Ди ныбжьыщIэхэр нэхъ лъэщщ![]() Ставрополь крайм хыхьэ Минводы къалэм и «Минводы ЭКСПО» гъэлъэгъуэныгъэ центрым щекIуэкIащ «Къалэхэм я зэхэуэ. Кавказ» фIэщыгъэр зэрихьэу дзюдомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я командэхэр, гуп къэс цIыху 13 хъууэ, я ныбжькIэ илъэс 15 - 17-м щIимыгъуауэ. Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь япэ увыпIэр иратащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм, етIуанэр Ингушым, ещанэр Ставрополь крайм я гупхэм.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





