Спорт хъыбархэр![]() Кубокым щIэбэну Ставрополь крайм и Кубокыр кикбоксингымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Нартсанэ (Кисловодск) къалэм щекIуэкIащ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Краснодар крайм, КъБР-м, КъШР-м, Осетие Ищхъэрэ - Аланием я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 450-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ нэхъыжьхэмрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм щыIащ цIыху 67-рэ икIи псори зэхэту медаль 42-рэ къахьащ, гуп зэпеуэхэм етIуанэ щыхъуащ. Я хьэлъагърэ ныбжьрэ елъытауэ зыхэта зэIущIэхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Куэпэшэр Батыр (кг 71-рэ), БейцIыкIу Алихъан (кг 57-рэ), Хъуран Елдар (кг 67-рэ), Хъромэ Iэдэм (кг 54-рэ), Снежко Вадим (кг 57-рэ), ХъутIэ Адэлбий (кг 60), Къалэбатэ Замир (кг 63,5-рэ), Толасов Сослъэн (кг 39-рэ), Зэмбат Iэсхьэд (кг 45-рэ), Локъуэ Алихъан (кг 42-рэ), ШащIэ Ренат (кг 46-рэ), Вынэ Марат (кг 56-рэ), Рахаев Артур (кг 22-рэ), Мэкъуауэ Имир (кг 42-рэ), Мэсей Къантемыр (кг 26-рэ) сымэ. Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Шэшэ Арсен, ТекIушэ Замир, Сасыкъ Анзор, БейцIыкIу Ибрэхьим, Къудейхэ Залымрэ Алимрэ. Бэч Милиссэ нэхъ лъэщщ «Гимнастикэм и лигэ» фIэщыгъэр зэрихьэу гимнастикэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Волгоград къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я щIыналъэхэм я спортсмени 1 Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм зэхьэзэхуэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи гупхэм я зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщахьащ. Щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэм 1-нэ разряд зиIэхэм я деж Бэч Милиссэ япэ увыпIэр щиубыдащ. Спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Щоджэн Теймураз, Продуновэ – Исметовэ Еленэ, Третьяковэ Аллэ сымэ. Джэрмэншыкдэсхэм я зэфIэкIыр «МГФСО-м и Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу кикбоксингымкIэ зэхьэзэхуэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэхуэсащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 46-м я спортсмен 1600-м щIигъу.
Зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Къулим Элинэ, Бекъазий СулътIан, Махуэ Имран сымэ. Алижанов Руслан, Гъащтэ Нурлан, КIэш Имран, Мэз Мурат, Вэрокъуэ Залым сымэ ещанэ хъуахэщ. Командэр зэхьэзэхуэм хуигъэхьэзыращ Апаев Рашид.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 15:00 →
Ахъмэт Амир и гъэсэнхэм Кубокыр къахь
09.11.2025 - 12:23 →
Ди ныбжьыщIэхэр нэхъ лъэщщ
05.11.2025 - 12:48 →
КЪАРДЭН Мурат: Спортыр нэгузегъэужьыпIэкъым
04.11.2025 - 15:45 →
Ди бэнакIуэхэр нэхъ лъэщщ
04.11.2025 - 12:43 →
БищIомрэ Мамиймрэ я дыщэ медалхэр
| ||





00-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхьэзэхуэм щыIащ Джэрмэншык къуажэм и гъэсэнхэр икIи ехулIэныгъэфIхэр щызэIэрагъэхьащ.