIанэ зэпигъэурти, мазэ дэкIа иужь щIидзэжырт. Гъэгъар кIуэдыжыху апхуэдэу ищIырт. И кIуэдыжыгъуэр къыщыблагъэм къричырт, игъэгъурти, игъэтIылъырт. ЗэкIэлъхьэпыту ефэртэкъым,заул дигъэкIырт.

И лъахъцым къыхихыу щытами фыщызгъэгъуэзэнщ. Шхын щигъэхьэзыркIи, языныкъуэхэм хилъхьэрт. «Ари, и щхьэкIэм хуэдэу, хущхъуэщ», - жиIэрт абы. Гъэр къихьэу икIыжыху зэрыцIынэу къигъэсэбэпырт, щIымахуэм деж гъэгъуауэ.

Лъабжьэр щIым къыхитIыкIырт, дыгъэм хилъхьэрти фIыуэ игъэгъурт, итIанэ игъавэрти, шейм хуэдэу дригъафэрт. ИрикъухукIэ гъуаудзыр щабэ уигъэщащэрти, «умыгъэтIылъ къэпщтэжыркъым» жиIэурэ, щIымахуэм хуигъэхьэзырырт.

 А къэрабэ гъуэжь цIыкIум къаруушхуэ щIэлъщ, Iэпкълъэпкъым къеуалIэ узыфэхэр егъэкIащхъэ. Псалъэм папщIэ, «уи Iум илъ гуащIагъэр пщхьэщехь, къупщхьэ узхэмкIи сэбэпщ, тхьэмбылыр, тхьэмщIыгъур, жьэжьейр къегъэкъабзэ, нэгъуэщI куэдхэмкIи щхьэпэщ», жиIэрт си анэшхуэм. Къэрабэм и лъабжьэм инулин, Iэпкълъэпкъыр зыхущыщIэ нэгъуэщI витаминхэр хэлъщ. Мис апхуэдэ хущхъуэгъуэкIэ гъэнщIащ дыгъэм пэлыд удз гъэгъа дахащэр.

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться: