Бахъсэн къалэм и спорт ухуэныгъэщIэхэр![]() Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №11-м бэнэкIэ хуитымкIэ пэш Iэхуитлъэхуит мыгувэу къыщызэIуахынущ. Абы текIуэдэну ахъшэр къабгъэдэкIащ щIыпIэ администрацэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ. Пэшым псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 200-м щIигъу иубыдынущ. ИджыпстукIэ абы и кIуэцIыр къращIыкIащ, плиткэхэр иралъхьащ, зыхуэныкъуэну спорт Iэмэпсымэхэмрэ обрудованэхэмрэ ирашалIэ. Апхуэдэуи пэшым щагъэуващ УФ-мрэ КъБР-мрэ я къэрал ныпхэмрэ гербхэмрэ. Пэшым къекIуэлIэну ныбжьыщIэ цIыкIухэр къыхаха спорт лIэужьыгъуэм нэхъыбэу трагъэгушхуэн, я гукъыдэжыр къаIэтын мурадкIэ пэш блынджабэм кIэралъхьащ дуней псом щыцIэрыIуэ спортсменхэм я сурэтхэр, псалъэм папщIэ, Махуэ Билал, Джэду Iэниуар, Уэрыш Анзор, Мырзэкъан Азэмэт, Сайтиевхэ Бувайсаррэ Iэдэмрэ, Садулаев Абдулрашид, Сидаков Заурбэч сымэ яйхэр.. «Дыгулыбгъуей и къуажэкIэм унагъуэщIэхэр куэду щотIыс иджыпсту. ГурыIуэгъуэт, 2020 гъэм курыт еджапIэ №11-м и пщIантIэм къыщызэIутха ФОК-м и закъуэкIэ Iуэхур зэрызэфIэмыкIынур. ДыхущIэкъунущ Бахъсэн къалэм и дэтхэнэ зы хьэблэми мыпхуэдэ спорт ухуэныгъэхэр къыщызэдгъэпэщыным. Тренерхэм сохъуэхъу ехъулIэныгъэхэр яIэну икIи шэч къытесхьэркъым, ди къэралым имызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми зи цIэхэр фIыкIэ щыIун бэнакIуэхэр абыхэм зэрагъэхьэзырынум», - жиIащ Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Мамхэгъ Хьэчим. Мыдрейуэ, Бахъсэн къалэм иджыри щаухуэ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) бахъсэндэсхэм зыщагъэсэн пэшышхуэри. Абы текIуэдэну мылъкури къалэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ къабгъэдэкIащ. Пэшым ирагъэубыдащ метр зэбгъузэнатIэ 500-м нэблагъэ икIи цIыху 80-м зэуэ абы зыщагъэсэфынущ. НобэкIэ бжэ-щхьэгъубжэхэр хагъэуващ, блынджабэхэр захуэ ящIащ, инженер коммуникацэхэр ирашалIэ.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





