Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къыхилъхьа «Спортым и щIыналъэ-2025» урысейпсо зэхьэзэхуэм и щIыпIэ Iыхьэр Щхьэлыкъуэ къуажэм и спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Бахъсэн, Дзэлыкъуэ, Шэджэм, Прохладнэ, Лэскэн районхэм я командэхэр.
ЩIыналъэ зэхьэзэхуэм и ныпыр яIэтащ зэIущIэм къахуеблэгъа КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ, Олимп джэгухэм я чемпион Къардэн Муратрэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Муратрэ.
«Ныбжьэгъухэ, нобэрей зэхьэзэхуэр къызэрыгукI зэпеуэкъым, атIэ, гъащIэм и Iыхьэ дахэщ икIи фэ фщыщ дэтхэнэ зыми Iэмал иIэщ и зэфIэкIыр нэсу мыбдеж къыщигъэлъэгъуэну, ныбжьэгъущIэхэмрэ акъылэгъухэмрэ къыщигъуэтыну. Къэбэрдей-Балъкъэрым сыт щыгъуи иIащ республикэм и пщIэмрэ и щIыхьымрэ лъагэу зыIэт спортсмен къарууфIэхэр, хэкупсэхэр. А псом къадэкIуэу, спортыр ди гъащIэм и зы Iыхьэщ», - жиIащ Хъубий Марат.
Спорт комплексым къыщызэхуэсахэм я пащхьэм «Щэрдан» къэфакIуэ гупым концерт дахэ щита иужь, Къардэн Муратрэ зэхьэзэхуэм и судья нэхъыщхьэ Бэджыдэ Рустамрэ спортсменхэм я Iэпкълъэпкъхэм зрагъэукъуэдиящ.
КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Анаев Аслъэн къыщыпсэлъам къыхигъэщащ командэхэм зэхьэзэхуэ гъэщIэгъуэнхэр къазэрыпэщылъыр икIи абы щытекIуахэр урысейпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэм зэрыхэтынур. Абы къыхэкIыу къыхуриджащ, я зэфIэкIхэр нэсу ягъэлъэгъуэну, захуагъэм тету нэхъ лъэщри утыкум щызэхагъэкIыну.
Мыдрейуэ, зэпеуэхэм хэтащ ГТО-мкIэ щыIэ мардэхэр гъэзэщIэныр, волейболымкIэ, футбол цIыкIумкIэ, хьэлъэ зэхуэмыдэхэр къэIэтынымкIэ, кIапсэкIэ зэпекъунымкIэ, унагъуэ зэпеуэхэр, нэгъуэщIхэри.
ГъэщIэгъуэну икIи гукъинэжу екIуэкIащ зэIущIэхэр. Абыхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, Бахъсэн районым и командэм футбол цIыкIумкIэ, волейболымкIэ, унагъуэ зэпеуэхэмкIэ япэ увыпIэр иратащ. КIапсэкIэ зэпекъунымкIэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и командэр нэхъ лъэщащ.
ГТО-м и мардэхэр гъэзэщIэнымкIэ хъыджэбзхэм я зэпеуэм щытекIуащ Шэджэм щIыналъэм и лIыкIуэ Урысбий Миленэ, щIалэхэм – Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыщ Сомгъур Шэмхъан.
Хьэлъэ зэхуэмыдэхэр къэIэтынымкIэ Лэскэн районым щыщ Маммеев Асхъэт зыри къыпэлъэщакъым.
ЩIыналъэ зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, щIыхь тхылъхэр, кубокхэр иратащ.
«Спортым и щIыналъэ-2025» урысейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэр мы гъэм и жэпуэгъуэм ирагъэкIуэкIынущ, ауэ щызэхэтыну щIыпIэр иджыри яубзыхуакъым, ар къыхэзыхынур УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэрщ.