КIэух зэIущIэм хэтынухэр зэхагъэкI![]() Дзюдо Урысейм и щIалэгъуалэм и V гъэмахуэ спартакиадэм и етIуанэ Iыхьэм хиубыдэу Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ дзюдомкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэ. Абы и саугъэтхэм щIэбэнащ 2002-2004 гъэхэм къалъхуа щIалэрэ хъыджэбзу 70-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм зэхьэзэхуэм медаль зэмылIэужьыгъуибл къыщахьащ. Зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Кабуловэ Миланэ (кг 70), Шормэн Элеонорэ (кг 44-рэ), Архэст Iэмал (кг 100). Дыжьын медалхэр къахьащ Къанокъуэ Арианнэ (кг 52-рэ), Уянаев Ислъам (кг 90), Балъкъыз Залым (кг 100-м щIигъу) сымэ. Домбеякъыр зыIэригъэхьащ Тау Артур (кг 55-рэ).
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||






