ЕкIуу зыкъагъэлъагъуэ![]() «Кубок Дона» фIэщыгъэр зэрихьэу Дон Iус Ростов къалэм щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 29-м я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 900-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым зэхьэзэхуэм игъэкIуат цIыху 39-рэ икIи псоми зэхэту медаль 15 абы къыщахьащ. Илъэси 10 - 18 зи ныбжьхэм я деж, я хьэлъагъ елъытауэ щызэуа гупхэм япэ щыхъуащ Захаров Кирилл (кг 36-рэ), СэвкIуий Саид (кг 45-рэ), Къарэ Къантемыр (кг 81-рэ), Шыкъ Албэч (кг 91-рэ) сымэ.
Поделиться:
Читать также:
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
25.03.2026 - 11:55 →
Спорт хъыбархэр
| ||





