Кубокым япэ лъэбакъуэр щач

«Спартак-Налшыкым» япэ текIуэныгъэр къихьащ тренер нэхъыщхьэу къэзыгъэзэжа Биджиев Хьэсэнбий и унафэм щIэту. Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокыр 2022 гъэхэм къэхьыным теухуауэ зэхаубла зэхьэзэхуэм и финалым и 1/256-нэ Iыхьэм абы 3:2-уэ щыхигъэщIащ къахуеблэгъа Мэхъэчкъалэ и «Динамо»-р.

Ди республикэм топджэгум щыдихьэххэр темыпыIэжу пэплъэрт «Спартак-Налшыкыр» утыку къыщихьэжынум. Мазэрэ ныкъуэрэ ипэкIэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 - 2021 гъэхэм я зэхьэзэхуэр зэриухрэ абы зэхъуэкIыныгъэ куэд къыщыхъуат: ди щIалэ лъэрызехьэ зыбжанэ, я капитаныр я пашэу, хэкIыжат, тренер нэхъыщхьэуи Биджиев Хьэсэнбий ягъэувыжат. АрщхьэкIэ гупым и зэфIэкIыр нобэ здынэсымрэ зызыхуагъэсахэмрэ ямыгъэбелджылауэ зэхьэзэхуэм хыхьэн хуей хъуащ, зы зэныбжьэгъугъэ зэIущIи ирагъэкIуэкIыну хунэмысауэ.
Стадионым и дикторым джэгум хэтхэм я унэцIэхэр къыщриIуэм къэкIуахэм икъукIэ гуапэ ящыхъуащ «Спартак-Налшыкым» уей-уей щыжригъэIа лъэхъэнэм хэта гъуащхьауэ ЛIуп Ислъам къызэригъэзэжар. Абы пщIэ лей зэрыхуащIым и щыхьэтщ гупым и капитану щытыну занщIэу дзыхь зэрырагъэзар. КъищынэмыщаIуэ, гъуащхьэхъумэ Шумахуэ Заур и къуэш Идар Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ»-м къыхашри, зэанэкъилъхухэр зэгъусэу хъужат.
ЗэIущIэм и япэ Iыхьэм къыщыхэлыдыкIащ Багъэтыр Альберт. Джэгум и епщыкIуплIанэ дакъикъэм жыжьэу щыту абы бжыгъэр къызэIуихащ. ИужькIэ, загъэпсэхуну икIыным куэд къэмынэжауэ, етIуанэ топри хьэщIэхэм яхудигъэкIри, ди щIалэхэм тегушхуэныгъэ ин яхилъхьащ.
ЕтIуанэ Iыхьэми «Спартак-Налшыкым» и тепщэныгъэкIэ къыщIидзащ. АрщхьэкIэ 67-нэ дакъикъэм хьэщIэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр зыIэщIагъэкIащ икIи бжыгъэр 2:1-м хуагъэкIуащ.
Налшыкдэсхэм я жэуапым куэдрэ пагъэплъакъым. 75-нэ дакъикъэм Ольмезов Артур Iэзэу къыхита топым ХъутIэ Анзор щхьэкIэ лъэщу еуэри, хэгъэрейхэм я Iуэхур игъэтэмэмыжащ. Абы мащIэу игъэбэлэрыгъа ди щIалэхэр аргуэрэу бэлыхь хэхуэ пэтащ - «Динамо»-м и ебгъэрыкIэныгъэхэм ящыщ зыр футбол хабзэм къемызэгъыу къызэпаудри, пенальтикIэ топ къыхудагъэкIащ.
Джэгур иухыным иджыри дакъикъэ пщыкIутхум хуэдиз иIэжщ, бжыгъэр 3:2-ти дапщэщи зихъуэжыфынут. Ар фIыуэ къызыгурыIуа «Спартак-Налшыкым» и футболистхэр адэкIэ хуабжьу сакъащ. Абыхэм я гъуэм ихъуреягъыр кърагъэбыдэкIам и закъуэкъым, атIэ топ зытIущ иджыри дагъэкIыфыну щытащ. АрщхьэкIэ апхуэдэуи кубокым щыкIуэтэну Iэмал ягъуэтащ.
Тренер нэхъыщхьэ Биджиев Хьэсэнбийрэ гъуащхьауэ лъэрызехьэ ЛIуп Ислъамрэ я къэгъэзэжыныгъэр угъурлы гупым яхуэхъуащ. Урысей Федерацэм и кубокыр 2022 гъэм къэхьыным теухуауэ зэхаубла зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ зэIущIэм ахэр щытекIуащ. Иджы, бадзэуэгъуэм и 28-м, финалым и 1/128-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэм «Спартак-Налшыкым» хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъунущ Мэхъэчкъалэ и «Легион-Динамо»-р. Дагъыстэным и къалащхьэм и зы командэр Налшык щыхагъэщIат, адрейм хьэщIапIэ кIуауэ дауэ хуэхъунуми мыгувэу къэтщIэнщ.

ХЬЭТАУ Ислъам.
Поделиться:

Читать также: