Махуэгъэпс

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Уемыш, умызэши уи Iуэху хъунщ

Бразилием къиIэпхъукIыжа цIыхубзым кхъуей щищIыну IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр щызэтреухуэ Амурскэ областым. ИлъэситIкIэ узэIэбэкIыжмэ, Волковэ къуажэм къыдэтIысхьэжа Ануфриевэ - Егорофф Агриппинэ щIымахуэ дызыхуэкIуэм иригъэжьэну щогугъ завод мыиныр икIи моцареллэ кхъуей лIэужьыгъуэр Китайм иригъашэу щIидзэну и мурадщ.

МЭРЕМ ПШЫХЬ

Псалъэжьхэр
Нэ илъагъу нэ ещIэж

Дунейм щыхъыбархэр

Белоруссием и къэрал кIуэцI Iуэхухэм хэIэбэну зыри хуиткъым

УФ-м и Президент Путин Владимир иригъэкIуэкIащ къэралым ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым зэпымыууэ хэтхэм я зэIущIэр. Абы зыщытепсэлъыхьахэм ящыщщ Белоруссием щыщыIэ щытыкIэр.

КъызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэ

КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, экономикэ щIэныгъэ­хэм я доктор, профессор Щоджэн БетIал Iэмин и ­къуэр Урысейм естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и Академием и действительнэ член хъуащ иджыблагъэ.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Терроризмэм и зэранкIэ хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Офицерым и махуэр
Латвием и къэрал щхьэхуитыныгъэр щызэфIагъэувэжа махуэщ
1561 гъэм Урысейм и пащтыхь Грозный Иван щхьэгъусэу ишащ къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие).

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Путин Владимиррэ Эрдогъан Тайипрэ телефонкIэ зэпсэлъащ

Урысей Федерацэмрэ Тыркумрэ я Президентхэу Путин Владимиррэ Эрдогъан Тайипрэ шыщхьэуIум и 17-м телефонкIэ зэпсэлъащ. Къэрал унафэщIхэм нэхъыщхьэу и гугъу ящIащ Ливием щыIэ щытыкIэм, Сирием терроризмэм щыпэщIэтыным зэдегугъуным, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум къыщыхъей къаугъэхэр зэтеуIэфIэжыным. Апхуэдэуи щхьэхуэу тепсэлъыхьащ Тыркум зыщызыгъэпсэху урысей туристхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэм.

Дунейм щыхъыбархэр

Вакцинэр къыщIагъэкIыу щIадзащ
 

Путин Владимир Правительствэм хэтхэм шыщхьэуIум и 11-м щахуэзам хэIущIыIу ищIащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм пэщIэтыфыну вакцинэ дунейм щыяпэу Урысейм хьэзыр зэрыщыхъуар икIи ар къагъэсэбэпыну хуит зэращIар. Урысей Федерацэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр арэзы техъуащ эпидемиологиемрэ микробиологиемкIэ лъэпкъ къэхутакIуэ институтым, Гамалея Николай и цIэр зезыхьэм, ИнвестицэхэмкIэ урысей фондыр щIыгъуу игъэхьэзыра вакцинэм.

Мэрем пшыхь

 

ЖыIэгъуэхэр
Лъагъуныгъэм и къарур

ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъыр ищIэр мащIэу къыщыхъужу сытым дежи еджэрщ.
* * *
 Зыгуэрым пэжу гу лъитащ: псори куэдрэ псэуну хуейщ, ауэ жьы хъуну зыри хуейкъым.

Дунейм щыхъыбархэр

Лукашенкэ Александр токIуэ

Тхьэмахуэ махуэ кIуам - шыщхьэуIум и 9-м - Белоруссием щекIуэкIащ президент хэхыныгъэхэр. Абы кърикIуахэр зэхэзылъхьэж ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм зэкIэ къызэритамкIэ, абы бжьыпэр щиIыгъщ къэралым и иджырей унафэщI Лукашенкэ Александр.

Дунейм щыхъыбархэр

Къэрал Думэмрэ ФедерацэмкIэ Советымрэ мылъкуу хуаутIыпщыр хуагъэмэщIэнущ

Урысейм ФинансхэмкIэ и министерствэм къыхилъхьащ Къэрал Думэмрэ ФедерацэмкIэ Советымрэ ятригъэкIуадэ мылъкур 2021 гъэми къыкIэлъыкIуэ 2022, 2023 илъэсхэми ягъэмэщIэну.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс