Мырзэ Резуан аргуэру кубокыр къехьМэзкуу и «Спартак»-м и гъуащхьэхъумэныкъуэ Мырзэ Резуан «Париматч Премьер кубокыр» илъэс етIуанэ хъуауэ зыIэрегъэхьэ. Къэралым и зи чэзу чемпионатым щIадзэным и пэ къихуэу ар ирагъэкIуэкI. Нэгъабэ ди лъахэгъур зыхэт гупыр Катарым щытекIуащ, иджы Урысей Федерацэм и къалащхьэм щынэхъ лъэщащ. Короновирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ мы гъэм «Париматч Премьер кубокым» и зэхьэзэхуэр Мэзкуу щекIуэкIащ. «Спартак»-м къищынэмыщIауэ, абы хэтащ Къэзан и «Рубин»-р, «Химки»-р, «Сочэр».
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 10:16 →
Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
| ||




