ЕджапIэщIэр мыгувэу яутIыпщынущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэсхэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр щыIэ къэрал мардэхэм хуэгъэкIуэным, егъэджэныгъэм и пщалъэхэм тегъэувэным хуэунэтIауэ. Апхуэдэу еджапIэхэр техникэщIэхэмкIэ, нэрылъагъу IэмэпсымэхэмкIэ, зэреджэн тхылъхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщым и мызакъуэу, ахэр зыщIэс ухуэныгъэхэри къагъэщIэрэщIэж, щIэуэ къыгуащIыхь. Иужьрей илъэсым Налшык къалэм и «КъухьэпIэ» хьэблэм дэт курыт еджапIэ №12-м иращIылIа ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр иджыблагъэ кърахьэлIащ, ар мыгувэу зэраутIыпщыным хуэхьэзырщ

ЕджапIэм лэжьэн фокIадэ мазэм щIидзэжынущ, сабий 800-м нэблагъи къищтэнущ. Пкъыгъуэ зэпэплIимэм и теплъэр зыгъуэта еджапIэр щIэрыщIэу яухуэжащ жыпIэмэ егъэлея хъунукъым. Абы къыхэлъытащ зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ ныбжьыщIэхэм я зекIуапIэхэри, лифтхэри, зытхьэщIыпIэхэри.

Классхэр зэрыщыту иджырей техникэхэмкIэ къызэгъэпэщащ. Апхуэдэу еджапIэм спортым дихьэх сабийхэм щхьэкIэ пэшышхуитI хащIыхьащ, Iэпкълъэпкъым зыщрагъэужь плIанэпи хуащIащ. Егъэджэныгъэм къигъэув мардэхэм хуэкIуэу еджапIэм гъущIым, пхъэм, щэкIым щелэжь лъэщапIэхэр хэтщ, къищынэмыщIауэ, унагъуэ IуэхухэмкIэ IэщIагъэ щхьэхуэхэм щыхуагъасэ студие щхьэхуи иIэщ.

Курыт еджапIэм къыщызэрагъэпэщ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щхьэкIэ цIыху 500 зыщIэхуэн пэшышхуэ ящIащ, абы гупэ утыкушхуи, щIыбагъ утыку цIыкIуи, щыгъын хъумапIи хэтщ.

ЕджапIэм и унафэщIым зэрыжиIэмкIэ, гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу къащтэну сабий бжыгъэр мы далэм ирихьэлIэу зэфIэкIащ, зэрылэжьэнуми хуэхьэзырщ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: