Махуэгъэпс

ЩIэныгъэ псоми къахэлыдыкI унэтIыныгъэ

Дунейм и къэхъугъэ нэхъыщхьэ дыдэщ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозы­гъащIэу щыIэр абыхэм я бзэращ. Дэтхэнэри зей лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гуп­сысэ­хэм уазэрылъэIэсыф Iэмэпсымэщ, абы ­къикIуа гъуэгуанэм, игъуэта зыужьыныгъэмрэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ къызэрып­щIэф Iэмалщ.

Лъэпкъ филологием и лъагапIэхэр

Ди щIыналъэр ящыщщ бзэщIэ­ныгъэм зыужьыныгъэ ин щызы­гъуэтхэм. АбыкIэ фIыщIэшхуэ бгъэ­дэлъщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым адыгэбзэмрэ ли­тературэмкIэ и кафедрэм. Университетым и къудамэхэм я нэхъыжьхэм халъытэ филологие Iэ­натIэм лэжьэн щIидзащ илъэс 90 ипэкIэ, 1932 гъэм, абы щыгъуэ Псы­хуабэ (Пятигорск) къыщызэIуахауэ щыта Къэбэрдей-Балъкъэр пединс­титутым хэту.

Зэнзэныпсу къабзэрэ къуэпсыбэу

Абын – аращ зэреджэр 1835 гъэм быдапIэ папщIэу яухуауэ щыта Абинск къалэ цIыкIум пхрыж псым. Километр 81-рэ зи кIыхьагъ псыр Адэгум зи фIэщыгъэ нэхъ псышхуэм холъэдэж. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, „Абын“ цIэр „мэз“ мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна „абнэ“ псалъэм къытепщIыкIащ.

Нобэ

Библиотекэхэм я урысейпсо махуэщ. А махуэм, 1795 гъэм, цIыху куэд зэуэ зэкIуалIэ хъуну, Санкт-Петербург къыщызэIуахыну Императорскэ библиотекэм и унэм и проектым арэзы техъуащ Урысейм и пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэр.
Санкт-Петербург къалэм и махуэщ. 1703 гъэм Пётр Езанэм Нева псы Iуфэм деж щигъэтIылъащ Петропавловск быдапIэм и лъабжьэр. Абдеж къыщежьауэ щытащ иджырей ищхъэрэ къалащхьэм и ухуэныгъэр.
ГъущI зэпызыгъавэм и махуэщ
Европэм щагъэлъапIэ зэгъунэгъухэм я махуэр

Мэкъуауэгъуэ

Еханэ мазэ, июныр, мэкъуауэгъуэр къызытекIамкIэ зэтемыхуэ еплъыкIитI щыIэщ. Языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар римлянхэм я тхьэ Юнонэ и цIэм епхащ. Адрейхэм зэрыжаIэмкIэ, ар зэпхар Рим и япэ консулу щыта Юний Брутщ.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Химикым и махуэщ

♦Урысей хьэрычэтыщIэм и махуэщ

♦Урысей шууейм и махуэщ

♦Куржым и лъэпкъ махуэшхуэ нэхъыщхьэщ – щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

♦Польшэм щагъэлъапIэ Анэм и махуэр

♦1896 гъэм Урысейм и пащтыхь тажыр щхьэратIэгъащ Николай ЕтIуанэм - иужьрей урысей императорым. А Iуэхум и щIыхькIэ медаль щхьэхуи къыдагъэкIауэ щытащ къэрал лIыщхьэм и унафэкIэ.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

ЯфIэкIуэда сабийхэм я дунейпсо махуэщ

УФ-м щагъэлъапIэ Филологым и махуэр

Африкэм и махуэщ. Африкэ зэкъуэтыныгъэм и зэгухьэныгъэр къыщызэрагъэпэща махуэщ (1963 гъэм).

Иордание Хьэшимит Пащтыхьыгъуэм и лъэпкъ махуэшхуэщ – и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1946 гъэм къэралыр къыщIэкIащ Инджылызым и унафэм.

НэгъуэщIхэм я унафэм щIэт щIыналъэхэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ

НапэIэлъэщIым и махуэщ

Нобэ

Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэщ. УФ-м и мызакъуэу, ар щагъэлъапIэ славян лъэпкъхэр щыпсэу къэралхэми.
IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр къыхэхыныр, ахэр IэнатIэ гъэувыныр зи къалэным и махуэщ
Паркхэм я европэпсо махуэщ

1844 гъэм телеграф IэмалкIэ япэ хъыбарыр зэбгригъэхащ США-м щыщ Морзе Сэмюэл. Вашингтон иригъэхри, абы телеграммэ игъэхьат Балтимор къалэм.

НОБЭ

Шылъэгум и дунейпсо махуэщ
Азербайджаным щагъэлъапIэ экологиемрэ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр
Таджикистаным и щIалэгъуалэм я махуэщ
1769 гъэм
франджы инженер Куньо Николэ зы сыхьэтым километри 5 зыкIу япэ автомашинэр зэпкърилъхьауэ щытащ.
1879 гъэм урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Тургенев Иван «Оксфорд университетым щIыхь зиIэ и доктор» цIэр къыфIащащ. Дуней псор къапщтэми, тхакIуэхэм ящыщу аращ а цIэр япэ дыдэу зыхуагъэфэщар.

Дунейм щыхъыбархэр

Накъыгъэм и 21,   щэбэт

Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэщ. 1864 гъэм увыIащ илъэсищэкIэ екIуэкIа   зауэр.Къэбэрдей-Балъ­къэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм 1992 гъэм мазаем и 7-м ­къищта унафэмкIэ щыгъуэ махуэр ягъэу­ващ. 2004 гъэм Налшык къы­щы­зэIуахащ Кавказ ­зауэм хэкIуэда ады­гэхэм я фэеплъ.
Хьэршым и дунейпсо махуэщ
ЗызэхэщIыкIынымрэ зыужьыныгъэмрэ яхуэ­­­­гъэпса щэнхабзэ зэ­мы­лIэу­жьы­гъуагъэм и дунейпсо ма­хуэщ

Дунейм и щытыкIэнур

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс