Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэ КIэмпIарэ Марат Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и чемпион зэрыхъуам теухуа хъыбар ди газетым тетащ махуэ зыбжанэ ипэкIэ. Нобэ фи пащхьэ ныдолъхьэ зэхьэзэхуэ нэужьым «WRESTRUS.RU»-м и журналистым и упщIэхэм абы иритыжа жэуапхэр. Ди гугъэщ ар гъэщIэгъуэн фщыхъуну.
- Мурат, уи текIуэныгъэмкIэ сынохъуэхъу! Финалым унэсыху уэ ебгъэкIуэкIа зэIущIэхэм уариплъэжрэ ахэр къызэрыпхьа бжыгъэхэр къэбгъэлъагъуэмэ – 8:0-у, 8:0-у, 11:2-уэ - къыпщыхъунущ гугъу уемыхьа хуэдэу, хьэмэрэ лъэныкъуэкIэ укъыщеплъмэ апхуэдэу къыпфIэщIу ара?
- Упсэу укъызэрызэхъуэхъуамкIэ. Апхуэдэу къыпщыхъуу аращ ар. Сэ гугъу сыдехьащ «накат» жыхуаIэ Iэмалыр къэзгъэсэбэпу си хьэрхуэрэгъухэр зэщIэзубыдэурэ къезгъэкIэрэхъуэкIыным. Пэжу, куэдым я гугъэнущ Урысей чемпионатыр тыншу къэсхьауэ, ауэ Iуэхур апхуэдэу щыткъым.
- Хьэлъагъ нэхъ ин дыдэ зиIэ бэнакIуэхэм я зэIущIэхэр апхуэдэ бжыгъэшхуэхэмкIэ къыщахь щыхъур зэзэмызэххэщ. Уэ апхуэдэу фIыуэ ухуэхьэзыру щыта зэхьэзэхуэм?
- НтIэ, си тренер Кадилов Давидрэ сэрэ фIыуэ зыхуэдгъэхьэзыращ мы чемпионатым. Абырэ сэрэ 2015 гъэм Мэзкуу къалэм сыкъызэрыIэпхъуэ лъандэрэ дызэдолажьэ.
- Лабазанов Нохъчэ дебгъэкIуэкIа финалыр псом нэхърэ нэхъыщхьэу щытагъэнщ уи дежкIэ. Дауэ хъуми, нэгъэбэрей чемпионатым и кIэух зэIущIэр абы пфIихьат.
- Пэжщ, сыту жыпIэмэ, зэкъым-тIэукъым ар къызэрыстекIуар, къэралым и чемпионатхэри хэтыжу, зэм ещанэ, зэм япэ увыпIэхэм щхьэкIэ. Нэгъабэ бжыгъэр 3:1-уэ сытекIуэрт абы, «накатыр» хъарзынэу згъэзэщIа нэужь. Ауэ сытеплъэкъукIат, таблом сеплъын щхьэкIи, занщIэу сыкъиубыдащ икIи сыкъытридзэри, текIуэныгъэр сфIихьащ. Абы дерсышхуэ къыхэсхащ – иджы зэманым сыкIэлъыплъыркъым, табломкIи зезгъэзэкIыркъым (мэдыхьэшх).
- Иджы япэу утекIуауэ ара абы?
- Мы гъэм мэлыжьыхьым екIуэкIа европей чемпионатым кIуэнухэр къыщыхах зэIущIэхэм дыхэту дызэбэнри, бжыгъэр 3:1-уэ къыфIэсхьат. Дэ тIум текIуар Семенов Сергей IущIэнут абы щыгъуэ. Иджыпстуи а бжыгъэ дыдэхэмкIэ зэIущIэр къэсхьащ. УФ-м и чемпионатым, официальнэ зэхьэзэхуэхэм хыхьэу, япэу сытекIуауэ аращ иджы а щIалэм.
- Семеновыр хэтакъым иджырей чемпионатым. НтIэ, апхуэдэ бэнакIуэ цIэрыIуэм ущебэным деж, абы утекIуэфынкIэ хъуну гугъэхэр щыIэ?
- Пэжщ, Сергей зэрысымаджэм щхьэкIэ чемпионатым хэтыфакъым. Нэхъ псынщIэу и узыншагъэр зэтеувэжыну сохъуэхъу. Си гугъэщ, дяпэкIэ щыIэну егъэджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэсхэм абы и гъусэу сыбэнэну.
- Тактикэ и лъэныкъуэкIэ сыт хуэдэ Iэмалхэм ущыхуекIуа финалым?
- Си тренерымрэ сэрэ тактикэу диIэр зыщ сыт щыгъуи – зэIущIэр жыджэру щIэдзауэ «партерыр» япэу къэщтэнырщ, иужькIэ «накат» пщIын хуэдэу. ИтIанэ, зэIущIэр и кIэм нэсыху зэбгъэгъуэта ехъулIэныгъэхэр хъумэжынырщ. Мы финалым бгъэщIэгъуэн гуэр хэслъэгъуакъым, сыту жыпIэмэ, текIуэныгъэр къэсхьын папщIэ, зэIущIэхэр зэредгъэкIуэкIынум теухуауэ зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр згъэзэщIащ псори.
- Лабазановым сыт хуэдэ шынагъуэ нэхъыбэу къыбгъэдэкIыр?
- Абы егъэлеяуэ хуабжьу зэIущIэхэр ирегъажьэ икIи щIигъэхуабжьэ зэпыту адэкIэ макIуэ, бэуапIэ къуимыт жыхуаIэм хуэдэу. Аращ япэхэм зэIущIэхэр щIысфIихьари: и псынщIагъэм сылъэщIыхьэртэкъым. Иужьрей зэманым абы и лъэныкъуэкIэ си Iэмалхэр езгъэфIэкIуащ икIи сехъулIэ хъуащ.
- УзэрытекIуам и щыхьэту, уи Iэр лъагэу щаIэтам уи гущIэм сыт щыхъар?
- ИкъукIэ сыгуфIащ еплIанэ «бгъэдыхьэгъуэм» си кIэныр къызэрикIам, УФ-м и чемпион сыхъуну зэхуэзгъэувыжа къалэныр зэрызгъэзэщIам. Си текIуэныгъэм щыгуфIыкIащ си адэ-анэр, телефонкIэ къызэхъуэхъуащ. Апхуэдэ дыдэщ си благъэхэр, Iыхьлыхэр, гъунэгъухэр, уеблэмэ Джылахъстэней псор, псом хуэмыдэу, сыкъыщалъхуа Акъбащ Ищхъэрэр. Иджыпстуи, Iэмал сиIэ щIыкIэ, сыхуейщ си япэ тренерхэм гуапэу сехъуэхъуну. Абыхэм я фIыгъэ куэд хэлъщ нобэрей си ехъулIэныгъэм. Ахэр КIыщ Маратрэ Щомахуэ Хьэжмуратрэщ. Иужьрейр тренировкэхэм къызбгъурыту щыбэнащ.
- Уэ бэнэн щыщIэбдзар Къэбэрдей-Балъкъэрыращ, дауэ ар къызэрежьа хъуар?
- Залым япэу сыкъэзышар си къуэш Щомахуэ Хьэжмуратщ. ИкIи си ныбжьыр илъэс 15 ирикъухукIэ ар си гъусэу бэнащ, итIанэ, 15-м сызэрыщхьэдэхыу, Мэзкуу къалэм сигъэкIуащ - си зэфIэкIым хызигъэгъэхъуэн, лъагапIэ инхэм зрызигъэпщытын щхьэкIэ.
- Уи бэнэкIэр адрейхэм яйм сыткIэ къыщхьэщыкIрэ?
- ЗэIущIэм и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэсыху ипкI-илъ хэмыту зы мардэм тету бэнэнырщ, хуэм-хуэмурэ щIэзгъэхуабжьэу, сыкъэмыувыIэу, адэкIэ сыкIуэтэну сыхущIэкъуу.
- Уи хьэлъагъым теухуауэ гугъуехьхэм ухэт?
- Хьэуэ, сэ сыт щыгъуи тыншу а зы хьэлъагъыр схуоIыгъ, языныкъуэхэм дежи килограммитI хуэдиз щыкIэрызгъэху щыIэу.
- Омск къалэм куэд щIауэ чемпионат щекIуэкIакъым. Дауэ къыпщыхъуа абы и къызэгъэпэщыкIар, тыншу щыта уи дежкIэ?
- Псори сигу ирихьащ икIи утыку уитыным сыткIи фIы дыдэу хуэщIауэ щытащ. Кадетхэм я деж алыдж-урым бэнэкIэмкIэ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ 2016 гъэм мыбы щрагъэкIуэкIати, ещанэ сыщыхъуауэ щытащ. Абы лъандэрэ Омск сыщыIакъым. Чемпионатыр зэрекIуэкIым кIэлъыплъыну цIыхушхуэ къекIуэлIащ, езы къалэри сигу ирихьащ.
- Марат, олимпиадэ циклым и япэ илъэсыр екIуэкIыу аращ, уэ иджыпсту илъэс 25-рэ уохъу, хьэлъагъ нэхъ ин дыдэ зиIэ уэ уи къару илъыгъуэщ, УФ-м и чемпиони япэу ухъуащ, дызыхуэкIуэ илъэсиплIым сыт хуэдэ къалэнхэр зыхуэбгъэувыжрэ?
- 2028 гъэм Лос-Анджелес къалэм щекIуэкIыну олимпиадэм сыщыбэнэну сыхуейщ. Абы щхьэкIи си тренерым сригъусэу нэхъ ерыщыжу тренировкэхэм сыщылэжьэнущ.