Шахматхэр - курыт еджапIэм

Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэр зэхъуэкIыныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ зыхалъхьэщ. Иужьрейуэ абы къыхалъхьахэм ящыщщ зэреджэ программэм шахматхэр Iэмал имыIэу хагъэхьэн хуейуэ. А жэрдэмыр хэIущIыIу иджыблагъэ ищIащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Васильевэ Ольгэ.

А Iуэхум теухуауэ къыжыIапхъэщ шахматхэм ныбжьыщIэхэр зэрыхуегъэджапхъэ программэ щхьэхуэ­хэмрэ тхылъхэмрэ зэрыщыIэр. Министрым къыхилъхьа жэрдэмыщIэм щытепсэлъыхьым, УФ-м ШахматхэмкIэ и федерацэм и президент Дворкович Аркадий къыхигъэщащ сабийхэм я хьэл-щэныр тэмэму зэтеувэн папщIэ шахмат джэгуным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Къапщтэмэ, абы ныбжьыщIэм зыхрегъащIэ бгъэдэлъ жэуаплыныгъэр, гупсысэр зи лъабжьэ Iуэху зехьэкIэми хуеущий.
Ди республикэм и еджапIэхэми щыдаIыгъащ Васильевэм къыхилъхьар. Къбгъэлъагъуэмэ, Бахъсэн къалэ округым и администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим унафэ ищIащ щIыпIэм хиубыдэ курыт школ псоми шахматхэр зэрегъэджыпхъэ программэхэр щаубзыхуну. Администрацэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ Балъкъыз Аминэ зэрыжиIэмкIэ, школхэм апхуэдэу щызэрагъэпэщ абы щхьэкIэ зыхуеину хьэпшыпхэр, класс щхьэхуэри къызэIуах.
Къыхэгъэщыпхъэщ щIыпIэ Iэтащхьэм и унафэр егъэджакIуэхэми, еджакIуэ цIыкIухэми, адэ-анэхэми гунэс зэращыхъуар. Школ унафэщIхэм я мурадщ Iуэхум адэкIи зрагъэубгъуну. Мыгувэу ирагъэкIуэкIынущ шахматхэмкIэ япэ щIыпIэ зэпеуэхэр.

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: