Къущхьэ Iэмин аргуэру токIуэ

ФокIадэм и 9 - 13-хэм Грознэ къалэм и «Колизей» спорт комплексым Шэшэным и япэ президент, Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь Кадыров Ахъмэт-хьэжы и фэеплъу щекIуэкIащ боксымкIэ 17-нэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмени 140-рэ.
УФ-м и командэ къыхэхам хэту и зэфIэкIхэр зэхьэзэхуэм щигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и боксер Къущхьэ Iэмин икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, килограмм 75-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дыщэ медаль къыщихьащ. Адыгэ щIалэм зэIущIиплI иригъэкIуэкIам къриубыдэу Сербием, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Узбекистаным, Венесуэлэм я боксерхэр къыпэщIэтати, ахэр и гъуэгум тригъэкIуэтри, япэ увыпIэр иубыдащ. 
Дыщэ медалым къыдэкIуэу Къущхьэ Iэмин къыхуагъэфэщащ УФ-м дунейпсо классымкIэ спортым и мастер цIэ лъапIэр. 
Абы и тренерыр КIэрэф Залымщ. 
 

КЪУЭЖЕЙ Iэмин.
Поделиться: