Бахъсэндэсхэм спортым ехъулIэныгъэфIхэр щаIэщ

Мы гъэм и мазаем Бахъсэн къалэм и спортсменхэр зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэтащ икIи абыхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьащ. Псалъэм къыдэкIуэу, Налшык къалэм и «ЛФЛ Арена» стадионым щекIуэкIащ КъБР-м и ЩIымахуэ кубокыр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэм и кIэух зэпеуэр, 8х8 жыпхъэм тету. Бахъсэн и «Автозапчасть» командэр абы щыIущIащ Прохладнэ щIыналъэм и Алътуд къуажэм и «Искра-Алътуд» клубым икIи зэIущIэм и бжыгъэр 4:0-у абы къыфIихьащ. ЩIымахуэ кубокыр зи Iэрылъхьэ бахъсэндэсхэм я тренерыр ПщыхьэщIэ Тимурщ.

Апхуэдэуи, Iэпщэрыбанэ спортымкIэ Ставрополь щIыналъэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм хэтащ Бахъсэн къалэм Быф Жэмал и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэм и гъэсэнхэр икIи екIуу абы зыкъыщагъэлъэгъуащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Бырхьэмхэ Амиррэ Асадулыхьрэ, Тэшу Уэсмэн сымэ. Евгъэжьыкъуэ Сулеймэн, ЛIуп Дамир, Хьэжмэт СулътIан, Зеущэ Сэлим, Ташухэ Аланрэ Алимрэ, Бэрокъуэ Алий сымэ етIуанэ хъуахэщ. ЩIалэхэм я тренерыр Къармокъуэ Аскэрщ.

Кавказ Ищхъэрэм кикбоксингымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Дагъыстэным и Каспийск къалэм щекIуэкIати, бахъсэндэсхэр абыи щыхуэмыхуакъым. ЖыпIэнурамэ, килограмм 51-рэ зи хьэлъагъхэм я деж, «лоу-кик» унэтIыныгъэмкIэ ещанэ увыпIэр къыщихьащ Быф Жэмал и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и гъэсэн Ташу Алан. Абы и тренерыр ТекIушэ Замирщ.

Ставрополь къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм стIолыщхьэ теннисымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуахэр зи ныбжьыр илъэс 16-м щIимыгъуахэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм хэту гупхэм я зэпеуэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ КъуэщIысокъуэ Iэнур. Абы и тренерыр Джэдгъэф Ахьмэдщ, зыщигъасэр Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэрщ.

Кавказ Ищхъэрэм самбэмрэ зэзауэ зыхэт самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Владикавказ къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэми хэтащ бахъсэндэсхэр икIи медалитху абы къыщахьащ. Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и гъэсэнхэу Къудей Беслъэнрэ Щоджэн Къантемыррэ япэ хъуахэщ, Ташу Рэмэзан етIуанэщ, Хьэмырзэ Аслъэнбэчрэ Къумыкъу Ренатрэ ещанэщ.

Мыбдежым къыхэдгъэщынщ Къудей Беслъэн унэтIыныгъитIыми дыщэ медалхэр къызэрыщихьар икIи техникэ нэхъыфI зэриIэм щхьэкIэ саугъэт щхьэхуэ къызэрыратар. Ар щыбанэр килограмм 64-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ.

Командэм и тренерхэр Къарэмышэ СулътIан, ПшынащIэ Мурат, ЩоджэнцIыкIу Азэмэт, ПшынащIэ Руслан, Жанкъэзий Мухьэмэд, Хъупсырджэн Резуан сымэщ.

Хэкум и хъумакIуэм и махуэр ягъэлъапIэу Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ волейболымкIэ еджакIуэхэм я къалэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ школакIуэ цIыкIуу I00-м щIигъу.

Япэ увыпIэр зэхьэзэхуэм щиубыдащ курыт еджапIэ 2-м, етIуанэр курыт еджапIэ №9-м, ещанэр курыт еджапIэхэу №№ 4, 8-м я гъэсэнхэм. Абыхэм псоми иратащ медалхэмрэ кубокхэмрэ.

Кавказ Ищхъэрэм тхэквондомкIэ (ВТФ – Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и гъэсэн Джэш Имран. Абы щызэпеуащ спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 2I-м щIимыгъуауэ.

Джэш Имран зыкъыщигъэлъагъуэр килограмм 54-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ, и тренерыр Уэзрокъуэ Анзорщ.

 Прохладнэ щIыналъэм и Екатериноградскэ жылэм щекIуэкIащ стIолыщхьэ теннисымкIэ республикэм и щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ. Ар траухуат Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр гъэлъэпIэным.

Джэдгъэф Ахьмэд и гъэсэнхэм абы медалитху къыщахьащ. КъуэщIысокъуэ Наимэ зыхэта гупым япэ щыхъуащ, Бырхьэм Астемыррэ Купшын Сэлимрэ етIуанэ, Къаскъул Айсанэрэ Хъандэхъу Дамиррэ ещанэ увыпIэхэр щаубыдащ.

«Athletic Cup» фIэщыгъэр зэрихьэу Лермонтовэ къалэм щекIуэкIащ футболымкIэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и топджэгу командэр икIи япэ увыпIэр абы къыщихьащ. Зэхьэзэхуэм хэтащ илъэси 9 - 10 зи ныбжь цIыкIухэр. Бахъсэндэсхэм я тренерыр Бахъуэ Муратщ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2026 - 11:55 Спорт хъыбархэр
24.02.2026 - 12:59 ТIури домбеякъыу
24.02.2026 - 12:56 Спорт хъыбархэр