СПОРТ ХЪЫБАРХЭР

 Зэкъуэтыныгъэр япэ ирагъэщ

Балигъхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ Уфа къалэм щекIуэкIащ. Ар хуэгъэпсауэ щытащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым икIи абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 27-м я спортсмени 140-рэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту «Зэкъуэтыныгъэ» зыфIаща зэхьэзэхуэм хэта ди щIалэхэм медалиплI абы къыщахьащ. Килограмми 130-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ КIэмпIарэ Марат.

Жолдащ Валерэ, БищIо Астемыр, Ульбашев Iэдэм сымэ зыхэта гупхэм домбеякъ медалхэр къыщахьащ.

ЩIалэхэр зэIущIэм хуагъэхьэзыращ КIыщ Мурат, Къурмэн Мурат, Хъуран Мурат, Къардэн Анзор, БищIо Валерэ, ГъуэплъащIэ ТIэхьир сымэ.

Мэкъуауэ Ахъмэт тIэунейрэ токIуэ

Мэзкуу областым и Наро-Фоминск къалэм грэпплингымкIэ щекIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм медаль 13 къыщахьащ.

Къызэрыхах зэIущIэм хэтащ ди къэралым и щIыналъэ куэдым я лIыкIуэу 500-м нэблагъэ икIи абы щытекIуахэм Iэмал ягъуэтащ Европэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм екIуэкIыну зэпеуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну.

Ди республикэм и медаль 13-м щыщу 2-р дыщэщ, 5-р дыжьынщ, 6-р домбеякъщ.

Грэпплингым и унэтIыныгъэу тIумкIэ ирагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэхэм дыщэ медалитI къыщихьащ Мэкъуауэ Ахъмэт.

Кумыщ Ибрэхьим, Эседов Рэмэзан, Ахметов Сэрмат, Абрэдж Алмир, Шурдым Жэмал сымэ етIуанэ хъуахэщ. Аппаев Амир, Токъу Эмир, Шурдым Амир, Абрэдж Алмир, Мэкъуауэ Елдар, Джэрыджэ Темырлан сымэ ещанэ увыпIэхэр къахьащ.

Спортсменхэм ядэлажьэр Шыхъуэстэн Руслан, Мэш Алим, Юнус Рустам, Тхьэкъуахъуэ Мурадин, Додуев Рэмэзан, Бэдракъ Рашид сымэщ.

Бахъсэндэсхэр къыхожаныкI

Урысей Федерацэм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Краснодар къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 72-м я спортсмену 642-рэ, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэпеуэм щIалибл хэтати, тIум домбеякъ медалхэр къахьащ. Ахэр Бахъсэн къалэм щыщ Къудей Беслъэнрэ Лэтокъуэ Къантемыррэщ.

ЩIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ ПшынащIэ Муратрэ Къарэмышэ СулътIанрэ.

 

 

 

 

 

 

КЪУЭЖЕЙ Iэдэм.
Поделиться: