КЪАРДЭН Мурат: Спортыр нэгузегъэужьыпIэкъым![]() Илъэс 25-кIэ узэIэбэкIыжмэ, 2000 гъэм Австралием и Сидней къалэм щекIуэкIа гъэмахуэ Олимпиадэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щытекIуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен, адыгэ щIалэ Къардэн Мурат. Абы щыгъуэ 21-нэ лIэщIыгъуэм дыхыхьауэ арат икIи ди республикэм и тхыдэщIэм щыяпэ дыщэ медалт ар. Куэд щIауэ апхуэдэ ехъулIэныгъэ диIатэкъым икIи арауэ къыщIэкIынщ ар хэIэтыкIауэ щIагъэлъэпIар. ЛIэщIыгъуэм и Iыхьэ плIанэ хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, къыдитауэ щыта дэрэжэгъуэр езыми дэри иджыри зэ дигу къэдгъэкIыжыну дыхуейуэ дэ Къардэн Мурат зыхуэдгъэзащ икIи и гупсысэхэмкIэ ар ядогуашэ «Адыгэ псалъэм» еджэхэм. - Олимпиадэр сигу къокIыж, шэч хэмылъу, ауэ нэхъыбэм а зэманым «сызыгъэIэпхъуэжыр» цIыхухэрщ. ЗэIущIэ гуэрхэм сыхэту сахуэзэмэ, цIыхухэр къызбгъэдохьэ: дощIэж узэрытекIуауэ щытар, телевизорымкIэ деплъат, укъедгъэблэгъэжат, дыбгъэгуфIат, жаIэурэ. ПцIы хэмылъу, ар гуапэщ си дежкIэ - ди цIыхухэм я гум IэфIу зэрилъыр, нобэр къыздэсым зэращымыгъупщэр. ФIы дыдэу сощIэж си анэм абы щыгъуэ жиIауэ щытар: «Ярэби, сыту цIыхуфI, сыту цIыху гуапэ защIэ ди лъахэгъухэр! Абы узэрагъэлъэпIар, узэраIэтар сыт и уасэ?! Ди цIыхухэм хуэдэ зыщIыпIи щыIэкъым!» Си анэми унэм щIэсхэми нэхъыбэу дигу къэдгъэкIыжыр ди цIыхухэр зэрыгуфIаращ, ягурэ я псэрэ зэIухауэ къызэрытпежьауэ щытаращ. Апхуэдэу цIыхухэм пщIэ къыпхуащIыным уэри къалэнышхуэ уи пщэ къыделъхьэ - нэхъыфIым узэрыхущIэкъуным, цIыхум и гуапэ зэрыпщIыным уи гур къыхуегъэуш. Ар сыти ирехъу, ирелэжьыгъэ е нэгъуэщI гуэру щрет: Iуэху гуэр щхьэкIэ цIыхум зыкъыпхуигъэзамэ, нэхъ гуапэу ухущытыным, нэхъ дахэу ар зэрызэфIэбгъэкIыным урегъэгупсыс. Нэхъ тегъэщIауэ Iуэхум убгъэдыхьэн зэрыхуейр къыбгурегъаIуэ. А текIуэныгъэм и мыхьэнэр нэсу щызыхэсщIэр апхуэдэхэм дежщ. Ди цIыхухэм я гуапэ зэрыхъунур сщIэуэ къыщIэкIынт, ауэ апхуэдизу хэIэтыкIауэ сагъэлъэпIэну си нэгу къысхущIэгъэхьэртэкъым. Минводы къалэм къыщыщIадзэри, мыдэкIэ ди щIыналъэм дыкъихьэжа нэужьи, къуажэ-къуажэкIэрэ цIыхухэр уэру къыщытпежьат, мыдэ псышхуэ гуэр къиуа фIэкIа умыщIэу. Ауэ сэ къызгурыIуэрт абы и къежьапIэри, а псор зи фIыгъэри. Сыту жыпIэмэ, зы Iуэхугъуэ гуэр щхьэкIэ цIыхуищэ хуэдиз пхузэхуэшэсынущ, ауэ республикэм и цIыхубэр апхуэдэу зэщIэбгъэуIуэныр мыбдеж щылъкъым. Ар къызэзыгъэпэщари, зи фIыгъэри, олимпиадэм сымыкIуэ щIыкIи си Iуэхум куууэ хэта, КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэщ. Мыдэ адэ пэлъытэ, жыдоIэ дэ. Ауэ ар адэм хуэдэу щытащ: нэхъыжьыфIу, тхьэмадэфIу. КIуэкIуэр щыгъуазэт си Iуэхур зыIутым. Олимпиадэм семыжьэ щIыкIэ псалъэмакъ гуэрхэр щыIащ. Урысей чемпионатым сыщытекIуами, Олимпиадэм си пIэкIэ нэгъуэщI зыгуэр ягъэкIуэну апхуэдэ Iуэхухэр кърахуэкIырт абы щыгъуэ. Дауи, УФ-м и командэ къыхэхар щызэхагъэувэм деж дэтхэнэ зы щIыналъэри хущIокъу езым и спортсмен абы хигъэхьэну, Олимп джэгухэм игъэкIуэну. Ди Президентыр щыгъуазэт си Iуэхур зыIутым икIи срамыгъэкIуэтэкIын щхьэкIэ лъэкI къигъэнакъым. Мызэ-мытIэу, нэхъапэми зэрыжысIащи, ди республикэм и УнафэщIым зыми Iэмал иритакъым олимпиадэм си пIэкIэ нэгъуэщI ягъэкIуэну. Пэжщ, семыжьэ щIыкIэ иджыри зэ сыбэнэжын хуей хъуащ. Сытми, КIуэкIуэм псори зэхуигъэхъури сежьауэ щытащ. Абы иужькIэ къэнэжыр зымащIэт: Олимпиадэм кIуауэ, ар къэхьын хуейуэ арати – сыкIуэри къэсхьащ (мэдыхьэшх). Иджыри зэ къыхэзгъэщынщи, сыкъэкIуэжа нэужь апхуэдиз гулъытэ зэрызгъуэтари КIуэкIуэ Валерэ и фIыгъэу къызолъытэ. ЦIыхухэм я гуапэ зэрыхъуам шэч къытесхьэркъым. Апхуэдиз цIыху къыщыппежьэм деж зыхэпщIэр къызэрыпIуэтэн псалъэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Нэрымылъагъу къару гуэрым укъызэщIеIэтэ, псоми уегуэпэну, зыгуэркIэ нэхъри бгъэгуфIэну ухуейуэ щытыкIэ уоувэ. Президентым и унафэм тету екIуу къызэрагъэпэщат а «чемпионпежьэр», ар щIыпIэ Парламентми Правительствэми даIыгъат. Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэкIуэжын ипэкIэ, Краснодар къалэми сыщыIат, УФ-м и Президент Путин Владимир Мэзкуу къалэм къыщытIущIат. Ауэ ди деж сыкъэкIуэжа нэужьщ си медалым сэри си гур щыхигъэхъуэпар - апхуэдиз цIыхум я гуфIэгъуэр сэри къыспкърыхьауэ ара хъунт. Нобэр къыздэсым сщыгъупщэркъым а махуэр. Жыжьэ сыкIуэну сыхуейкъым, си ужькIэ илъэсиплI дэкIри, Тау Хьэсэнбий домбеякъ медалыр Афины къалэм къыщихьащ. АтIэ, абы кIуэн ипэ къихуэу, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Емкъуж Мухьэмэд, езы Хьэсэнбий, абы и къуэш Сэфарбий сымэ жаIэрт: «Уэ уи дыщэ медалым узэрыхуэкIуар тлъэгъуа нэужь, хьэкъыу ди фIэщ хъуащ олимпиадэр ар егъэлея гуэру, узылъэмыIэсыфын лъагапIэу зэрыщымытыр икIи, ерыщу зыхуэбгъасэмэ, уи мурадхэр зэбгъэхъулIэным уи фIэщу ухущIэкъумэ, ар къызэрыпхуэхьынур». ЯхузэфIэмыкIыну я гугъами, иужькIэ тегушхуащ. Абы щыгъуэ Хьэсэнбий ехъулIэныгъэфIхэр иIэт икIи лъагапIэ инхэр къызэрыхуэщтэнур нэрылъагъут. КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм сыщылажьэрт а лъэхъэнэми, зэрысхузэфIэкIкIэ сэри сыдэIэпыкъуащ. Япэм къэмыхъуауэ, ди республикэм щыщу цIыхуитI-щы зэуэ Олимпиадэм сшэну къалэн зыхуэзгъэувыжат а зэманым. Ар зэхэзыха языныкъуэхэри, жысIэр я фIэщ мыхъуу, къысщIэнэкIахэт. Лэжьэн зэрыщIэздзэрэ илъэситI дэкIауэ арат-тIэ. АтIэ, къыкIэлъыкIуэ олимпиадэм цIыхуищ тшэри, медалитI - дыжьынрэ домбеякърэ - къыщытхьащ. Атлетикэ хьэлъэмкIэ Аккаев Хьэжмурат етIуанэ, дзюдомкIэ Тау Хьэсэнбий ещанэ хъуащ. Ар лъэщтэкъэ-тIэ?! Абы иужькIэ, олимп мардэ жыхуаIэм дытету, ди спортсменхэр дгъэхьэзырын щIэддзащ. ИлъэсиплI къэс дыдейуэ зытIущ дгъакIуэу, зы медаль е тIу къамыхьауэ къамыгъэзэжу хъуащ. ЦIыхуитI-щы, уеблэмэ щы-плIы Олимпиадэм дгъэкIуэнущ, щыжысIэм къысщыдыхьэшхауэ щытахэри иужькIэ увыIэжащ. Республикэм СпортымкIэ и министерствэм сыщыщылэжьа лъэхъэнэм къриубыдэу 2004, 2008, 2012 гъэхэм къагъэлъэгъуащ дэ тхузэфIэкIар зыхуэдизыр. Олимпиадэм медаль нэхъ къыщызыхьыфыну спортсменхэр зиIэ щIыналъэхэм дахэтщ дэ. Япэм, Олимп джэгухэм дыхэхуамэ, ар егъэлея гуэру къалъытэу щытащ, иджы, абы зыгуэр дымыгъакIуэмэщ ягъэщIэгъуэнур.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 15:00 →
Ахъмэт Амир и гъэсэнхэм Кубокыр къахь
09.11.2025 - 12:23 →
Ди ныбжьыщIэхэр нэхъ лъэщщ
04.11.2025 - 15:45 →
Ди бэнакIуэхэр нэхъ лъэщщ
04.11.2025 - 12:43 →
БищIомрэ Мамиймрэ я дыщэ медалхэр
04.11.2025 - 11:41 →
Пэрытхэм я зэпеуэ
| ||




