Багъ Идар дунейпсо зэхьэзэхуэм макIуэ![]() «Presidents Cup - Pan Am (G3)» фIэщыгъэр зэрихьэу фокIадэм и 4 - 7-хэм Перум и къалащхьэ Лимэ щекIуэкIащ тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) дунейпсо чемпионатым ягъэкIуэнухэр къызэрыхах, рейтинг баллхэр къыщахь дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэрал куэдым я спортсмен 500-м нэблагъэ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту абы щызэуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Пять колец» спорт академием и гъэсэн Багъ Идар икIи килограмм 63-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дыжьын медаль къыщихьащ. Ди щIалэм зэIущIитху иригъэкIуэкIати, плIым щытекIуащ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, кIэух зэхьэзэхуэр Бразилием и тхэквондист Эдуардэ Бареттэ иригъэхьри, етIуанэ хъуащ.
Поделиться:
Читать также:
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
25.03.2026 - 11:55 →
Спорт хъыбархэр
| ||





