Алихъан и дыжьын медалырВенгрием и къалащхьэ Будапешт щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс пщыкIуий иримыкъуахэм бэнэкIэ хуитымкIэ я дунейпсо зэпеуэ. Абы етIуанэ увыпIэр щиубыдащ Iэщын Алихъан. Зи ныбжьыр илъэс пщыкIутху фIэкIа иджыри иримыкъуа адыгэ щIалэ цIыкIум фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ езым нэхърэ нэхъыжьхэм я деж. Килограмм 45-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм Алихъан и хьэрхуэрэгъу псори щыхигъащIэри, псоми яфIэтелъыджэу, финалым нэсащ. Абы къыщыпэщIэхуа Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIа Бассетэ Вильям, ди жагъуэ зэрыхъущи, ар пэлъэщакъым.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|