Къум нэхъ ин дыдэхэр

Дуней псом къумым щеубыд процентитI. Ахэр зэщхьэщокI пшахъуалъэ, мывалъэ, ятIалъэ, шыгъулъэу. Къумхэм я нэхъ абрагъуэхэм я гугъу тщIынщ. 
Антарктикэ къумым къызэщIеубыдэ щIыпIэу километр зэбгъузэнатIэ 13 829-рэ. Ар щIы хъурейм щынэхъ инырщ. Антарктидэр континент нэхъ гъущэ икIи нэхъ щIыIэ дыдэщ. Абы и процент 98-р щIэуфащ километри 1,6-рэ зи Iувагъ мылкIэ. ЩIымахуэм деж Антарктикэ къумым хьэуар щоупщIыIу градус – 65-кIэ, гъэмахуэм абы иIыгъщ щIыIагъыу – градус 40. Антарктидэм щыпсэухэр щIэныгъэ, лэжьыгъэ IуэхукIэ станцэм тесхэр аркъудейщ. 
Сахарэ къумыр Африкэм щыIэщ. Пшахъуалъэ къумхэм ар я нэхъ инщ – километр зэгъузэнатIэ 8 600-рэ къызэщIеубыдэ. Ар къаухъуреихь Тенджыз Плъыжьым, Атлантическэм, Средиземнэм. Къумыр къэрал куэдым я щIыпIэм щызэщIэлъоIэс: Мали, Мысыр, Чад, Тунис, Мавритание, Мароккэ, Судан, Ливие, Нигерие. Илъэс къэс къумым и ипщэ гъунапкъэр ипщэкIэ мэIэпхъуэ километри 6-10-кIэ. ЩIымахуэм къумым и хуабагъщ градус 13, гъэмахуэм градус 37-кIэ къоплъ. Нэхъыбэ дыдэ пщтрагъыу абы иIыгъауэ къапщауэ щытащ градус 57,8-рэ. Къумым жьыбгъэр щыетащ, меданым метр 50 псынщIагъ иIэу. Абы къыщокI зи лъабжьэр щIым метр пщIы бжыгъэкIэ хэт къуацэчыцэхэмрэ жыгхэмрэ. 
Арктикэ къумыр Ищхъэрэ Мыл тенджызым и акваторием деж щыIэщ. Ар мылкIэ, мывэ щкъуейкIэ щIэуфащ. Километр зэбгъузэнатIэ 2 600-рэ къызэщIеубыдэ. ЩIымахуэм абдеж хьэуам щищIыIагъщ градус 60, гъэмахуэм градуси 3-кIэ и хуабагъыр докIуеиф. Жьыбгъэр абы щыетащ щIымахуэм. Гъэмахуэр щыуэмщ, уэшхи къыщошх. Арктикэ къумым моржхэр, тюленьхэр, мыщэ хужьхэр щопсэу. 
Аравие къумыр субтропикэм хеубыдэ. Километр зэбгъузэнатIэ 2 330-рэ къызэщIеубыдэ. Къэралиблым ялъоIэс: Ирак, Оман, Хьэрып, Саудей Аравие, Иордание, Кувейт, Йемен. Къумым щIэх-щIэхыурэ зыщызэредзэкI дунейм. Махуэм градус 56-кIэ хьэуар къэплъауэ щытамэ, жэщым абы иIыгъыфынущ щIыIагъыу градус 12. Къумым щыIэщ газ, щIыдагъэ, фосфат, серэ. 
Гоби къумыр Азием и къумхэм я нэхъ инщ. КНР-мрэ Монголиемрэ щыIэщ. ЩIыпIэу километр зэбгъузэнатIэ 1 300 къызэщIеубыдэ. Ар къум щIыIэу къалъытэ. Ауэ щыхъукIэ, щIымахуэм щIыIагъыу градус 40 щыIамэ, гъэмахуэм хуабагъыу градус 45-м нэс иIэфынущ. 

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться:

Читать также: