ЩхъуантIэрэ къабзэу![]() Хы ФIыцIэ Iуфэм дызыщрихьэлIэ фIэщыгъэхэм ящыщу зи гугъу тщIынур Iыхьищу зэхэтщ: «Псы – у (ы) – шъ (у) хъо». Шапсыгъ диалектым ирипсалъэхэм зэрыжаIэмкIэ, «псыущхъуэ» псалъэм «узыпхрыплъу къабзэ», «уафэм хуэдэу къащхъуэ» мыхьэнэхэращ къарыкIыр. Ардыдэм щыхьэт техъуауэ щытащ бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор КIуэкIуэ Джэмалдин. Абы къызэрыхигъэщауэ, псалъэм и иужьрей пычыгъуэм «щхъуантIэ» мыхьэнэр иIагъэнущ икIи псалъэпкъитIым я зэхуаку къыдэувэ «уы» префиксыр «кIуэ пэтми нэхъ щхъуантIэ хъун», «ущхъуэнтIын» егупсысыкIэхэращ зыхуэкIуэжыр. Адыгэ Республикэм щыпсэуа, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Мэрэтыкъуэ Къасым зэрыжиIауэ, кIахэ (адыгей) диалектым ирипсалъэхэм «Псыушъхъо» фIэщыгъэм «тхъурымбэ зыщI псы» мыхьэнэри кърагъэкIыу щытагъэнущ. Шапсыгъ щIыналъэм мы и Iэгъуэблагъэм «Псыущхъуэ» фIэщыгъэм къытехъукIауэ нэгъуэщI щIыпIэцIэхэри щыкуэдщ. Абыхэм ящыщ зыбжанэм я гугъу тщIынщ: - Псыущхъуэ Ин - Ашэ псым сэмэгу лъэныкъуэмкIэ къыщыхолъадэ. И къежьапIэр Нэужьыкъуэпсщ. Километр 17 и кIыхьагъщ. - Псыущхъуэ щхьэдэхыпIэ. Апхуэдэу зэджэ сэнтхыщхьэр лъэныкъуитIымкIи щезылъэщIэх джабэщIхэм къыщыщIэж псы къуэпсхэр Псыущхъуэ Инрэ Псыущхъуэ ЦIыкIурэщ зыхэлъадэр. Мы тIум я къежьапIэр зы Iуащхьэ кIыхь екIуэкIыр арами, зыхуэкIуэжыр, зэрыгурыIуэгъуэщи, тIуащIэ зырызщ: япэр - ТIуапсы, етIуанэр - Ашэ псы нэхъ инхэр здежэххэрщ. Зи гугъу тщIы джабащхьэм и лъэныкъуэ зырызхэмкIэ щыIэ шапсыгъ къуажэхэм зэреджэми а псалъэ дыдэр къыхощ - «Псыущхъуэ ЦIыкIурэ» «Псыущхъуэ Инрэ» («ШIоикъу», «Кодэшъахьып» хужаIэ). Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, иужьрей фIэщыгъэм «Къуэдэс (Кодеш) тхьэм тыхь щыхуащI щIыпIэ» мыхьэнэри ирапхыу щытащ. XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм пащтыхь правительствэм игъэувыIащ урысхэм я «жыIэ» емыувалIэу бгым къафIинауэ щыта адыгэ тIэкIум я зэхэзехуэныр. КIэлъыкIуэ лъэбакъуэу, ахэр хуит ящIащ алъандэрэ зыдэса къуакIэбгыкIэхэм къыдэкIыу, хуагъэлъэгъуа щIыпIэхэм ящыщу нэхъ яфIэкъабылхэм къуажэ щаухуэну. Арати, шапсыгъ-хьэкIувхэм ящыщ зы гупым Псыущхъуэ бгыжьым деж щыса пасэрей жылэжьхэм я гъунэгъуу зи гугъу тщIа къуажэ цIыкIухэр къыщагъэунэхужащ. Ар къыщыхъуар I895 гъэращ. ТIуапсы районым и бгылъэ щIыпIэхэм ис адрей къуажэхэми хуэдэу, мы жылэ цIыкIуитIым я щыIэкIэ-псэукIэм увыпIэ нэхъыщхьэ щызыубыд лэжьыгъэхэм ящыщщ пхъэщхьэмыщхьэ хадэхэр зэрагъэкIыр. Мыхьэнэ нэхъ зрат жыгхэм я гугъу тщIымэ, мыIэрысэ, кхъужь, дэ цIыкIу къызыпыкIэхэрщ. ЩIыпIэм щыпсэухэр бжьэ гъэхъунми хуэIэзэщ. Iуащхьэ екIуэкIхэм я джабэ нэкIухэмрэ мэзылъэ бгыхэмрэ иджыри къыздэсым уащрохьэлIэ Урыс-Кавказ зауэжьым ипэкIэ мы щIыпIэм щызэрахьэу щыта пхъэщхьэмыщхьэ хадэхэм я лъэужь телъыджэу къыщызэтена жыгыжьхэм. Абыхэм ноби пхъэщхьэмыщхьэ узыншэхэр къапокIэ. Шапсыгъ къуажэ цIыкIуитIым я Iэгъуэблагъэр турист кIуапIэщ. Абыхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ, псом хуэмыдэжу гъэмахуэ зэманым. ЩIыпIэм къакIуэхэр гъунэгъу Iуащхьэхэм, псыкъелъэ дахэхэм я Iэшэлъашэм яшэ, шытхыщхьэхэм зыщрагъэплъыхь, мэзылъэ тIуащIэхэм я нэгу зыщрагъэужь.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 11:27 →
ЛъэныкъуитIыр зэгуроIуэ
14.05.2026 - 12:43 →
Фэеплъым и джэрпэджэж макъхэр
26.03.2026 - 13:36 →
Хэку тхыдэмкIэ зэпоуэ
10.03.2026 - 16:02 →
ЩIэныгъэм лъагъуэхэр пхрашу
03.03.2026 - 13:16 →
ЩIалэгъуалэм я зэхэщIыкIыр къаIэт
| ||





